Къэбэрдей-Балъкъэрым, бадзэуэгъуэм и 23-м, операцэ хэхакIэ еджэу Налшык щекIуэкIа Iуэхум ипкъ иту фэтэр 14 зэтракъутащ. ПсэупIэхэр зейхэм ахъшэ иратыжынущ, ар жиIащ республикэм къызэрымыкIуэ къэхъукъащIэхэмкIэ и министерствэ лэжьакIуэм. Абы и псалъэхэмкIэ, ахъшэу сом 50.000 дэтхэнэ унагъуэрысми иратынущ.
Бадзэуэгъуэм и 23 жэщым, къару къулыкъухэм Налшык деж щIалэ гуп фэтэрым щIаубыдащ. Террор пэкъуащIэ гупжьейм къызэритамкIэ, абы щIэса нэрыбгихри яукIащ. ИужькIэ къатыжащ «ахэр «Ислъам Къэрал» зауэлI гупым япыщIауэ щыта хуэдэу.
ХэкIуэда щIалэхэм я Iыхьлыхэм журналистхэм зэрыжраIамкIэ, а пIалъэм ахэр телефонкIэ зэпсэлъати, къыжраIащ «Iэщи ямыIыгъыу, икIи затыну зыми къахуимыгъэувауэ, уеблэмэ зыщIэс фэтэр гъущIыбжэр Iуагъэвауэ».
«Кавказ узел» сайтым къызэритымкIэ, а унэм щыпсэу гуэрым хабзэхъумэ къулыкъухэм телефонкIэ яжриIащ «дзыхь зыхуимыщI» гуэрхэр а унэм и фэтэрым щIэсу. Абы иужь ирагъэжьащ операцэ хэхакIэ зэджэр.
Хуитыныгъэ Радио