Налшык операцэ хэхам щаукIахэр "Ислам къэралыгъуэм" пыщIау щытащ - жаIэр хабзэхъумэхэм


Махуэкум пщэджьыжьым щегъэжьауэ жэщ хъухукIэ Налшык къалэм и Iыхьэ гуэрым деж террорым ебэнын щытыкIэ щыIащ, операцэ хэха ирагъэкIуэкIыу. Абы ипкъ иту цIыхуих яукIащ, IэщэкIэ зыщIэузэда хабзэншэ гупхэм хэту хуагъэфащэу. Абыхэм щыщу нэгъуэщ мыхъуми зыр федерал лъыхъуэныгъэм илъащ, прокуратурэ лэжьакIуэ иукIауэ ягъэкъуаншэу.

"Коммерсант" хъыбарыбэ Iэмалым зэритхымкIэ, Федерал Шынагъуэншагъэ Къулыкъум хъыбар къаIэрыхьат, къатибгъу хъу унэу мэжджытым игъунэгъуу щыт гуэрым IэщэкIэ зыщIэузэда хабзэншэ гупхэр щIэсу. Пщэджьыжь нэмэзым къэру къулыкъу лэжьакIуэхэм а унэр къаухъуреихьащ, адрей цIыху абы щIэсхэр, 200 хуэдиз хъууэ, унэм къыщIашащ. Фэтэр къаухъуреихьам щIэсхэм Iэщэ ягъэтIылъу къыщIэкIыну Iэмал иратат, ауэ ахэр IэщэкIэ къыщIэукIыу щIадзащ. "Коммерсантым" зэритхымкIэ, зы зэман гуэр дэкIа нэужь абы щIэса нэрыбгитIыр къыщIэжыну хуежьащ, лэгъымхэр къэру къулыкъу лэжьакIуэхэм жыхадзэурэ, ауэ ахэр псынщIэу яукIащ. Адрей унэм къыщIэнахэр иджыри къыщIэукIыурэ зыкъомрэ къекIуэкIащ. Иужь дыдэу унэм къыщыщIэукIар махуэм сыхьэтитIым дежщ.

ЯукIахэм яхэтащ Абашев Султан, Налшык щыщу. Ар муслъымэныцIэ Сефулла ицIэу IэщэкIэ зыщIэузэда хабзэншэ гупхэм хэтащ, икIи илъэстI хъуауэ федерал лъыхъуэныгъэм щыIэт. Ар махуипщI ипэкIэ Налшык щаукIа нэрыбгэ, прокуратурэм и шынагъуэншагъэ къулыкъум щылажьэу щытар зыукIахэм щыщ зыуэ къалъытэрт.

Мы операцэ хэхам аргуэру псалъэмакъхэр къигъэунэхужащ, террор Iуэхугъуэхэм къыщIидзэжу.  Зы пIалъэ гуэркIэ цIыху укIхэри, террактхэри, операцэ хэхахэри щымыIэу къекIуэкIати, жаIэт "Имарат Кавказым" и кIэухыр къэсауэ, икIи мамырыгъэм къигъэзэжауэ. Ауэ иужьырей зэманхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар зы пIалъэ гуэркIэ ужьыхауэ арат, икIи иджы псоми щIэрыщIэу къыщIедзэж. ИпэкIэ "Стартегие" къэхутакIуэ купсэм и тхьэмадэу щыта, экстремизм идеологиехэр щIэзыджыкIыу лэжьа Бещто Аслъэн зэрыжиIэмкIэ, идеологие ущебэным, къэру IэмалкIэ зыфIэкIкъым, икIи езы гупсысэкIэм зыгуэр ещIэн хуейщ:

"Мы Налшык къалэ къыщекIуэкIа зэрызехьэшхуэм и купщIэ ухэплъэу щытым, гупсысэ зэмылIэужьыгъуэ зыкъом уигу къохьэр. Япэхэми жаIэу щытащ: мис зытыраукIащ, ужьыхыжащ, - жаIэу. Ауэ ипэкIэ зэрыжытIащи, мыр ужьыхынкIэ Iэмал иIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэм, мис мыпхуэдэ террорым и лъабжьэ щIэлъ гупсысэм зыри елэжькъым, абы зыри иращIэфкъым.

Ди гупыр япэм зэлэжьау щыта Iуэхум къигъэлъэгъуащ щыпкъэу: япэдыдэрауэ, къэралыр зэзауэр муслъымэныр аракъым, ар мыхъуу халифат къэралыгъуэ зыфIэзыгъэувэну хуейхэр аращ. Муслъымэн диным и къудамэу салафит жыхуаIэу иджы утыку къихьа щIалэгъуалэм я къэлэн нэхъыщхьэу ягъув дэтхэнэ зы муслъымэными а халифатыр зыфIигъэувэн хуейуэ. Аращи, къэралым муслъымэн диным зыри димыгъуэ пэтми, езы халифатыр зыфIэзыгъувэну хуейхэр зытриукIэу щIедзэр. Къэралым езым зыкъехъумэж.

Мыр дунейм и дин зауэм и джэрпэджэжу жыпIэ хъунущ. Мы дунеишхуэр иджыпсту мо халифат къэунэхуам езауэу, къэралышхуэхэми езыхэм ейхэр гупкIэ ирагъэтIысхьэу къагъэсэбэпыну, ягъэпсэуалъэну яужь итщ. ИкIэм икIэжым Налшыкым къэс джэрпэджэж мащIэхэм дэ ди щIалэгъуалэр хокIуадэр. Мис аращ мыбы щыпкъэм тету къекIуэкIыр".

Операцэ хэха иджы Налшык щекIуэкIам нэрыбгих щаукIащ, хабзэншэ гупхэм хэтауэ хуагъэфащэу. Абыхэм яцIэхэр зыхэгъэкIакIуэхэм утыку къыралъхьащ: Абашев Султан, Доткъул Марат, Казбергиев Амир, Богъуэт Мурат, Богъуэт Аслъэн. Абыхэм нэмыщI фэтэр ахэр зыщIэсар зызейри яукIащ. Унэ ахэр зыщIэсам Iэщэ куэд къыщагъуэтащ, лэгъым щащI лабораторие щыIащ. Къэрал антитеррор комитетым  зэрыщыжаIамкIэ, абы щIэсахэм ягъэхьэзырт террактхэр къагъэхъуну иджыблагъэ. Мы Iуэхугъуэм щхьэкIэ щIэпхъэджагъэ Iуэху яублащ сатырищкIэ - къэру къулыкъу лэжьакIуэхэр яукIыну зэрыхэтам щхьэкIэ, хуитыныгъэ ямыIэу Iэщэрэ лэгъымхэмрэ зэрызырахьам щхьэкIэ.

Къэру къулыкъухэм ящыщу зыми лей ятехуакъым.

"Кавказ узел" хъыбарыбэ Iэмалым зэритхымкIэ, яукIахэр "Ислам къэралыгъуэ" жыхуаIэу Сириемрэ Иракымрэ деж къыщыунэхуам япыщIау щытащ. Лэгъым абыхэм ягъэхьэзырхэр зэращI щIыкIэр ещхьщ "Ислам къэралыгъуэм" щыщхэм зэращIым. А гупыр хабзэншэу къыщалъытэр Урысейми, Америкэ Штат Зыкъуэтхэми, Тыркуми, нэгъуэщI къэрал зыбжанэми.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъ ипэIуэкIэ Хуитыныгъэ радиом къитащ RAMCOM эксперт купсэм и тхьэмадэ Соколов Денис и интервью. Абыи жиIау щытащ иджыпсту ужьыхыжауэ жыхуаIэ щытыкIэр къызыщIэхъеежынущ, IэщэкIэ зыщIэузэда хабзэншэ гупхэр щыIэным зи хьэлэмэт хэлъхэр куэд мэхъури, - жиIэу. Соколовым къызэрилъытэмкIэ, "Имарат Кавказымрэ" "Ислам къэралыгъуэмрэ" зэрызыщхьэщыкI нэщэнэ нэхъыщхьэу щытыныр "Ислам къэралыгъуэм" и телъхьэхэр Кавказ гъунапкъэм итын хуейуэ зэрыщымытыр аращ. Халифат зыухуэ гупхэм я къэлэн нэхъыщхьэщ дунейпсор Ислам диным тырагъыхьэну, икIи "Ислам къэралыгъуэм" и террактхэр дунейм дэнэ щIыпIэкIи къыщыхъуфыну къелъытэр экспертым.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур