2015 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 7-м "Си анэбзэ, си адыгэбзэ" зи фIэщыгъэ Тхыгъэ Зэпеуэр Адыгэбзэ Хасэм Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ Библиотекэм щригъэкIуэкIащ. ЦIыху щитI нэблагъэ къекIуэлIат зэхьэзэхуэм. Тхыгъэ Зэпеуэм къигъэуват дэтхэнэ зы еджакIуэми и пащхьэ къралъхьэ псалъэжь гупым щыщу нэхъыфIу къыгурыIуэ, нэхъ зыхищIыкIыу къыщыхъу зы жыIэгъуэр къыхихыу и Iуэху еплъыкIэр, и дуней лъэгъукIэр къызыхэщ тхыгъэ игъэхьэзырын хуейуэ.
Пэжыр жыпIэмэ, тхыгъэ гъэщIэгъуэн дыдэхэр къыхэкIащ. Абы зэ щхьэкIэ дригъэгупсысат: ярэби, Iэмал яIатэмэ, ди сабийхэм дунейр къызэпрагъэзэнт, жытIэри. Ди еджакIуэхэр набдзэгубдзаплъэщ, я акъылыр бзыгъэщ, щIэщыгъуэщIхэщ. Тхыгъэ нэхъыфIу къыхэкIахэм уащыхэплъэжкIэ, къыщаIэта Iуэхугъуэм гупсысэу пкъралъхьэм зэригъэпIейтейр, зэрыригумэщIыр къэзыгъэлъэгъуэф ныбжьыщIэхэр диIэщ. Ди мащIэкъым, жытIэнщ. Хэкум, ущалъхуа жылэм, адэ-анэм фIылъагъуныгъэ яхуиIэныр – нэхъыбэм цIыхугъэм и пщалъэу ягъэуващ. «Гур зыIэжьэ хьэтыр щымыIэмэ, псори пщIэншэщ», – жери етх зым. Нэхъыбэ пщIэну ухуейуэ уащI апхуэдэ псалъэхэм…
Тхыгъэ нэхъыфIыIуэу къилъытэри КъэпщытакIуэ Гупми Адыгэбзэ Хасэми лэжьыгъэ зыбжанэ къыхихащ. Дэри ди гуапэу а къыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэм я цIэ-унэгъуэцIэр къитIуэну дыхуейт.
9-нэ классыр:
Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Амирокъуэ Ибрахьим и цIэр зрихьэу Куэшхьэблэ дэт гимназием щеджэ Жантемыр Даринэ Азэмэт ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Булжат Люсэ Владимир ипхъурщ.
ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Хьэгъундыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ АбытIэ Айдар Мурат и къуэм. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Иуан Маринэ ФуIэд ипхъурщ.
ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Дыгъужьыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Къардэн Беллэ Беслъэн ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Тату Маринэ Къалэмбий ипхъурщ.
Ещанэ увыпIэр къылъысащ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм щеджэ Къуэдзокъуэ Регинэ Владимир ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр АбытIэ Сэтэней Хьэсан ипхъурщ.
10-нэ классыр:
Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Болэтей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Балъкъэр Каринэ Хьэмзэт ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Щамырзэ Казетэ Артаг ипхъурщ.
ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Къамылыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ Къанкъул Маринэ Хьэсен ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр КIампIу Iэсият СулътIан ипхъурщ.
ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Тохъутэмыщей къуажэм дэт курыт еджапIэм щеджэ КIэбышэ Джульянэ Мухьэмэд ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Тхьэзэплъыж Мэрят Мухьэмэд ипхъурщ.
Ещанэ увыпIэр къылъысащ Абейкъуажэ дэт курыт еджапIэм щеджэ Джэду Бэллэ Виталий ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Хьэгъур Светланэ Астемыр ипхъурщ.
11-нэ классыр:
Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Къармэхьэблэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щеджэ Гугъуэт Оксанэ Тимур ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Гъурыжь Заремэ Шафихь ипхъурщ.
ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ Дэбагъуэ Барэсбий и цIэр зрихьэу Шэджэм-Къундетейм дэт 1-нэ курыт еджапIэм щеджэ Дудар Миланэ Хъусен ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр Къэрмэ Мадинэ Адэлбий ипхъурщ.
Ещанэ увыпIэр къылъысащ ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дэт 4-нэ курыт еджапIэм щеджэ Шурдым Ланэ Хьисэ ипхъум. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэр АбытIэ Сэтэней Хьэсан ипхъурщ.
Тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэр зи IэдакъэщIэкI еджакIуэхэм щытхъу тхылърэ тыгъэкIэ Адыгэбзэ Хасэр яхуэупсэнущ. Абы щыфIэкIауэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ стипендиер япэ увыпIэр къэзыхьыну 11-нэ классым хэс еджакIуэм хуигъэфэщэнущ. Стипендиер гъэ еджэгъуэр икIыхункIэ еджакIуэм мазэ къэс иратынущ.
Адыгэбзэ Хасэм и гугъэщ зэхьэзэхуэм къыхэкIа лэжьыгъэхэр, зытхахэм я цIэ-унэцIэр хэмыгъуащэу тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIынуи.
Тхьэм фригъэфIакIуэ!