Тыгъэгъазэ - дыгъэгъазэм и 22-р адыгэхэм ямэфэкӀ маф

Дыгъэгъазэ - адыгэхэм я япэрей махуэщӀхэм ящыщ, дыгъэгъазэм и 22 махуэм. МахуэщӀым и цӀэми хуэдэм зытеухуар дыгъэгъазэращ, жэщыр нэхъ щӀыхь дыдэу илъэсым щекӀуэкӀыр.

Дыгъэгъазэм и 22-м бжыхьэщхьэм унэ пщӀантӀэм деж Хьэмкъутей баш (къудамибл пытыу) ягъэдахэр. Къудамэ къэс шэхукӀэ щӀа уэдыгъэхэр фӀагъэтысхьэт, башым и щхьэм кхъуей плъыжыр фӀалъхьэт. Хьэблу е къуажэу махуэщӀыр ирахтэмэ Хьэмкъутей башым и хъуреягъым пхъакъуибл хаӀут.

Уэздыгъэ башым фӀэтхэр щӀэзгъанэн хуейр бзылъхугъэ нэхъ щӀалу унэм исыращ, абыжми бзылъхугъэм и напэр сыт щыгъуи къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзауэ щытын хуейщ. Бзылъхугъэ дэкӀуагъакӀэ унагъуэм имысмэ -- пщащэ нэхъыщӀэ, махуэщӀыр хулъхугъэ закъуэхэм ирагъэкӀуэкӀмэ уэздыгъэхэр щӀэзгъанэр нэхъ щӀалэдыдэращ.

ЯужкӀэ тхьэмадэр хьэмкъутей башым и пащхьэ иту хъуэхъу жеӀэр:

Уэ Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щӀылъэри зезыгъакӀуэ,
Тыгъэшхуэ къызыбгъэдэкӀ,
ЩымыӀэр хэзыгъахъуэу,
Телъыджэр зи Ӏэужь,
Псори зыщыгугъу,
Зыми щымыгугъыж,
Псори зэлъэӀуу,
Зыми емылъэӀуж,
Ди Тхьэ! Зы Тхьэ! Тхьэшхуэ!
ЩыӀэ псори зытетыр Хабзэщ,
Хабзэм тету дыгъэм зыкъегъазэ,
Дыгъэм зыкъигъазэмэ
Махуэр къыдокӀуэри
Махуэ къыдэкӀуэм,
Фыгъуэ щӀыгъуну,
Дэрэжэгъуэ хуэтщӀыну,
ХуэтщӀар бэгъуэну,
Бэгъуам зыдэдужьыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщӀам жиӀэ!

Яужым хьэмкъутей башыр унэм щӀахьэри Ӏэнэм щӀэротӀысхьэхэ. А жэшым ирафыр Санэ (санэху). Жэш псор мыжеуэ ирахыр, унагъуэм е ныбжэгъухэм ядэщӀыгъуу, джэгу ящӀым, уджхэм Ажыгъафэ яхэтыр.

tuapsepress.com