"РБК" хъыбарыбэ Iэмалым и эксперт, постиндустриал цIыхубэм и къэхутэныгъэ купсэм и директор Иноземцев Владислав зэритхымкIэ, иджыпсту Урысейм и къулыкъущIэхэмрэ, эксперт куэдымрэ къалъытэр гъэ къакIуэм къэралым и экономикэм хэхъуэныгъэ щыIэну, ауэ ар щыуагъэм тыращIыхьа прогнозщ, икIи пэжым уеплъым, зэрыхъуныр нэгъуэщIщ - къэралыр дэхуэхуныгъэ кIыхьым хыхьэу аращ.
Иджыпсту Урысейр экономикэ кризис етIуанэм хэтщ иужьырей илъэсипщIым къыриубыдэу. Япэ кризисыр щыIащ 2008-2009 гъэхэм. Абы щыгъуэ къэрал кIуэцI хъугъуэ фIыгъуэхэм я бжыгъэр ехуэхуау щытащ прцоент 7,9. Мэгъэ екIуэкIым ар зэрехуэхуар процент 3,8-4-кIэщ, ауэ статистикэ бжыгъэ псори зыпэпшэчым, иджыпстурей кризисыр куэдкIэ нэхъ хьэлъэщ, илъэсих ипэкIэ щыIам нэхърэ. Иноземцевым зэрыжиIэмкIэ, гъэщIэгъуэнщ иджыпстурей кризисыр дунейм къыщекIуэкI кризис гуэрым къыхэкIау зэрыщымытыр, ар мыхъуу дунейм зыкъыщиIэтым Урысейр дэхуэхуу зэрыщIидзар.
Иджыблагъэ Урысейм и президент Путин Владимир пресс-конференцышхуэ щыригъэкIуэкIым, абы жиIащ етIэнэгъэ экономикэр процент 0,7-кIэ хэхъуэну. НэмыщI экспертхэмрэ политикхэмрэ I%-кIэ хэхъуэну къыхагъэщ, ауэ эксперт щхьэхуитхэр апхуэдэу гугъуэфIкIэ гупсысэкъым. Псалъэм папщIэ Дунейпсо банк жыхуиIэм я экспертхэм процент 0,6-кIэ Урысейм и экономикэм хэщIыныгъэ иIэну жаIэр. Иноземцевыми жеIэр Урысей экономикэм хэхъуэ имыIэну.
Иджыпстурей кризисыр къызыхэкIар щIыдагъэм и уасэр зэрехуэхуар аращ. Абы дэкIуэу урыс сомыми и уасэр ехуэхуащ, икIи къэралым бюджетыр хуэмыухуэж хъуащ. Бюджет лэжьакIуэхэм я улахуэхэр хощI, уасэхэр докIуей, ахъшэм къыщIэкIыу щытари нэхъ мащIэ мэхъу. Статистикэм уеплъу щытым, цIыхухэм я хэхъуэр 2009 гъэм щыIа кризисым щыгъуэ процент 3-кIэ хэхъуат, ауэ иджыпсту процент 3,3-кIэ хэщIащ. ДолларкIэ улахуэхэр къэбыбжым, курыт улахуэу Урысейм къыщекIуэкIыр мэгъэм хэщIащ процент 37,8-кIэ. 2009 гъэм апхуэдэ хэщIыныгъэр зэрыхъуар процент I6-щ.
ЦIыхухэм я псэукIэр дэхуэхуу зэрыщытым къытопсэлъыхь "Адыгэ хэкужь" жыхуиIэ жылагъуэ зыщIэхъеиныгъэм и тхьэмадэ Мурзэкъан Абубэчыр:
"Къагупсыс нанотехнологиери, Сколково жыхуаIэри, нэгъуэщI зыгуэрхэри. Зэрыщыту ахъшэ зэрадыгъун Iуэхугъуэ къырахуэкIыу аращ, къэралыр зэрагъэпсэун Iуэхугъуэ, цIыхур зэрагъэпсэун Iуэхугъуэ лъэпкъ халъхьэкъым, халъхьэфынкIи къэру иIэкъым. МыдэкIэ сэ Урысейм сыхохьэ, сыхокI, сыхоплъэри, Мэзкуу езым иIэщ ихъуреягъу гъуэгу 2-3, бгырыпх хуэдэу къекIуэкIыу. НытIэ а икум деж къикIи, мыдрейр зэрыщыту фэкъырэдыдэхэщ, икум елъытауэ. МыдэкIэ тIэкIу къэIэбэжи, ар нэхъ фэкъырэжщ. Мэзкуу и Iуэгъуэблагъуэр иджыри зыгуэр хуэдэу щытщ, ауэ адэкIэ Мэзкуу километр 200-кIэ укъыбгъэдэкIа нэужь зэрыщыту фэкъырэдыдэхэщ. Ар емыкIущ, сыт щхьэкIэ жыпIэм, хъугъуэ фIыгъуэу мы дунейм тету лъэпкъар уи щIылъабжьэм щыщIэлъкIэ, уи цIыхур езыр лэжьакIуэжьу щыщыткIэ, ар къыхуэгъэсэбэпакъым. Я Iуэхур ейдыдэ хъухукIэ "ди Iуэхур фIыдыдэщ" - жаIэри пцIышхуэр яупс. ПцIым лъабжьэ зэрыщIэмытыр зэикI къагурыIуэжкъым. Мис мыпхуэдэщ жаIэу лIыгъэ яIэу, мыр хъукъым, мыр къызэхъулIакъым, къысхуэвгъэгъу, сэ сытокIуэт жаIэу, апхуэдэ лIыгъэ яIэкъым текIын IуэхукIэ. Иджыри Урысейм щIыпIэ иIэщ газыри, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри зыри емышэлIауэ, зыри бгъэдэмыхьауэ".
Урысейм и экономикэр псом нэхъыбэу зыпыщIар газымрэ щIыдагъэмрэщ. Иджыпсту щIыдагъэм и уасэр зэрехуэхум къыхэкIыу экономикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Иноземцевым зэрыжиIэмкIэ, адэкIэ хэхъуэ щыIэну жызыIэхэм я гупсысэр тыращIыхь щIыдагъэ уасэм и хэщIыныгъэм зэрану къыхэкIыныр пцIыуэ къызэрапщытам. 20I3 гъэм щIыдагъэм и уасэр доллар I5-кIэ ехуэхуатэм, бюджетым фIэкIуэдт доллар миллиард 28,4. Ар къэрал кIуэцI хъугъуэ-фIыгъуэм и процент I,3-кIэ хэщIыныгъэ хъут. Ауэ мэгъэм апхуэдэ дыдэу доллар I5-кIэ щIыдагъэм и уасэр ехуэхум, доллар 53-м щегъэжьауэ 38-м нэс, абы къокI къэрал кIуэцI хъугъуэ-фIыгъуэхэм я хэщIыныгъэ процент 2,4-кIэ. "ФинансхэмкIэ министерствэм жиIэм хуэмыдэу, Урысей экономикэм зыкъыригъэзэгъыфакъым щIыдагъэм и уасэщIэ къекIуэкIхэм. Абыхэм экономикэм адэкIи халъхьэр щIыдэхуэхун лъабжьэ", - жеIэр Иноземцевым.
Экспертым зэрыжиIэмкIэ, гъэ къихьэм хэхъуэ къызыхэкIыну жыхуаIэр экономикэм и хабзэу дэхуэхуныгъэм хэхъуэ къыхэкIыу зэрыщытыр аращ. Ауэ иджыпсту Урысейм кризис къекIуэкIыр къызыхэкIар экономикэм и хабзэ езыр-езыру къекIуэкIыр аракъым, ар мыхъуу бизнесм и бийуэ унафэ гуэрхэр къащтэу, акъылыншэ унафэу къэрал кIуэцIкIи, IэщIыб IуэхухэмкIи къащтахэр аращ, икIи абы етIэнэгъи щигъэтыну фIэщхъугъуейщ, ар мыхъуу иджыпстурей унафэщIхэр къэмыувыIэжыфу ирихьэжьэу нэхъыбэж зыхагъэзэрыхьыфынущ, арыхэ цIыхухэр къулейсыз ящIрэ къулыкъущIэхэр нэхъ къулей ящIын щхьэкIэ. "Иджыпстурей кризисыр къызыхэкIар экономикэ хабзэхэр аракъым, къэрал унафэщI системэм и щытыкIэр аращ, абы бизнесым и хьэлэмэтхэм гулъытэ хуищIрэ зыхъуэжыныгъэ щыIэм, абы и жэуап псынщIэу къигъуэтыфу зэрыщымытыр аращ", - жеIэр экспертым.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур