КъБР унафэщIым адыгэхэр зыщыпсэу къэралхэм ядэлажьэн хуейуэ жиIащ


КъБР-м и унафэщI КIуэкIуэ Юрэ къызэрилъытэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ Республикэм  экономикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэпыщIар икъукIэ мащIэщ.

ИкIи ар нэхъ щIэгъэхуабжьэн хуейщ. Абы къыщынэмащIа мы унафэщIым къызэригъэлъэгъуамкIэ а республикищыр ядэлажьэн хуейщ нэгъуэщI хамэ къэрал адыгэ куэду здэщыпсэухэм.

Апхуэдэ къэралхэу щытщ псалъэм папщIэ Тырку, Иордание, Сирие, Израил къэралыгъуэхэр. «Псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэныкъуэу щытын хуейщ ди республикищыр адыгэ куэду здэщыпсэу къэралхэм экономикэ я лъэныкъуэкIэ япыщIэныр. Нобэ махуэмкIэ ар икъукIэ мащIэу зэман зэманкIэрэ зэпыурэ щытщ» - жиIащ щэбэтым щыгъуэ ДАХ-м и зэхыхъэ Налщыч къалэ щекIуэкIам КIуэкIуэ Юрэ къыщыпсэлъам щыгъуэ.

Абы нэхъ IупщIэу къыхигъэщащ КъБР, КъШР, АР- хэм я унафэщIхэр сыт и лъэныкъуэкIи бизнесымрэ мылъку хэлъхьэнымрэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну.

АрщхьэкIэ а упщIэм теухуауэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэми адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми нэгъуэщI еплъыкIэхэр яIэщ. ИкIи ахэм я нэхъыбэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ мыпхуэдэ псалъэмакъхэр Урысейм и къулыкъущIэхэмрэ адыгэ республикэхэм я унафэщIхэмрэ илъэс куэд хъуауэ къырагъэкIуэкI мыхъумэ зы Iуэху иджыри къэсыхункIэ дахэ дахэу зэфIагъэкIакъымэ.

 Абы къыхэкIкIэ уеблэмэ ДАХ-рикI мы иужь илъэс 15-м Урысейм и къэрал къару къулыкъухэм зыIэщIалъхьэжауэ, абы я унафэм щIагъэувауэ къалъытэхэр. ИкIи  мыбы теухуауэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Емыкъуж Аслъэн Хуитыныгъэ Радиом къыжриIар мыращ:

«Дахэу жаIэр ауэ зыри къимыкI абыхэм. ЖиIэнууэ хуитыр жаIэу аращ, адэкIэ зыри жаIэнукъым, икIий зыри ящIэнукъым. А псалъэхэр 1991 гъэ лъандэрэ КIуэкIуэ Валери жиIэу щытащ. Ауэ жаIэу фIэкIа зыри кIуэтауэ сщIэркъым. Уей хуэяуэ щытатэмэ илъэс 25-м и зэхуакум зыгуэр ящIэфын хуеям. Дэ дымыщIыжыу щытмэ зыми зыри имыщIыну».
Фигу къэдгъэкIыжынщи,  ДАХ-р къызэрыхъурэ илъэс15--м нэсащ. ИкIи абы илъэсищ къэсыхункIэ зэхуэсышхуэ ящIыурэ ТхьэмадэщIэ хахыр.
АрщхьэкIэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдым уеблэмэ езы ДАХ-м щыщ нэрыбгэ щхьэхуэхэми къызэрагъэлъагъуэмкIэ, мы жылагъуэ зэгухьэныгъэр къэрал щхьэхуэхэм я къару къулыкъухэм я лъабжьэ щIагъэувауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ дахэ дахэу лъэпкъым хуэлажьэу щытыфкъым.

Псалъэм папщIэ,  абы щыхьэт техъуэу щытщ ДАХ-м мы епщIанэ зэхыхьэм ипэ къихуэу абы и лажьэкIэмкIэ мыарэзыуэ, Сэхъурокъуэ Хьэути абы и унафэщIыу хахыжыным пэщIэтын хуейуэ къыжызыIа АР-м щыIэ адыгэ хасэм и тхьэмадэ Богъус Iэдэм зэIущIэр къыщызэIуах махуэм ирихьэлIэу Урысейм и къару къулыкъухэм абы хамыгъэтын щхьэкIэ зэрыраджар.

Иджыпсту дунейм адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдхэр къыщоунэхур. ИкIи ахэм ядэркъымэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ псорикIи ипэ зэманхэм къызэщIэзыубыдэу щыта ДАХ-м хыхьэн.

 Къэбрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал