Кадыров Рамзан Ткачев Александр
Украинэм и КъуэкIыпIэм щыIэ зэпэщIэтыныгъэм ипкъ иту Урысей къулыкъущIэхэм санкцэхэр тралъхьащ. Санкцэхэр къигъэщIащ Европэ Зэкъуэтым. Дэфтэрым ихуахэм яхэтщ шынагъуэншагъэ къулыкъум и унафэщI Бортников Александр, къэралщIыб тIасхъэщIэх унафэщI Фрадков Михаил, Шэшэным и нобэрей администрацэ тет Кадыров Рамзан, шынагъуэншагъэ гупжьейм и унафэщI Патрушев Николай, Краснодар хэгъуэгум и губернатор Ткачев Александр сымэ.
Санкцэхэр апхуэдэу тралъхьащ «цIыхубэ республикэ» зыфIэзыщыжа Донецки, Лугански я лIыкIуэ зыбжанэм.
Ахэр псори ягъэкъуаншэ Украинэм и суверенитетым зэран хуэхъуауэ.
Европэ Зэкъуэтым и дэфтэрым псори зэхэту ихуащ цIыху 87-рэ, гуп 20рэ. Ахэр хуиткъым Европэ Зэкъуэтым ихьэну, хамэ къэралхэм ахъшэ гъэтIылъыпIэхэр щаIэмэ, зэхуащIынущ. Европэ бизнесменхэр ядэлэжьэнукъым мы дэфтэрым ихуа цIыхухэм.
Хуитыныгъэ Радио