Европэ Зэкъуэтым и советым гъубжым утыку къырилъхьащ къэхутэныгъэ, къэрал щхьэхуэхэм я тезыр гъэзэщIэн системэр 2014 гъэм зэрылэжьам теухуауэ. Экспертхэм щIаджьыкIащ къэрал 47-м я хьэпсхэр зэрылажьэр.
Урысей Федерацэр япэ увыпIэм иту къыщIэкIащ лъэхъуэщхэм исхэм я бжыгъэкIэ. ЦIыхубзу лъэхъуэщым исхэми я бжыгъэкIэ Урысейр псом япэ итщ.
Европэ Уэтым къит бжыгъэхэмкIэ, Урысейм и лъэхъуэщхэм 2014 гъэм исыр хъут цIыху мин 671. Абыхэм щыщу мин 114-р я Iуэхум и зыхэгъэкIыныгъэр екIуэкIыхукIэ яубыдау ису арат. Ар процент 5-кIэ нэхъ мащIэщ абы ищыпэгъэм нэхърэ. Урысейм ис цIыху мин 100-м хуэзэу лъэхъуэщым исщ цIыху 467.
2005 гъэм цIыху мин 100-м хуэзэу Урысейм и лъэхъуэщхэм исыр хъут 574. Иджыпсту а бжыгъэр процент 20-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ, ауэ апхуэдэу щыт пэтми, ар плIыкIэ нэхъыбэщ Европэ Уэтым хэт къэралхэм я курыт бжыгъэм нэхърэ. Курыт бжыгъэр мэхъу 124 цIыху мин 100-м хуэзэу.
Лъэхъуэщым исхэм я бжыгъэкIэ етIуанэ увыпIэ иIыгъщ Литвам. Абы цIыху мин 100-м хуэзэр 305 мэхъу. Латвием ещанэ увыпIэ иIыгъщи, абы а бжыгъэр мэхъу 240, Азербайджаным 238, Курджым 228, Эстонием 225, Украинэм 204, Польшэм 204. А бжыгъэхэмкIэ япэ увыпIиблыр яIыгъщ Совет къэралыгъуэу щытам хэтахэм.
Урысейм япэ увыпIэ иIыгъщ лъэхъуэщым щылIэхэм я бжыгъэмкIи, зызукIыжхэм я бжыгъэмкIи. Апхуэдэу, 2013 гъэм Урысейм и лъэхъуэщхэм щылIащ цIыху 4200. Абыхэм щыщу 461-м заукIыжау аращ. ЦIыху мин 10-м хуэзэу Урысей лъэхъуэщхэм щылIэр мэхъу 61, 6. Европэм курыт бжыгъэу щытыр цIыху 28-щ цIыху мин 10-м хуэзэу.
Европэ Уэтым и комиссием гу лъитащ Урысей лъэхъуэщхэм цIыхухэм я хуитыныгъэхэр куэдрэ щакъутэу, е езы лъэхъуэщ кIуэцIым къыщекIуэкIыу щIэпхъэджагъэхэр. А упщIэм теухуауэ зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щыIэ хьэпсым и лэжьакIуэм. Абы и цIэри и макъри игъэIун идакъым, ауэ и псалъэхэр Хуитыныгъэ Радиом къехьыж:
"Сэ схужыIэнукъым хьэпсым исхэм я хуитыныгъэ ямыкъутэу, абыхэм лей ирамыху. Ауэ ар къыщIэхъур лъэхъуэщым и лэжьакIуэхэм тэмэму хабзэр ямыщIэу аращ. Куэдри къохъу хабзэр ящIэу, ауэ ягъэзэщIэну хуэмейуэ. Абы щхьэкIэ ахэм тезыр тыралъхьэр. ЕкIурэ ещхьу я къэлэн зэрамыгъэзащIэм щхьэкIэ куэдым тезыр ялъос. Зы мазэм икIуэцIкIэ цIыху 8 хуэдизым. Сэ сыщылажьэ лэхъуэщым и унафэщIыр хущIокъу псори хабзэм тетыну, икIи ткIийуэ тезыр ятырелъхьэр ар зымыгъэзащIэхэм. ЦIыху куэд IуагъэкI, икIи пIалъэ кIыхькIэ дыдей щылажьэр мащIэщ. Сэ сщIэуэ подполковник тетыгъуэ зыIыгъыу тIу IуагъэкIащ лэжьапIэм. ТкIиигъуэу дыдеж къыщекIуэкIыр яхуэмышэчу IукIыну хуейхэри мащIэкъым, ауэ иджыпсту лэжьапIэ тыншкъым уувыну. Дэ дыдеж зэреджэ щIыкIэр пщIэуэ щытым, гурыIуэгъуэщ мыбы щылажьэхэм я щIэныгъэри, я IэщIагъэм зэрыхащIыкIри здынэсыр. Апхуэдэу нэгъуэщI лэжьапIэ гугъущ къэбгъуэтынуи, абы щхьэкIэ IумыкIыу куэдыр къонэж".
Европэ Уэтым къихь бжыгъэхэр къыщIегъэбыдэр "ЦIыхубэ кIэлъыплъакIуэ комиссие" жыхуиIэм и тхьэмадэу щыта Борщев Валерий. Абы "ГазетыщIэ" жыхуиIэ хъыбарыбэ Iэмалым зэрыжыриIамкIэ, хьэпсхэм илIыхьхэр куэд мэхъу, икIи ар гумэщIэгъуэшхуэщ. "Магнитскэр зэрылIэрэ дэ делэжьащ хьэпсхэм дохутырхэр тэмэму щылэжьэн Iуэхум, икIи лIэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуат, ауэ иджыпсту а Iуэхугъуэр къэувыIэжащ", - жеIэр абы.
Борщевым зэрыжиIэмкIэ, къэхъуам и щхьэусыгъуэхэр екIуу зэрызыхамыгъэкIым къыхэкIкIэ лъэхъуэщхэм куэдым зыщаукIыж. ""Бутырка" хьэпсым и психиатрие сымаджэщым илъэсым зыщаукIыж цIыху 700-м, - жеIэр жылагъуэ IуэхущIакIуэм. - Абы цIыхухэм мастэ хаIуурэ ягъэхъужыну яужь итщ, ауэ ахэр мастэкъым зыхуейр. Абыхэм я лъынтхуэхэр зыпаупщIыж мыарэзыныгъэм къыхэкIкIэ". Борщевым зэрыжиIэмкIэ, лъэхъуэщ тхьэмадэм и унафэкIэ нэгъуэщI щIэпхъэджащIэ абы исхэм яубэрэжь щIэуэ ирагъэтIысхьэхэр.
Урысейм щагъэтIысахэм я процент 27-р укIыгъэ щхьэкIэщ щIагъэтIысар. Процент 22-м я тезырыр щIытыралъхьар афиян хэкIхэм пыщIа Iуэхугъуэщ. Лъэхъуэщым исхэм я курыт ныбжьыр илъэс 34 мэхъу. ЦIыхубзу лъэхъуэщым исхэм я процент бжыгъэр мэхъу 8,2. Курыт бжыгъэу Европэм къыщекIуэкIыр процент 5-щ.
Европэ Уэтым и генерал секретарь Ягланд Турбьерн зэрыжиIэмкIэ, лъэхъуэщхэм цIыхухэр изу зэрисым нэхъ гугъу ещI абы ихуа щIэпхъэджащIэхэм фIыкIэ зыкъагъэзэжыну, цIыхубэр щIэпхъэджагъэм нэхъыфIу щыхъума хъун щхьэкIэ. "Зи лъэхъуэщхэр из къэралхэм къэру нэхъыбэ ирагъэхьын хуейщ а гумэщIэгъуэр ягъэтэрэзын щхьэкIэ, нэгъуэщI Iэмал гуэрхэр къагъуэту", - жеIэр абы.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио
Бэрокъуэ Артур