Къэбэрдей-Балъкъэр: КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэ къызэIуихащ


Гъатхэпэм и 30м Къэбэрдей-Балъкъэр лъэпкъ музейм КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэ нэхъ ин дыдэр къызэIуихащ.

КIыщ Мухьэдин Урысей федерацием и заслуженнэ сурэтыщIщ, Урысей Академия Художествым хэтщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ сурэтыщIщ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуащ, иджы Испанием щопсэу.

Гъэлъэгъуэныгъэ екIуэкIыр Мухьэдин и ныбжь 75 зэрырикъум хуигъэфэщащ. Гъэлъэгъуэныгъэм сурэт зэман зэхуэмыдэхэм ищIахэр хохьэ. Езым и персональнэ гъэлъэгъуэныгъэу 47 дуней псом щригъэкIуэкIащ.

Абы и сурэтхэр Мэзкуу Третьяков галереем, Инджылым, Испанием я музейхэм щIэлъхэщ. Гъэлъэгъуэныгъэ екIуэкIым и цIэр «Гимн Красоте». АдэкIэ Хуитыныгъэ радиом Мухьэдин и щхьэгъусэ икIи и менеджер Жанлин Мосс зыхуигъэзащ:


- Мы гъэлъэгъуэныгъэр Мухэдин илъэс 75 зэрырикъум хуэгъэфэщащ. Лэжьыгъэхэр и Хэку щигъэлъэгъуэжыну куэд щIауэ хъуапсэрт ар.

Мыбы хуэдэ лэжьыгъэшхуэ тхуэщIыжыну дигугъэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъэлъэгъуэныгъуэм хэтыну псори ипэкIэ Мэзкуу, итIанэ Налшык къэтшащ. Куэди къыддоIэпыкъу, ауэ гугъущ.

Псом нэхъ дызэхъуапсэу дызыхуэкIуэр – Мухьэдин и музей Налшык щытщIу, и лэжьыгъэ псори къыщыдгъэнэжыну. Ар тхузэфIэкIмэ, а сурэт псори абы къыщIэнэнущ. Республикэм дежкIи фIы хъунут туризмым папщIэкIэ.

Мухьэдин дунейпсом щацIыху, фIы хъунут ар Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIэ. Дэри ар къытщIэнэжыну, ди гъащIэ лъэужьу къэдгъэнэну дыхуейт. Хъунут а псор Испаниеми щытщI, ауэ Мухьэдин и Хэкур апхуэдизкIэ фIыуэ елъагъури, апхуэдизкIэ и лэжьыгэр фIыуэ елъагъури, аращ Iуэхур гугъуми, адэкIэ дызыгъэкIуатэр.


Мухьэдин къиухауэ щытар Краснодар Къэрал Университетыращ. Абы и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэм хохьэ «Власть Цвета», «Голос художника», «Судьбы», «Тоска по Родине», «Тоска по Природе», «Двое», «Загадочная архитектура», «Люди мира», «Загадочное пространство», «Русская зима», «Времена года», «Вокруг круга» жыхуиIэхэр.

20I4 гъэм «Гимн Красоте» гъэлъэгъуэныгъэр Мэзкууи щекIуэкIауэ щытащ. Ауэ Налшык щекIуэкIым лэжьыгъэ бжыгъэ щIэлъыр куэдкIэ нэхъыбэщ. Гъэлъэгъуэныгъэм теухуауэ Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ езы сурэтыщI КIыщ Мухьэдин:

- Мы гъэлъэгъуэныгъэр икъукIэ инщ. Мыпхуэдэ сэри езым зэи сщIакъым, Къэбэрдей-Балъкъэрми щекIуэкIакъым.

Мыр серие куэду зэхэтщ адыгэхэми, сыщыпсэуа Испаниеми, нэгъуэщIхэми теухуауэ. Лэжьыгъэхэм я бжыгъэр щийм нос. А лэжьыгъэ псори къыщIэсщари къэзгъэнэну си мурадущ.

ТхузэфIэкIмэ музей тщIыуэ щIэтлъхьэну дигу илъщ. Аращ нэхъ и мыхьэнэр. Илъэс куэдкIэ нэгъуэщI къэрал сыщеджащ, сыщылэжьащ. Уеблэмэ, Къэбэрдейр нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къезгъэцIыхуащ, сурэтхэм еплъурэ мыр сыт лъэпкъ, дэнэ здэщыIэр жаIэурэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Дыгъэ Дахэжан