КъБР-м деж Сирие адыгэхэм ядэIэпыкъуну псапащIэхэм мылъку зыхуахьэс


КъБР-м щыIэ псапащIэхэм фокIадэм и 1-м Сирием къикIыжауэ мы республикэм щыIэ адыгэхэм я сабийхэм папщIэ мылъку зыхуахьэсырикIисом мин зэрыз хуаугуэшащ. 

«Псори зэхэту  мы ахъшэр я Iэрыхьащ сабий 33-м.  Мыбы хуэдэ къабзэу фокIадэм и 3-м нэгъуэщI жылагъуэхэм щыIэ Сирием къикIыжа сабийуэ 12-м сом мин зэрыз IэщIалъхьахэщ»- жиIэри  а псапащIэхэм ящыщ Ольга Ефендиева-Бегрет жиIауэ утыку къихуащ.


Фигу къэдгъэкIыжынщи Сирием зауэ къыщекIуэкIым ипкъ иткIэ абы щыIэ адыгэ жылагъуэхэр зэтракъутахэщ.

ИкIи  абы щыпсо адыгэхэм мызэ мытIэу Урысейм щыIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэралымрэ ядэIэпыкъунухэу зыхуагъэзащ. АрщхьэкIэ Урысейм зэкIэрэ ахэм ядэIэпыкъуным хуэгъэзауэ лъэбакъуэ ичакъым.

2014 гъэм КъБР-м хамэ къэрал щыщу  цIыху 1000 къихьэну хуит ящIащ. 2013 гъэм Сирием икIыжауэ цIыху 306-рэ мы республикэм зэманкIэ щыпсэуну  хуиту  цIыху 130-м Урысейм и щIыпIэ дэтхэнэми щыпсэуну  хуиту  тхылъымпIэ иратащ.

АрщхьэкIэ Сирием икIыжыуэ зи хэку Кавказ Ищхъэрэм зыгъэзэжыну хуей адыгэхэу ар зыхузэфIэмыкIхэм  я бжыгъэр куэдкIэ  нэхъыбэщ.


«Мы Сирием къикIахэу щтапIэ ихьэжахэу Кавказ Ищхъэрэм зыгъэзэжа адыгэхэм ядоIэпыкъухэр псапащIэхэу КъБР-м, КъШР-м, АР-м нэгъуэщI Кавказ ищхъэрэм и куейхэм щыщхэмрэ абы къыщынэмыщIа мыбы икIахэу дунейм и щIыпIэ куэдым щыпсо адыгэхэмрэ»- жиIэри Ольга Ефендиева-Бегрет «Кавказский узел» -м жриIащ.


Сирием къикIыжахэм ядэIэпыкъуну  гукъыдэж зиIэхэм интернетым Facebook-м, ВКонтакте напэкIуэцIхэм гупхэр къыщызэрагъэпэщахэщ хэт ахэм ядэIэпыкъуну гукъыдэж иIэхэми абдейм зыкъыщигъэлъагъуэфынууэ Iэмал иIэу.

ИкIи ахэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ ахэм ядэIэпыкъуну  гукъыдэж зиIэхэр мащIэкъым . Сирием къикIыжахэу Налшык къалэ и зыгъэпсэхупIэхэм щIэс адыгэхэм я Iуэху зытетыр Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ а псапащIэхэм жыджэру  яхэт Жэмыхъуэ Заур:

«Илъэс хъуащ ахэм дадэIэпыкъун зэрыщIэдзэри зэпымычыу  зехъуэж, зэ хущхъуэ хуэныкъуэмэ къахудощэху сымаджэхэм, итIанэ зэ зы зыгъэпсэхупIэм къикIыу  нэгъуэщI щIыпIэ ягъэкIухэти зыри зыхуей хуэзахэу щыттэкъым, зыхэлъын гъуэлъыпIи зытрапIэни дахэ дахэу яхурикъухэтэкъыми абыхэмкIэ дадэIэпыкъуащ.

Зэзэмызэ къопсалъэхэри пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэм щIэдгъэтIысхьэнууэ дыхуейщи хъукъымэ дыкъащтэкъымэ жаIэхэри къыджаIэри ахэмкIэ дазэрыдэIэпыкъуным иужь дитхэщ. КъулыкъущIэхэм зыгуэрууэ а Iуэхухэр зэрахукIуэцIырыдгъэкIыным дыпылъщ. Иджыпсту унэхэм поплъэхэр. Унэ къахуащэхунууэ къагъэгугъахэщ бизнесменхэм.

Абы щIэс сабийхэм гумащIэгъуэу яIэр урысыбзэращ. Урысыбзэр зэрамыщIэр еджапIэм щыкIуэкIэ зэран къахуохъур.  Аращи къэралым зы программэ гуэр ахэм теухуауэ зэхилъхьэу япэ щIыкIэ хуагъэхьэзырын хуейхэт. Ауэ зыми а Iуэхур къырихуэкIкъым».


«Нарзан» зыгъэпсэхупIэм щыпсэу Сирием адыгэхэм ящыщ Тумхэ я щIалэм зэрыжиIамкIэ ахэм я Iуэхур куэдкIэ нэхъ тынш хъун щIидзащ а республикэм щыпсэу псапащIэхэр къазэрыдэIэпыкъум къыхэкIкIэ. ИкIи абы къызэригъэлъагъуэмкIэ ахэр илъэситI ипэкIэ езы Сирие дыдэм щагъэзэжыным щегупсыс увыпIэм иту щытамэ иджы я нэхъыбэр я адэжь хэкум къэнэжыну  хуейхэщ.

Сирием икIыжа адыгэхэр Адыгей республикэми  щатIысэх. Псори зэхэту  Адыгей республикэм зыгъэзэжахэм щадэIэпыкъу купсэм зэрыжиIэмкIэ Сирием  икIыжхэу адыгэ 800-м къагъэзэжахэщ. Псори зэхэту Кавказ Ищхъэрэм къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэхэр 1500-м ноблагъэхэр.

АрщхьэкIэ дунейм и къэрал 50-м щIигъум щызэбгырыпхъауэ щыпсэу адыгэ мелуан бжыгъэхэм тепщIыхьыу щытмэ ар икъукIэ мащIэщ. Уеблэмэ иджыпсту зауэ здыщекIуэкI Сирие къэралыгъуэм щыпсэу адыгэхэм я бжыгъэр мин 200-м нэблагъэу къагъэлъагъуэр адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэм.