Къэбэрдей-Бэлъкъэрым игу къегъэкIыж илъэсипщI ипэкIэ къэхъуа теуэныгъэр. Муслъымэн щIалэгъуалэм, мыарэзыныгъэ къагъэлъагъуэу Iэщэ къащтэри къэралым и къэру къулыкъухэм ятеуау щытащ 2005 гъэм Жэпуэгъуэм и I3-м. Ахэр теуащ къэрал къулыкъуу I8-м, абы полицэ екIуэлIапIэхэр, Федерал шынагъуэншагъэ къулыкъур, тезырыр гъэзэщIэн къулыкъур, нэгъуэщIхэри хэту. Официал бжыгъэкIэ яукIау щытахэр мэхъу I5 арыхэ цIыхуу, 35 къэру къулыкъу лэжьакIуэу. УIэгъэ зытехуахэр мэхъу къэру къулыкъу лэжьакIуэу I3I, арыхэ цIыхуу 92. Теуэныгъэр къэзыгъэхъуахэм щыщу цIыху 92 яукIащ. А теуэныгъэм хэтауэ ягъэкъуаншэу куэдым я хьэкум ящIащ, куэдыми я Iуэхур иджыри йокIуэкI. Нэгъабэ Дыгъэгъазэм и 23-м цIыхуитхур егъащIэкIэ хьэпсым исыну тезыр тыралъхьащ, щыр яутIыпщыжащ, зыхэгъэкIыныгъэр екIуэкIыхукIэ зэрисар ирикъуау къалъытэри, адрейхэм тезыру илъэс 9-м щегъэжьауэ илъэс 23-м нэс тыралъхьащ.
А теуэныгъэр къыщIэхъуам и щхьэусыгъуэхэм топсэлъыхь иджыри къыздэсым, икIи иджыпсту а щхьэусыгъуэу щыIэжхэм йогупсыс. Псалъэм папщIэ, "Адыгэ Хэкужь" жылагъуэ зыгухьэныгъэм и тхьэмадэ Мурзэкъан Абубэчыр жиIэр мыращ:
"ЩIалэ гупыр уэрамым къыщыдыхьам щыгъуэ 2005 гъэм, абы къахуихьынри, къагурымыIуэу, джэгум ещхьу къыдыхьахэщ. Лэжьыгъэншэхэт, цIыхум ящIэныр ягъуэттыкъэм. ЦIыхум я Iуэхур щхьэхуит ящIри, къыжь дакъуэжыну яужь ихьащ къэралыр. Езыхэм сытри ящIэ хъууэ, мыдрей цIыхухэм зыри ящIэ мыхъуу апхуэдэ Iуэхугъуэ къежьащ. Абы къыщынэмыщIауэ, мыбы щхьэусыгъуэфIдыдэхэр игъуэтри щIыбагъым къикIа Iуэхугъуэщ. Мыбы дэ ди гупсысэм, ди дуней тетыкIэм къемызэгъ гуэрхэр халъхьэжри цIыхухэри хэкIуэдащ, лъэпкъыри тIууэ ирищIыкIащ. Мыр гуауэшхуэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэм, абы ипэжкIэ къыщедгъэжьэнщи, цIыху минищым нэс хуэм хуэмурэ хэкIуэдащ. Е хьэкум тыращIыхькъым, е хеягъэ Iуэху зырахуэкъым. Ди щIэблэр яукIыу аращ. Хьукумэтым Iуэху хуэзылэжьри, мыдэкIэ дин жызыIэхэри - тIури дэ ди лъэпкъщ. Псори тIысу зыгурыIуэжын хуейщ, зыхыхьэжын хуейщ. Ауэ ар псори зилажьэжыр тетхэр аращ, сыт щхьэкIэ жыпIэм, псори зыралъэфэлIэжащ. ЦIыхухэм лэжьыгъэ яIэкъым. Къэбэрдейм яукIам нэмыщIкIэ, къырахуэкIым нэмыщIыжкIэ адэкIэ-мыткIэ хамэкъэрал кIуар зыуэ, УрысеймкIэ кIуар тIууэ, апхуэдэу щIалэгъуалэр зэрыщыту зыбгырыкIащ. Къэбэрдейм лэжьапIэ здамыгъуэтым я щхьэр къырахьэкIри иджыпсту итщ".
ХьэрчэтыщIэ Мэремыкъуэ Валерэ тогузэвыхь адэкIэ Iуэхухэм зэрызиужьыным, "Ислам къэралыгъуэ" къызэрыунэхуам щхьэкIэ, икIи абы Кавказым щыщхэр зэрыхэтым щхьэкIэ.
"А Iуэхур, къапщтэм, Шэшэнымрэ Хьэрыпымрэ къикIа Iуэхущ. Мы Къэбэрдейр ар къызэрыхъурэ зыкIи нэхъыфI хъуакъым. Мы илъэсипщIым къыриубыдэу цIыху дапщэ хэкIуэда! Ди лъэпкъым дэпхуэдиз зэрыукIыжар! Сэ сызэреплъымкIэ, ар пэжкъым. Дин Iуэхумрэ, абы ялэжьа Iуэхумрэ зыкIи зытехуэкъым. ЛъэпкъукIыж къыхэкIауэ аращ абы. ФIы къыхэкIакъым. Зэгъунэгъухэр зэбийуэ, зыкIэлъымыкIуэжу къигъэнащ а Iуэхум.
ДинкIэ хуитыныгъэ абы ямыIауэ щыткъым, сыт щхьэкIэ жыпIэм, мес Налшык къалэ мэжджытыщIэ хуащIащ. Iэщэ къэзыщтэу зауэмрэ, Iэщэ къэзымыщтэмрэ зыщхьэщокI. "Сэ хуитыныгъэ сыхуейщ", - жыпIэрэ, Iэщэ къапщтэу уи лъэпкъэгъу быукIыжыныр - ар хуитыныгъэкъым. Ар цIыхуукIыу аращ. Нэмэз зэращIым щхьэкIэ цIыху къырахуэкIакъым. ЦIыху къыщIырахуэкIар Iэщэ Iуэху къызэрыхъеиныр ящIэу, мис а къагъауэ-нагъауэхэм хуэдэ Iуэху зырахуэти аращ. Хуитыныгъэм щIэбэныр апхуэдэукъым зэрыщIэбэныр. Сэ сщIэкъым мыбы нэмэз зэращIым щхьэкIэ цIыху щаукIауэ. Езыхэм ялэжьам теухуауэ, къэралым зэрыпэщIэувам теухуауэ абы къыхэкIауэ аращ. Уеплъмэ, а "Ислам къэралыгъуэ" жыхуаIэм Кавказым щыщу кIуахэм, сыт абыхэм къытхуахьыныр, къэкIуэжым? ФIы къытхуахьынукъым зыри".
Махуэку кIуам Къэбэрдей-Бэлъкъэр къэрал университетым деж конференцие щекIуэкIащ мы махуэм теухуауэ. Абдежым къыщагъэлъэгъуащ кинофильмитI. Зым къигъэлъэгъуащ дин радикалым щIалэгъуалэр зэрызыхашэ Iэмалхэр. ЕтIуанэм къигъэлъэгъуащ адыгэ гупу Сирием щыIэр, "Ислам къэралыгъуэ" жыхуаIэм езауэр. А зэIущIэм деж къыщыпсэлъащ жылагъуэ IуэхущIакIуэхэр, политикхэр, щIэныгъэлIхэр. ЗэIущIэм къэлэн нэхъыщхьэу зыхуигъувыжатэр щIалэгъуалэр къыхураджэну арат, зыкъырамыгъэпцIэну, дин еплъыкIэ нэпцIхэм я телъхьэ мыхъун папщIэ.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур