КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ КъБР-р нэхъ тхьэмыщкIэ регионхэм ящыщщ


Аналитикэ купсэ "Арыхэ бжыгъэхэр" жыхуиIэм иригъэкIуэкIа къэхуэтэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэр республикэр финанс IуэхукIэ нэхъ мыхьэнэншэ дыдэу щым хэхуащ, Урысейм и регионхэм щыщу. 

КъэхутакIуэхэм зыпашэчащ цIыхуу регоинхэм ису "Росстатым" къит бжыгъэхэмрэ, регион бюджетхэм ахъшэу хэлъу ФинансхэмкIэ Министерствэм къитхэмрэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, 2010 гъэм щегъэжьауэ 2014 гъэ пщIондэ Урысейм и регионхэм щыщу зы цIыху къэс тырагъэкIуадэ ахъшэр щыхэхъуар Сахалин къуапэ къудейр аращ. 

Абы зы цIыхум хуэзэ ахъшэр хэхъуащ процент 15,3-кIэ, икIи 2014 гъэм хъуащ сом мин 271-м щIигъу. 

Адрей регионхэр къапщтэм, инфляцие екIуэкIыр къэплъытэм, къапщIэу хэщIыныгъэ ягъуэтащ. Иужьырей илъэсхэм нэхъыбэ дыдэ зыхэщIауэ регионищ къыраIуэр Ищхъэрэ Кавказ федерал къуапэм щыщщ - Дэгъыстэным хэщIащ процент 22-24 хуэдиз, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым процент 28-30 хуэдиз, Ставрополь къуапэм процент 26-28 хуэдиз. 

Иджыпсту бюджетым щыщу зы цIыхум хуэзэр Дэгъыстэным мэхъу сом мин 3I иримыкъупэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэрым сом мин 35-м нэмыс, Ставрополь къуапэм сом мин 35-м щIигъу.

Мы статистикэм къилъытэкъым иужьырей илъэсым кризисым хэщIыныгъэу къихьахэр. Ауэ щIыдагъэм и уасэр ехуэхуу, долларымрэ евромрэ я уасэхэр хэхъуэу къокIуэкIри абы экономикэм хэщIыныгъэшхуэ къыхуехь,  икIи а бжыгъэхэр 2015 гъэм къыриубыдэу нэхъ ейыж хъуащ. 

Псалъэм папщIэ Къэбэрдей-Бэлъкъэр къудеймкIэ иужьырей илъэсым къыриубыдэу бизнесмен щхьэхуэрэ бизнес цIыкIуу я Iуэху зыхуащIыжащ мин 6-м нэблагъэм.

Иджыпсту Iуэху пщIэну нэхъ гугъу зэрыхъуам теухуауэ Хуитыныгъэ радиом къопсалъэр Бэхъсэн дэс жылагъуэ IуэхущIакIуэ жыджэр Берхьэм Мухьэмэд:


"Мы къэрал дызэрысым мы  дэ ди тетхэм хуэдэу укIытэ зи нэгу имылърэ, цIыхур къэзыгъапцIэрэ яхэту къыщIэкIынкъым. Ауэ цIыхум я Iуэхур дэкIыну, е тынш хъуну зыри ящIакъым, ящIэкъым, икIи ящIэну я мурадкъым. Процент 35-кIэ хэщIащ цIыхум тыригъэкIуадэр. Ар Мэзкуум къыримытыну аратыкъэм. АдэкIи къэралым и Iуэхур зэрыхъуным хуэдэу дэри ди Iуэхур хъуну аращ. Нэхъ ей хъуну аращ дэ ди Iуэхур Къэбэрдейм, сыт щхьэкIэ жыпIэм, лэжьапIэ зыри щыIэкъым. ЛэжьапIэщIэ къызыIуахкъым, къызыIуахынуи я пщIыхьэпIэ къэкIкъым. ЩIалэгъуалэр лажьэфынут, псоми фощIэр. Мэзкуу, Санкт-Петербург щыIэхэщ, Урысейм итщ бэлыхьыр ятелъу, гугъуехьыр я натIэу. ЗэикI Къэбэрдрейм сэбэп къыхуэхъуакъым къэралыр унагъуэкIэ лажьэхэм. Зэран мыхъуамэ сэбэп хъуакъым. Иджыри сэбэп хъуну я акъыл къэкIкъым. Сэ Бэхъсэн куейми, Къэбэрдей псоми къыщекIуэкIыр сощIэри, зэикI зы цIыху, зы унагъуэ дэIэпыкъуакъым. Сыт хуэдиз ахъшэ Мэзкуу къимыкIыми цIыхухэм дэIэпыкъун хуейуэ, Iэщ зезыхуэхэм, жэм зезыхуэхэм, абыхэм ахъшэ гуэр хуэзэу къыратын хуейуэ къакIуэхэр щIахъумэр, цIыхум жыраIэкъым. ЗэкъуэтIакъуэм къащIэрэ зауэкIэ къытырахым къытыраху аращ. Езы цIыхухэр псэуну хуейщ, адыгагъуэ ящIэну хуейщи, зыгуэрурэ я щхьэ япIыж, Iэщ жыпIэми, джэд-къаз жыпIэми, мыIэрысэ жыг жыпIэми. Ауэ иджыпсту мыIэрысэ хэзысэхэр - мы унафэ зыщIхэм я гъунэгъухэм, е езыхэм щIыр яубыдауэ хасэу аращ, ар мыхъуамэ цIыхум я федэ зыри хэлъкъым абы. Сэ нэрылъагъуу солъагъу, къуажэхэр къэскIухьми, сытыми, нэрылъагъущ цIыхур нэхъ тхьэмыщкIэ зэрыхъуар, хэкIыпIэншэ я Iуэхур зэрыхъур".

Гъэ къихьам щхьэкIэ бюджет яухуам къызэригъувымкIэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэр бюджетым хэхъуэу иIэн хуейщ сом миллиард 24,719. ХэщIыныгъэ лъэныкъуэкIэ щыIэныр сом миллиард 26-м щIегъу. 

Республикэ бюджетым иримыкъуу къонэр сом миллиард 1,343. ХьэкъкIэ хахыну жыхуаIэр мэхъу сом миллиард 12,6, мы хьэкъыу хэхъуэу республикэм иIэныр сом миллиуан 923 хъууэ халъхьащ. Республикэм экономикэ хэхъуэныгъэ иIэну къагъэлъагъуэр процент 4,1хуэдиз.

Республикэм и финансхэмкIэ министр Лыхь Заур зэрыжиIэмкIэ, мэгъэрей бюджетыр социал лъэныкъуэкIэ гъэза бюджетщ, икIи социал Iуэхугъуэхэм тырагъэкIуэдэнущ бюджетым и процент 75-р. Ар сом миллиард 19,549 мэхъу.

Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ нобэ Урысейм унафэщI системэ зытыраухуауэ къекIуэкIым регионхэм нэгъуэщI унафэ здащI лъэныкъуэ зэрамыIэжыр. Къэру къулыкъухэр псори федерал унафэм щIэтщ, икIи федерал бюджетым хеубыдэр. 

Дзэ лъэныкъуэкIи ахъшэ регионхэм ягъэкIуэну Iэмал яIэкъым. Ахэр псори федерал бюджетщ зи пщэ дэлъыр. Псалъэм папщIэ, 20I6 гъэм щхьэкIэ федерал бюджету яухуам къызэригъувымкIэ, дзэм, къэру къулыкъухэм, "оборонсервис" жыхуаIэм, псоми зыхэту бюджетым и процент 48-р макIуэр. Абы и нэхъыбэр здэкIуэр бзыщIауэ щытщ. 

Еджэныгъэмрэ узыншагъэ хъумэнымрэ ирагъэхьар тIуми зыхэту процент 6 хуэдизщ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио

Бэрокъуэ Артур