Тыркум щыIэ адыгэ къуажэхэр нэщI хъуами, я лъапсэр ямыщэну иужь итхэщ

Садие къуажэм и теплъэ. Тыркум Мерсин къалэ хеубыдэ.

Тыркум щыIэ адыгэ бэдаущ зэщIэхъееныгъэхэм къызэрабжымкIэ къэралым адыгэ къуажэу 300 исщ.  Къуажэ къэс щопсэу,  ику иту, унагъуэ 50-100 нэсыху.

ЛэжьапIэхэр  е нэгъуэщI IуэхущIапIэхэр куэду здэщыIэ тырку къалэхэм Iэпхъуэ адыгэхэм ягу пыкIкъым я хапIэхэр. ИкIи зэрахузэфIэкIкIэ зэрахъумэным пылъщ.

E XYIII-XIX-нэ лIэщIыгъуэхэм, урыс-адыгэ зауэжьым щыгъуэ, я адэжь хэкур, Ищхъэрэ Кавказыр,  къагъэнэн къахудэхуащ адыгэ минищэ бжыгъэ куэдым. Гъуэгум псэууэ къелахэм увыIэпIэ яхуэхъуар пасэрей Уэсмэн Пащтыхьыгъуэрат.  

Къапщтэу щытмэ иужьрей илъэс 30 лъандэрэ къэралым щекIуэкI системэхэм ипкъ иткIэ къуажэхэр къабгынэнэу къалэхэм Iэпхъуэн хуей хъуащ.

Сыт къэмыхъуами я къуажэхэр ягу пымыкIыу, зыхузэфIэкIым абдеж я щIапIэ, я лъапсэхэр ямыщэну, ар я бынхэм къыхуагъэнэжыну йолэжьхэр.

Дэ нобэ мис апхуэдэ зы адыгэ къуажэ фэдгъэцIыхунущ. Къуажэр Тыркум и ипщэ лъэныкъуэм Мерсин къалэм хиубыдэ Садие къуажэращ. Садие къуажэм щыщ Гъуэгунокъуэ Зия Хуитыныгъэ Радиом къедгъэпсэлъащ я къуажэм дыщигъэгъуазэну.

Гъуэгунокъуэ Зия. Тыркум Мерсин къалэ, Садие къуажэ.

Гъуэгунокъуэ Зия: Ди къуажэр Майкоп къалэм Блэшэпсынэ жыхуаIэ щIыгум къикIащ. Къаншыуейрэ Мэргъущейрэ жери къуажитI зэгухьэри I883 гъэм кхъухькIэ Йорданием яшэну къежьахэщ. ИтIанэ гъуэгу здытетхэм Йорданием нэмысу Тыркум и Мерсин къалэ и дежхэм я кхъухьыр къутэри а къалэм къыщрагъэкIащ. Мерсин къалэ кIуэцI дэсхэурэ илъэситIкIэ здэтIысыну щIыгу къалъыхъуащ. ИтIанэ Мерсин къалэ деж Торос жыхуаIэ бгым дэкIхэри иджыпсту здэщыс къуажэр яухуащ.

Хуитыныгъэ Радио: Фи къуажэм сыт хуэдиз унагъуэ дэс, цIыхухэр абдеж сыт хуэдэ лэжьыгъэ нэхъ зэрыпсэухэр, я IэщIагъэхэр сыт?

Гъуэгунокъуэ Зия: Ди къуажэр унагъуэ I20 мэхъур. Япэ зэманхэм Iэщ яхъумэт, жэм сыт яIэу ахэм я шэ ящэу сыту, псэуахэщ. Абы иужькIэ хадэ ягъэкIыу щIадзащ, мис апхуэдэхэм иропсэур, иджыхэм шэндыргъуей хадэ ящIахэщ зэрыкъуажэу ар ягъэкI. ЩIалэгъуалэри къалэхэм къэкIуауэ фабрикэ сытхэм щолажьэхэр, къуажэм дэсын ядэкъым нэхъыбэм. Еджахэри дэсщ ди къуажэм: егъэджакIуэ, дохутыр, инджинейр хуэдэхэри.

Хуитыныгъэ Радио: Зия, къуажэм дэIэпхъукIахэм къагъэзэжыну яхуей, е ящI япс ящэу къуажэр къабгынэпэну?

Гъуэгунокъуэ Зия:  Къуажэр къабгынауэ дэнэ Iэпхъуами я унэ, я щIыгухэр ящэкъым.

Хуитыныгъэ Радио: Зия, фи къуажэ сыт хуэдэ адыгэ унэцIэхэр щыIэ, ахэр къыджепIам арат, я благъэ къэзылъыхъуэжхэми къащхьэпэнут?

Гъуэгунокъуэ Зия:  Ди къуажэм адыгэ унэцIэ 20 хуэдиз дэсщ. Абрэдж, Абыдэ,  Дзэгъащтэ,  КIэрэф,  Гъуэгунокъуэ,  Шид,  Шэргэс,  Тыгъуж, Быдэнокъуэ,  Бырмамыт,  Думэн.  Сэри сы унагъуэщ, Зы щIалэцIыкIу диIэщ, ицIэр Инал Токъан. Ар хэкум къикIа ди адэшхуэми ицIэт. Ахэм яцIэхэр фIыдощ, дгъэпсэун щхьэкIэ. Иужьрей зэманхэм къэхъу сабийхэми апхуэдэ цIэхэращ нэхъ фIэтщхэр. Мерсин къалэ сыщопсэур. Фабрикэм сыщолажьэ.

Тыркум щыIэ нобэ зи щIалэгъуэхэм я хэкуу я лъапсэу къалъытэр мис а иджы къабгына я къуажэхэращ. Я хэку дыдэ Кавказым щыгъуазэу ар зэхэзыщIэр мащIэ дыдэщ, зыгъэзэжыну хуейхэм куэдри тегушхуэкъым я хэкужь, КавказымкIэ щымыпсэуфыну къащохъури.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие