Адыгей республикэм и "Адыгэ хасэ" зыгухьэныгъэм адыгэбзэм и махуэу щыта Гъатхэпэм и I4-м адыгэбзэм и гумэщIэгъуэхэм теухуауэ митинг иригъэкIуэкIыну яужь итащ, ауэ полицэм тIо къыхуидакъым щIыпIэ къыратыну.
Япэ щIыкIэ Ленин и цIэр зезыхьэ утыкум деж щырагъэкIуэкIыну дефтер щIилъхьащ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ къуэдзэ Къуэблэ Сергей.
Хасэ тхьэмадэ Чундышко Заурбий зэрыжиIэмкIэ, а утыкур хэткъым цIыхушхуэ щызыхуэс хъуну щIыпIэхэм, ауэ абдежым щырагъэкIуэкI апхуэдэ пэкIухэр.
Жэуап къыратыжащ абдежым ущызыхуэс мыхъуну. ИужькIэ "Зэныбжьэнгъуныгъэм" и утыкум деж щызэхуэсыну дефтер щIалъхьати, абдежми узыхуэс мыхъуну къыщIэкIащ.
Чундышком зэрыжиIэмкIэ, Адыгейм мыарэзыныгъэ пэкIу зыри ядэкъым ирагъэкIуэкIыу, икIи адэкIэ ящIэкъым митингыр ирагъэкIуэкIыну хущIэкъуными, къэувыIэжыными.
Адыгейм щыщ журналист, Натпресс хъыбарыбэ Iэмалым и редактор нэхъыщхьэ Шаззо Аслъэн Хуитыныгъэ радиом къыжыреIэж Iуэхухэр къызэрекIуэкIар:
"Япэу щIалъхьа тхылъым зэритымкIэ, митингыр Ленин и цIэр зезыхьэ утыкум деж щащIынут.
Ауэ хабзэ къекIуэкIымкIэ, щIыпIэ щхьэхуэ гуэрхэр хэхауэ щыIэщ цIыхушхуэ щызыхуэс хъуну.
Ленин и цIэр зезыхьэ утыкур хыхьэкъым апхуэдэ щIыпIэ хахахэм. Митингыр зыгъэхьэзырхэм ящIэт ар, ауэ апхуэдэу ятхащ.
Ар къыхуамыда иужькIэ "Зэныбжьэгъуныгъэм" и утыкум деж щырагъэкIуэкIыну ятхащ. Абы жэуапу къыратыжар сэ утыку къислъхьащ.
Абы зэритымкIэ, а махуэм а утыкум деж лэжьыгъэ гуэрхэр щырагъэкIуэкIынущ, аращи а махуэм абдежым щызыхуэс хъунукъым. Абыхэм къыжыраIащ нэгъуэщI махуэ хахын хуейуэ. АдэкIэ ящIэныр ящIэкъым, я зыгухьэныгъэм унафэ къыщащтэн хуейуэ аращ.
Абыхэм къызэралъытэмкIэ, полицэм дау мыхъуами идэнукъым ахэр зыхуэсу, нэгъуэщI махуэ къыхаху щытми.
Аращ сэ къызжиIар Чендышко Заурбий, а зыгухьэныгъэм и тхьэмадэм. Гугъущ къыпхуадэным ущыгугъуну, апхуэдизрэ ямыдэу къыщекIуэкIым.
Апхуэдэу тхылъ куэд щIалъхьащ администрацэм, икIи къыхуамыдауэ дефтер куэд зытрихьащ Къуэблэм и цIыхухэм ядеж. Аращ нэхъыбэм мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр зи жэрдэмыр.
Сэ зэрысщIэмкIэ, администрацэр хьэкумым иритауи щытащ.
Сэ сщIэкъым абы къехъулIа щыIэу. Митинг ящIыну хъыбарегъащIэ тхылъу I0-I5 хуэдизыр къыхуамыдауэ щыIэщ".
Адыгэбзэм и гумэщIэгъуэм лъэпкъыр къегъэгузавэр. КIуатэ пэтми абы ирипсалъэхэр къапщIэу нэхъ мащIэ мэхъу.
Ар жеIэр филолог ХьэкIуашэ Мадинэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, адыгэбзэри, нэгъуэщI Кавказ лъэпкъхэм я бзэхэри иджыпсту кризисышхуэ итщ.
Лъэпкъыбэ Зэлъыкъуэувахэм я ЗэщIэхъеныгъэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIэнхабзэмкIэ и гупжьейм къелъытэр Кавказ лъэпкъхэм я бзэхэр кIуэдыжхэм щыщу. ХьэкIуашэм зэрыжиIэмкIэ, лингвист-кавказоведхэм жаIэр иджыри лъэс 25-50 дэкIым, лъэпкъыбзэхэр щымыIэжыну.
"Ар къыщIегъэбыдэр Iуэхухэр къызэрекIуэкIым, псалъэм папщIэ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэхэм хухах бжыгъэр зэрыхэщIым. Псалъэм папщIэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэр Къэрал Университетым "адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ" и къудамэм I970-80 гъэхэм тIысыпIэу 75 хухаху щытащ, ауэ 20I2-20I3 гъэхэм а къудамэм цIыху 38 щIагъэтIысхьау аращ. Къэралыр сэрэп мыхъуу щытым, ди лъэпкъыр адрейхэм къызэрыщхьэщыкIхэм щыщу нэщэнэ нэхъыщхьэр - ди бзэр, тфIэкIуэдынкIэ хъунущ", - жеIэр ХьэкIуашэм.
Къалэм къыщыхъу щIалэгъуалэм адыгэбзэр фIыуэ ящIэкъым. Абы къыхэкIкIэ адыгэ литературэм еджэр нэхъ мащIэ мэхъу, адыгэбзэкIэ къыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ я тиражыри нэхъ цIыкIу мэхъу.
Апхуэдэу адыгэбзэр дэхуэха зэрыхъум къыхэкIкIэ къагупсысау щытащ адыгэбзэм и махуэр. Апхуэдэ махуэ щIыщыIэр бзэм и гумэщIэгъуэхэм гу лъатэн щхьэкIэщ, абыхэм тепсэлъыхьын щхьэкIэщ, цIыхубэр къызыщIагъэушэу бзэр зэрыт щытыкIэ гузэвэгъуэм гулъытэ хуащIын щхьэкIэщ.
Ауэ Адыгей республикэм и полицэр щхьэусыгъуэншэу пэрыуэн мэхъу политикэ щIэбзэ зыщIэмылъ пэкIур ирагъэкIуэкIыным.
Къэрал хабзэм къызэригъувымкIэ, къэрал къулыкъухэм хуиткъым ямыдэну пэкIу ирагъэкIуэкIыну, ауэ щIыпIэ къагъэлъэгъуам деж щекIуэкIынкIэ Iэмал имыIэу щытым, нэгъуэщI щIыпIэ, е нэгъуэщI зэман къырагъэлъэгъун хуейщ.
Мыекъуапэ полицэм и подполковник ХуакIуэ и жэуап Натпрессым къихуам къызэрыхэщымкIэ, пэкIур "Зэныбжьэгъуныгъэ" утыкум деж щырагъэкIуэкI хъунукъым, абдежым лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущи.
Абы къыхэкIкIэ пэкIур щамыгъыIэну, ар ирагъэкIуэкIым, езыгъэкIуэкIам тезыр тыралъхьэну къыхощ тхыгъэм.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио Бэрокъуэ Артур