Сокъур Мадинэ: Сэ къафэм насыпыфIэ сещI


И гумрэ и псэмрэ къы­дыхьэ Iуэху зы­щIэр епсыхь. Ар нэрылъагъу къыпщы­зыщI цIыхухэм ящыщщ «Кабардинка» академическэ къэфакIуэ гупым ­илъэс куэд хъуауэ хэт Сокъур Мадинэ.

Абы зэрыжиIэмкIэ, къафэм и дуней телъыджэм къыхэхута нэужь гъащIэм зэре­плъымрэ и мурадхэмрэ зы­къомкIэ захъуэжащ. Гъэ­щIэ­гъуэнракъэ, Мадинэ къафэм хуиIэ лъагъуныгъэр хуэм-хуэ­мурэ зэтеувакъым, атIэ зэуэ дихьэха хъуащ.

— СыщыцIыкIум сыкъафэу щытакъым, уеблэмэ сехъуа­псэртэкъым сыкъэфэнуи. Балигъ сыхъуа нэужьщ сыщыдихьэхар, илъэс 17-м ситу. Си ныбжьэгъу хъы­джэбзым «къафэм дыхэгъыхьэ» жиIэри, Атэбий Игорь зи унафэщI «Кавказ» къэфакIуэ гупыр щылажьэм де­кIуэлIауэ арат. 1995 гъэм а гупым сыха­гъэхьащ. ИужькIэ, 1999 гъэм, «Кабардинка»-м сыкъыщыфэу щIэздзащ. Ди уна­гъуэм къэфакIуи, уэрэд­жыIакIуи, уеблэмэ щэн­­хабзэм епха Iэ­щIагъэ зиIи искъым. Си адэ-анэм яфIэ­фIтэкъым сы­къэ­фэну. Ауэ сэ къафэм сы­дихьэхыщати, схухы­фIэ­дзэ­­жакъым. Сэ къафэм на­сы­пыфIэ сещI,— жеIэ ­Мадинэ.

Мадинэ и лэжьыгъэр фIыуэ щIилъагъу щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ансамблым хэтхэр зэрызэхуэгуапэр. ИкIи зэры­жиIэмкIэ, ар нэхъыбэу зи фIы­щIэр ансамблым и уна­фэщI Атэбий Игорщ. Гупыр куэдрэ гъуэгу зэдытехьащ, зэсащ, зы унагъуэ дахэ хуэ­дэу зэхэтщ.

— «Кабардинка»-м сыхэту япэ дыдэу сыздэкIуар Син­гапурщ. Абы къыкIэ­лъы­кIуащ Германиер, Америкэр, Алжири дыщыIащ. Дигу хэ­хъуэу дыхэтащ 2014 гъэм Со­чэ щекIуэкIа щIымахуэ Олимп джэгухэм.

Адыгэ къафэм и хабзэхэр апхуэдизкIэ зэгъэкIуащи, цIыхум и Iэпкълъэпкъым и закъуэкъым ипсыхьыр, атIэ и гупсыси, и зыIыгъыкIи, уеблэмэ и псэлъэкIэми зрегъэ­хъуэжыф.

— Укъыщыфэм деж уи псэр хьэуа къабзэм щыхуар­зэ хуэдэщ, дамэ къыптокIэ. Сытым дежи уи щхьэр лъагэу уегъэIыгъ къафэм. Утыкум ущитым, къалэ уэрамхэм ущ­рикIуэм деж адрей цIыхухэм зыгуэркIэ уакъыхэщхьэхукIыу къыпщохъу. Къафэм игъэза­щIэу къыщIэкIынущ уигъэгу­шхуэн къалэнри,— жеIэ ди псэлъэгъум.

Къафэм апхуэдизу зи гур ета бзылъхугъэм и жагъуэ мэ­хъу абы и хабзэр ямы­гъэ­защIэмэ.

— Иджыпсту куэдрэ уро­хьэлIэ адыгэ къафэм къе мы­зэгъыу зыщащI. Ар емы­кIущ. Ауэ нэгъуэщI зы лъэныкъуи хэлъщ мы Iуэхум: гуфIэ­гъуэ­хэм къафэр зи Iэ­щIагъэхэр ирагъэблагъэ хъуа­щи, ахэр утыку къихьа ­нэужь, адрейхэр къэфэну тегушхуэ­жыркъым. Ар сфIэтэмэм­къым, — жеIэ.

Адыгэ къафэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ утыку укъызэри­хьэ фащэр. Къафэм и хьэлымрэ фащэм и теплъэмрэ зэрызэхуэкIуэм куэд елъытащ. Сокъур Мадинэ зэры­жиIэмкIэ, игу ирохь ХьэцIы­кIу Мадинэ, Хъурей Жаннэ сымэ ансамблым хуад фащэхэр.

adygvoice.ru