«Адыгэхэр я Хэкужьым щыпсэууэ тлъагъунращ дэркIэ нэхъыщхьэр»

Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар. 2015 гъэ. Накъыгъэ. Черкесск

Тыркум и хэхэс адыгэхэр гупышхуэ хъууэ тхьэмахуэ кIуам я хэкужьым щыIахэщ. Накъыгъэм и 21-м Налшык щекIуэкIа лъэпкъым и щыгъуэм теухуа Iуэхугъуэхэм яхэтахэщ. Иужьым а гупыр щыIащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ, Адыгеймрэ. Хуитыныгъэ Радиор Черкесск деж епсэлъащ  ди а Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм ящыщ,  Тыркум КАФФЕД зи фIэщыгъэцIэ хасэм и тхьэмадэ  Хъэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар.

Хуитыныгъэ Радио: Адыгэм я щыгъуэщIыж махуэм фыхэтыну фыкъеблэгъащ хэкужьым, даурэ ар фи гум къэкIа? Нэрыбгэ дапщэ къэкIуар?

Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар: Ди лъэпкъэгъухэм дахэтурэ дыщыгъуэну унафэ къатщтэри дыкъэкIуащ. Нэрыбгищэм щIигъу дыкъэкIуащ. Адыгэр дэнэ щымыпсэуми ди бзэ, ди хабзэ зэрыщыдымгъэгъупщэным я ужь дитщ. Хамэ къэралым дыщыIэхукIэ сыт дымыщIэми ар тхузэфIэкIынукъым. Зы махуэ гуэрым адыгэр дызэхуэсыжауэ алыхьым дигъэлъагъу жыдоIэри, дызытелэжьыхьыр псори аращ.

Хуитыныгъэ Радио: Урысейм фыкъырамыгъыхьэу гъунапкъэм  куэдрэ  фыщытауэ зэхэсхащ. Пэж ар?

Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар: Пэж, дыщагъэтащ. Ауэ ар Iуэхукъым. Хэкужьым дыкъызэрихьэу ар ящыгъупщэжащ. Псори пщогъупщэж цIыхухэр, щIыналъэр зэрыплъагъуу.

Хуитыныгъэ Радио: Нобэ Тырку къэралым адыгэ дапщэ щыпсэур?

Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар: Хэкужьым дызэрикIыж лъандэрэ абазэмрэ адыгэмрэ дызэбгъэдэмыкIауэ дызэкъуэтщ. Хасэхэми дызэдолажьэ, благъэ дызэхуэхъуащ. Бжыгъэр фIыуэ гъэунэхуауэ щыткъым, ауэ щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, сыабазэщ, сыадыгэщ жызыIэр мелуан 5,5 –рэ хуэдиз мэхъу.

Хуитыныгъэ Радио: АтIэ, Тырку къэралыр даурэ къыхущыт адыгэхэм, сыт хуэдэ лъэкIыныгъэхэр яIэ?

Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар: Пэжу сысIэнщи, куэд дагъэшэчащ. АдыгэбзэкIэ упсалъэмэ уагъэтIысу щытащ. ЯгурыдгъаIуэурэ, дазауэурэ, дабэнурэ закъедгъэцIыхуауэ иджы къэралри къыддоIэпыкъу. Адыгэбзэр еджапIэхэм щедгъаджэу щIэддзащ, хасэм къырихьэжьэ программхэм къадоIэпыкъухэ. Мис иджы парламентыр хэтхынущи, 24 хуэдиз ди адыгэ щIалэу партхэм хэтхэщ. Ахэр дэ ди хасэхэм къыщыхъуауэ, ди проблемхэри яцIыхуу щытхэщ.   

Хуитыныгъэ Радио:  Адыгэм и геноцидыр Урысейм къищтэн щхьэкIэ сыт лъэпкъым ищIэн хуейр?

 Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар: Ар Iуэхушхуэщ икIи тIууэ гуэшауэ доплъыр дэ абы. Япэрейр, зауэм ди щхьэм къырикIуахэу псори зэкIуалIэр урысыращ. ИтIанэ ди хэкужьым дикIыу Тыркум дыкIуа нэужь цIыхур иракъухьри лъэпкъым и хабзэри и бзэры щыгъупщэжыным сэбэп хъуар Уэсмэныращ. Дызэдэуэршэрурэ, ягурыдгъаIуэурэ дадолажьэр. Зауэм зыри къихьынукъым, абы фIы къызэрыхэмыкIыр псоми фощIэ. Иджыпсту, пэжу жысIэнщи, Тыркум ис адыгэ лъэпкъым гъэщIэгъуэну зыкъиIэтауэ щытщ. Мис зы мазэкIэ кхъухьлъатэ дзэм и тхьэмадэу адыгэ щIалэ трагъэувэнущ.

Хуитыныгъэ Радио:   ИтIани Яшар, уэ лъэпкъкIэ Хьэгъудокъуэхэ уакъытехъукIа щхьэкIэ нэгъуэщI унэгъуэцIэ зыбохьэр. Сыт ар къызыхэкIар?

Хьэгъундокъуэ (Асланкая) Яшар:  Ди хэкужьым дыщырагъэкIам тырку унагъуэцIэхэр къытфIащауэ щытащ. Абы щыгъуэ Асланкая жаIэри Хьэгъундокъуэм къикIым ещхьыу къытфIащащ. Иджы мы Iуэхури нэхъ щабэ къэхъуащи куэдым хеящIэм зыхуагъазэурэ я адыгэ унэгъуэцIэхэр къащтэж. Сэри куэд мыщIу ар сщIэн си гугъэщ.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск