Анэдэлъхубзэр хъумэным, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэ къызэгъэпэщыным, адыгэхэм я щIэнхабзэ, псэкупсэ зыужьыныгъэм егъэпIейтей ди лъэпкъым и цIыху пэрыт куэд. Апхуэдэхэм я фIыгъэкIэ убзыхуа мэхъу ди анэбзэр нобэ зэрыт щытыкIэ гугъум къишынымкIэ хэкIыпIэхэр, лъэпкъ зыужьыныгъэм, зыузэщIыныгъэм и лъэныкъуэ псоми я гупсысэ жаныр, акъыл куур нэсу. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм зэреплъым зыщыдгъэгъуазэмэ тфIэигъуэу, Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу зыхуэдгъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ «Адыгэбзэ хасэм» и тхьэмадэ, хэкупсэ нэс Табыщ Мурат.
- Мурат, дэ дыщыгъуазэщ адыгэбзэр хъумэнымкIэ уи IэнатIэми узипашэ Адыгэбзэ хасэми щызэфIэпх лэжьыгъэшхуэхэм, къыхэплъхьэ жэрдэмыщIэхэм. А уи Iуэху еплъыкIэхэм, гупсысэхэм зэщхьэщыхауэ укъытхутеп- сэлъыхьамэ, ди гуапэт. КъыщыщIэддзэнщ адыгэ республикэхэм къыщыдэкI ди лъэпкъ газетхэм. Абыхэм я лэжьыгъэм сыт щIэуэ хэп- лъхьэнт?
- Сэ сызэреплъымкIэ, ди анэдэлъхубзэр хъумэным, абы адэкIи зегъэужьыным, къытщIэхъуэ щIэблэм абы пщIэ хуащIу, ар яIурылъу къэгъэтэджыным елIэлIэн хуейщ адыгэу Тхьэм къигъэщIа, адыгэ унагъуэ щапIа дэтхэнэри. Армырамэ, ди Iуэхур нэхъ хэплъэгъуэ хъунущ.
АдэкIэ лъэпкъ газетхэм уатепсэлъыхьмэ, абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ ди анэдэлъхубзэм зегъэужьынымкIэ. СызэригугъэмкIэ, Iуэхур нэхъ ефIэкIуэнут, «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку», «Адыгэ макъ» газетхэм я нэхъ мащIэу тхьэмахуэм зэ адыгэбзэм, лъэпкъ тхыдэм, щIэнхабзэм ехьэлIа тхыгъэхэмкIэ зэхъуажэу апхуэдэ лэжьыгъэ къызэрагъэпэщмэ, ар мардэ яхуэхъуамэ. Хабзэ дахэу зэдащтауэ газетищми зэгуэту ягъэхьэзыр къыдэкIыгъуэхэр зыхуэгъэпсар Iуэху хэхахэрщ. Ауэ тхыгъэхэр адыгэ псэлъэкIитIымкIи тхауэ газетым къытехуэн хуейуэ фIэкIа нэгъуэщIу щIэджыкIакIуэхэм къащымыхъужу я гупсысэр абы хуэшэныр, зы лъэныкъуэм итхар адрей лъэныкъуэм щыIэм къыгурыIуэу, зэхищIыкIыу, ирипсалъэу унэтIыныр узэбакъуэ мыхъун Iуэхугъуэхэм ящыщщ. Ар адыгэбзэ тхыгъэбзэхэр зэпэблагъэ щIыным хуэгъэпсащ. Ауэ щыхъукIи апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм кърикIуэр зэман кIэщIым нэрылъагъу хъунущ. Мы лэжьыгъэр зэрыбунэтIыну Iэмалхэр газетым щылажьэхэм нэхъыфIу ящIэнщ.
ЦIыхур нэхъыбэу зэджэр газетхэращи, япэщIыкIэ газетищым зрагъэгъуэта IэпэIэсэныгъэр (газет зэгуэтхэр къызэрыдагъэкIыр) нэхъ щIэгъэхуэбжьэн, нэгъуэщI мыхъуми, тхыгъэшхуитI-щыкIэ Iуэхур убламэ, щхьэпэ хъунт, етIуанэрауэ, купщIэмрэ зэманым пэджэж тхыгъэхэмрэ я лъабжьэу лэжьыгъэр къызэгъэпэщамэ, газетхэм еджэхэм я бжыгъэми хэдгъэхъуэфынт.
- Газетхэм къищынэмыщIауэ, мыпхуэдэ бгъэдыхьэкIэр къыщыбгъэсэбэп хъуну пIэрэт Адыгэ Республикэми Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщыдэкI «Зэкъошныгъ», «Iуащхьэмахуэ» журналхэми? Дауэ уеплърэ?
- Мы журналхэм иджы- ри къыздэсым езыхэм я дуней яIэжу, я лэжьыгъэ ирахьэкIыу, лъэпкъ литературэ гупсысэм и зыужьыныгъэм хъарзынэу телажьэурэ екIуэкIащ, иджыри йокIуэкI. Нобэм къигъэувыр аращи, «къэбэрдей литературэ», «шэрджэс литературэ», «адыгей литературэ» щхьэхуэхэр щыIэжкъым, щыIэр зы адыгэ литературэщ. Пэжщ, дэтхэнэми езым и хъэтI, езым и щхьэхуэныгъэ, езым и уэрыпIэхэр иIэжщ, ауэ тхэным гу хуэзыщIахэм щыIэ гъунапкъэхэр якъутэу зы хъуным хуеIэущ зэрыплъагъур, щIэныгъэ къэхутэныгъэу ирагъэкIуэкIыр зытепсэлъыхьри, кIуэ пэтми нэхъыбэрэ утыку къралъхьэри «зы адыгэ литературэм» теухуа гупсысэхэращи, журналхэм я пащхьэ къилъхьапхъэт а Iуэхури. Адыгэ Хэкум плIэ, Къэбэрдейм хэ къыщыдэкI журналитIым лъэныкъуитIми я тхыбзэкIэ тха тхыгъэшхуэхэр, усэхэр къытрадзэмэ, адыгэбзэ псэлъэкIэхэр зы щIыным телэжьэнут.
Мыбы и лъэныкъуэкIэ къыхэгъэщыпхъэщ Адыгей къэрал университетым къыдигъэкI «Псалъ» щIэныгъэ журналыр. Зэхэдз лъэпкъ имыIэу а журналым щIэныгъэ лэжьыгъэхэр лъэныкъуитIми щызекIуэ адыгэбзэмкIэ къытрадзэ. Журнал редакцэхэр зэлъэIэсу тедзэным хуагъэхьэзыр тхыгъэхэмкIэ зэхъуэжэныр иджы-ри къыздэсым ча мыхъуа лъэбакъуэшхуи хъунут, абы хуэфащэ пщIэ къэкIуэну зэманхэми щигъуэтыжынут.
- Iуэхум къыхэлъытэн хуейкъэ, Мурат, адыгэ тхыбзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ зэрызэтемыхуэр? Абыхэм епха уи гупсысэхэм дыщыгъэгъуазэт.
- Адыгэ тхыбзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ зэщхь щIыным епха гуныкъуэгъуэри диIэщ. Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Къэбэрдей-Балъкъэрми бзэм елэжьу ис щIэныгъэлI куэд дыдэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щызэхуэсри, Къумахуэ Мухьэдин къыхилъхьауэ щыта проектыр къыщащтат. А проектыр ди республикэми къэрал унафэкIэ щыщIагъэбыдэжри, Адыгейр къеувалIэмэ, зы тхыбзэм дызэдытехьэн хуей нэхъ лажьэ щымыIэу ужьыхыжащ. Ауэ щыхъукIэ, мы проектым и фIагъыу къэлъытэн хуейм щыщщ абы иджыпсту зекIуэ адыгэ тхыбзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ щыщу Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щызекIуэхэм зэхъуэкIыныгъэ нэхъыбэ хилъхьэрэ пэт, ихъуэжыныш- хуи удынышхуи хуэмыхъуу ар Адыгэ Хэкум зэрыщыпхыбгъэкIыфынур. СызэреплъымкIэ, мы Iуэхур Адыгейм и къулыкъущIэхэм иджыри зэ къаIэтыжу хэплъэжын хуейщ.
Тхыбзэр зы щыхъукIэ, узэджэмрэ птхымрэ зы плъыфэ щагъуэткIэ, япэрауэ, ар зы адыгэбзэу зэрыщытыр куэдым на-хуэ ящыхъунущ, етIуанэрауэ, тхыбзэм къыщымыувыIэу жьабзэм теухуауи я зэхуаку илъ зэщхьэщыкIыныгъэ куэд игъэкIуэдыфынущ. Зы адыгэ литературэб- зэм си щхьэкIэ нобэ сытепсэлъыхьыфы-нукъым, лъабжьэ пщIынумрэ щIэгъэ-къуэн пщIыну псэлъэкIэ хабзэмрэ я къыхэхыным псалъэмакъ къикIынум сыщощтэри.
1920 гъэхэм лъэпкъым тхыбзэр къыщищтэм, абы егъэщIылIауэ екIуэкIа псалъэмакъым унэтIыкIэ хъарзынэ игъуэтат. Нобэ а зэманыр тIэщIэкIащ, ауэ дэ Iэмал диIэщ зэрытхуэхъукIэ тхыбзэр зэгъунэгъу тщIынуи, абы дытелажьэмэ, мынобэми, пщэдей зы жьабзэ лIэужьыгъуи къитщIыкIынуи. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым щымыпроектыжу, атIэ къару зиIэ унафэу щыт, ауэ Адыгейм проекту къыщыщынам зы кIэ гуэр етыпхъэт. Мис мыбы ирипсэлъауэ зызыхуэгъэзапхъэхэмрэ зыдэлэжьапхъэхэмрэ гъэнэIуапхъэт.
- Мурат, иджырей техникэм, технологиещIэхэм я Iэмал лъэщхэр сыткIэ къэбгъэсэбэп хъуну-тIэ?
- А Iэмалхэр нэсу, егупсысауэ къэгъэсэбэпынми мыхьэнэшхуэ иIэщ бзэм адэкIи зегъэужьынымкIэ. Ахэр ди дэIэпыкъуэгъуу, адыгэбзэкIэ къыдэкIауэ щыIэ псори зэщIэгъэуIуапхъэт. Ар адыгэбзэм и тхыдэ щыхьэтщ, ар зыуэ, етIуанэрауэ, зэрызиужьын Iэмалщ. Лъэпкъ газетхэм деж къыщыщIэздзэнт. КъызэрытфIэщIымкIэ, ди газетхэм яIэ Интернет-версием къыщымынэу, щIэныгъэ лэжьыгъэ IуэхукIи, щIалэгъуалэм Интернет хэкIыпIэхэр къигъэсэбэпкIэрэ адыгэбзэм ехьэлIауэ къыщагъэщI проектхэр нэхъыбэ хъун и IуэхукIи хъарзынэ хъунт, ди газетхэм я Интернет архив е Интернет гъэтIылъыгъэ диIэмэ.
Псом япэ зи гугъу сщIыр, сызытепсэлъыхьыр Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Къэбэрдей-Балъкъэрми адыгэбзэкIэ къыщыдэкI, къыщыдэкIыгъа газетхэм я Интернет ресурс къызэгъэпэщынращ. Мы лэжьыгъэр зэтеублэн щхьэкIэ зыхуэныкъуапхъэхэр:
- газетхэм я редакцэхэм я арэзыныгъэр;
- газетхэм интернет жыпхъэ ягъуэтын щхьэкIэ ахэр зыщIэгъэкIыпхъэ сканерыр, нэхъ щIэгъэхуэбжьэн щхьэкIэ сканеритI щыIэмэ, нэхъыфIыжщ;
- абы еувэлIэн цIыху е ар къэзыщтэн щIалэгъуалэ гуп.
КъызэрытфIэщIымкIэ, мылъкушхуэ зытемыкIуэдэн, ауэ лэжьыгъэшхуэ къэзыгъэпкIын проектщ ар. Мыр дигу къэзыгъэкIар Югославием хиубыдэу щыта щIыналъэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэ щыхъум, щхьэж и литературэбзэр нэхъри къыхигъэжэбзыкIын, нэхъри къиIэтын щхьэкIэ, иригъэкIуэкIа лэжьыгъэращ. Дэтхэнэ зы щIыналъэми къыщыдэкIа газетхэр зэрыубыдауэ зы щIыпIэм щыбгъуэту Интернет ресурсу ягъэпсри, абы сэбэпынагъыу къихьари наIуэ хъуащ. Архив нэрылъа-гъуи, бзэм и тхыдэр, и зыужьыкIэр ирибджыну материал хъарзыни зэгъэпэща хъуащ, лъэпкъыбзэм и «Iэпкълъэпкъми» зы Iыхьэшхуэуи хэуващ.
Бзэм зиужьын щхьэкIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ, ар абы и егъэфIэкIуэным хуэунэтIащ, жыпIэмэ. ПщIэфынум гъуни нэзи иIэкъым. Мыбдеж щызэкIэлъысхьа гупсысэхэм мылъкушхуи IуэхущIафэшхуи хуэныкъуэкъым. Сызытепсэлъыхьари адыгэбзэ псэлъэкIэхэмрэ тхыбзэхэмрэ зэгъунэгъу щIын зэрыхуейращ.
Егъэджэныгъэм, хамэщI щыпсэу адыгэхэм бзэр яхэпщэным теухуауэ егъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэм иджыпсту я гугъу сщIакъым. Ар къытпэщылъхэм ящыщщ. Гупсысэу къыхэслъхьахэр зыхуэныкъуэр абыхэм елэжьынрэ егъэжьапIэщи, дытевгъэпсэлъыхьу зы унафэ къыхуэдвгъэгъуэтыну зыфхузогъазэ.
Дунейм Iуэхуу тетыр къыпхузэщIэкъуэнукъым, апхуэдэу щыт пэтми, зэщIэкъуауэ нэхъ мащIэм къыщедывгъэгъажьи, кърикIуэнум девгъэплъ. ЗэрыжаIэщи, псыпэ цIыкIу куэд зэхэлъадэмэщ псышхуэ щежэхыр.
- Упсэу, Мурат. Лъэпкъым, ди анэдэлъхубзэм хууиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ Тхьэм къыуигъэхъулIэ.
Епсэлъар
ЖЫЛАСЭ Маритэщ
adyghepsaleru