Лъэпкъ музеим «Кавказ цIыхубзхэр» гъэлъэныгъуэр къызэIуахащ


Мазаем и I0 Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музеим гъэлъэныгъуэщIэ къызэIуахащ, «Кавказ цIыхубзхэр» зи цIэр. Ар лъэпкъ музеим зэгухьэныгъэ «Кавказ Дунейр» («Мир Кавказа») жыхуиIэм дэщIыгъуу зрагъэпэщащ.

«Кавказ цIыхубзхэр» жыхуиIэ гъэлъэгъуэныгъэр Мэзку тIэу къыщыгъэлъэгъуащ – 2004, 2006 гъэхэм, Ростов къалэ 2004гъэм, Владикавказ – 20I5 гъэм, Махачкала къалэ – 20I6 гъэм. Гъэлъэгъуэныгъэр зыгъэхьэзырахэм я къалэн нэхъыщхьэр кавказ цIыхубзым и щытыкIэр, и щIысыр цIыху нэхъыбэм кърагъэщIэнырщ – цIыхубзым и мыхьэнэр, абы къалэн игъэзэщIахэм я мыхьэнэр зэрыинар нэхъ къыгурагъэIуэнырщ, кавказ тхыдэмрэ культурэмрэ я зэхуэмыдагъыр, я куэдагъыр наIуэ ящIынырщ. Гъэлъэгъуэныгъэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом экскурсионно-массовэ отделым и унафэщI Къантемыр Ларисэ зыхуигъэзащ:

- Гъэлъэгъуэныгъэм купщIэ хуэхъуар кавказ цIыхубзхэм я щытыкIэмрэ я увыпIэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр зэзыгъэпэщахэм мураду яIар мы нобэрей дуней къэхъукъащIэхэм лъэпкъхэм я къабзагъэр дахагъэр ягъэлъэгъуэну. Мыр къыщызэIутхым цIыху куэд кърихьэлIауэ щытащ, министр культурым и къуэдзэ Карчаева Аминэ къэкIуащ. Нэхъыбэр щIалэгъуалэт, ар гуапэщ. Сурэтхэм укIэлъыплъмэ хьэлэмэт куэд хэтщ. Япэрауэ, сыт хуэдэ кавказ лъэпкъми я цIыхубзхэр къыщыгъэлъэгъуащ. ЩыгъынымкIэ я IэщIагъэ, щIэныгъэри къуегъащIэ. Сурэт тезыхахэми цIыху гъэщIэгъуэн куэд яхэтщ.


Сурэтыжь хъумахэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Ар тхыдэм и Iыхьэщ, хабзэ къызыхэщыжщ. Сырэтхэм и нэхъыбэр зыщIар Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI цIыхухэщ. Выставкэм Карл Карлович Булла, Дмитрий Иванович Ермаков, Дмитрий Алексеевич Никитин, Григорий Иванович Раев, Жан Х. Рауль я лэжьыгъэхэр хэлъщ. Абыхэм нэмыщI Урысей зауэ сурэттехышхуэ Г. Барканов; географ, ботаник Н. А.Буш (I869–I94I) я лэжьыгъэхэр хэтщ. Н. А.Буш Кавказым куэдрэ щыIэгъащ, цIыхум я псэукIэм, я гъащIэм, я хабзэм тетхыхьащ. Статистик, этнограф Н. К. Зейдлиц (I83I–I907) и лэжьыгъэхэр - «Сборник сведений о Кавказе» жыхуиIэм и редактор нэхъыщхьэу щытам (I87I–I885 гг.); этнограф, фольклорист А. К. Сержпутовскэм (I864–I940); къэралым и сурэттех нэхъыщхьэу щыта, Урысей географическэ зэгухьэныгъэм хыхьэ А. К. Энгель; Владикавказ и япэ дыдэ сурэттеххэм яхэта А. Джанаев-Хетагуров, М. Ашенбренен, Т. Гнуни, Ф. Ордэн, Райнов, нэгъуэщIхэми.


Живопись, графикэ сурэтхэм князь Григорий Григорьевич Гагарин, Макс Тильке я лэжьыгъэхэр, М.С. Туганов, Д.С. Федоров, Ф.М. Черноусенко, В.С. Шлипнев, А.Г. Хохов, Х.Б. Ахриев я лэжьыгъэхэри яхэлъщ.

Лэжьыгъэхэр музей зыбжанэм щызэхуахьэсащ: Петр Великэм ицIэкIэ щыIэ музеим, Урысей этнографическэ музеим, Урысей географическэ зэгухьэныгъэм, Урысей лъэпкъ библиотекэм.

2008 гъэм сурэт гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэхэр тхылъу къыдагъэкIащ «Женщины Кавказа в фотографиях, живописи, скульптуре, графике» жыхуиIэр.

Гъэлъэгъуэныгъэр Гъатхэпэ мазэм и 4 нэс екIуэкIынущ.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан