Столтенберг: Альянсым и дзэхэр Тыркум игъэкIуэну хьэзырщ


Ищхъэрэ-Атлантикэ Альянсым и секретарь нэхъыщхьэ Столтенберг Йенс нобэ къыщыпсэлъащ альянсым хэт къэралхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ я министрхэм Брюссель щрагъэкIуэкIа зэIущIэм. 

Абы жиIащ Урысейм Сирием щищIэ зауэ Iуэхухэр гузавэгъуэу щIэхуабжьэу.

Столтенберг зэрыжиIамкIэ, Сирием щызэхаша урысей дзэ кампаниемрэ Тыркум и хьэуа къэухьхэр урысей дзэ кхъухьлъатэхэм зэрызэпаупщIымрэ япкъ иту альянсым и дзэхэр альянсым хыхьэ Тыркум игъэкIуэну хьэзырщ.

Абы адэкIэ къызэрыхигъэщамкIэ, Ищхъэрэ-Атлантикэ Альянсым тегъэчыныхьауэ зэхигъэкIынущ иужьрей къэхъугъэхэмрэ ахэм къапэкIуахэмрэ альянсым и шынагъуэншагъэм къызэрытещынум. 

Урысейм хьэуа удынхэр Сирием деж ихын щIидзащ фокIадэм и 30-м. 

Абы зэгуигъэпащ Анкъарарэ Штат Зэгуэтхэр я пашэу «Ислъам Къэрал» зауэлI гупым Сириемрэ Иракымрэ деж бэнэныгъэ ядезгъкэIуэкI коалицэм хэт къухьэпIэ къэрал зыбжанэрэ. 

Махуихым и кIуэцIкIэ урысей дзэ  кхъухьлъатэхэм Тыркум и хьэуа къэухьыр и нэхъ мащIэрамэ тIорэ якъутащ. Апхуэдэ къабзэу я Iэщэхэр тырку кхъухьлъатэхэм трагъэпсыхьащ. 

Урысейм бэрэжьейм щIигъэхуэбжьащ Сирием деж их удыныр, Каспий тенджызым тет урысей кхъухьхэм яутIыпща хьэрэкIытIэхэр, Иранымрэ Иракымрэ ящхьэдэхри Сирием къыщыуащ.

Хуитыныгъэ Радио