Къэрэшей-Шэрджэсым и коммунистхэм нобэ Черкесск деж пикет щырагъэкIуэкIащ. АбыкIэ ягъэлъэгъуащ экономикэм ехьэлIауэ къэралым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэмкIэ зэрымыаразыхэр.
Урысей властым къэралым щыригъэкIуэкI политикэр хэкIыпIэншэу къэзылъытэ коммунист партым яхэт нэрыбгэ I5 хуэдиз Черкесск и купсэм щызэхуэсри къыхуеджэныгъэ кIэщIхэр зэрыт плакатхэр яIыгъыу зэман гуэркIэ зэхэтахэщ. Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ Урысей коммунистхэм я Къэрэшей-Шэрджэс къудамэм я пашэ Ласков Сергей.
Ласков Сергей: Дэ нобэ дызыхуейр ди къэралым и экономикэр зэрыхэкIуэдэжым гу лъадгъэтэныращ. КъызэрысщыхъумкIэ псоми я Iэр ирадзыхауэ зыри ящIэкъым. Ар зи лажьэр нобэ тет къэрал Iуэхузехьэхэращ. Дахэу мэпсалъэхэр, ауэ зыри яхузэфIэкIкъым, щIэныгъэншэхэщ. Сыт цIыху гуащIэдэкIыр зыщыгугъынур Сечин хуэдэхэм илъэсым миллиард ныкъуэ улахуэу къыщалэжькIэ? ЩIыдагъэ ящэм къыщIэкIым и нэхъыбэр къэрал экономикэм мыкIуэу унафэщIхэм я жыпым щихьэкIэ, даурэ къэрал дызэрыхъунур.
Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ пэкIум яхэта егъэджакIуэ Дыгъужь Лерэ.
Дыгъужь Лерэ: ЦIыхум нобэ ди пщэм къыдалъхьар хьэлъэ Iей хъуащи, къэралым и унафэмрэ дэ ди псэукIэмрэ зэтехуа хъукъыми аращ мыпхуэдэурэ дыщIызэхуэзэр. Къапщтэмэ, пщэдджыжьым тучанхэм уасэхэр зыщ, пщыхьэщхьэм ущIэхьамэ хагъэхъуащ, доллэрым елъытащ жаIэри зыми убгъэдэмыхьэжыфу хъуащ. Властым зэримыгъэзэхуар, абы имыгъэува уасэр цIыху зыщэм езыр- езыру ищIэжыфынукъым ахэр. А псори къэралым и нэIэ щIигъэтын хуейщ. Бейр куэд хъуащ, тхьэмыщкIэри нэхъыбэжщи властым дыщыгугъыну ди Iуэхур тетыжкъым.
Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск