Нобэр къыздэсым унафэщIхэр ауэми ятегузэвыхькъым сирие адыгэхэм


Бжыгъэ зэхуэмыдэхэм къазэрыхэщымкIэ, Сирием адыгэ щопсэу 100.000-м щыщIэдзауэ 200.000-м нэс.  Ахэр къатехъукIыжащ  е XVIII-XIX-нэ лIэщIыгъуэхэм илъэсищэкIэ екIуэкIа урыс-адыгэ зауэм ипкъ иту зи хэку ирагъэкIахэм. Хамэ къэрал куэд псэупIэ зыхуэхъуа адыгэхэмрэ Ищхъэрэ Кавказым къинахэмрэ зэрылъагъужыну, иужькIэ я бынхэр зэрыцIыхуну лъэкIыныгъэ яIакъым илъэсипщI бжыгъэ куэдкIэ, лъэпкъ мащIэхэм яхуэгъэзауэ Урысейм иригъэкIуэкI политикэ ткIиим къыхэкIыу. Илъэс тIощIым нэблэгъащ лъэпкъым апхуэдэ лъэкIыныгъэ  зэригъуэтри, ауэ итIани Кремлым и политикэр зэрыткIийщ.

Сирием деж, илъэсищым фIэкIащ  Iэщэ зэпэщIэтыныгъэр зэрыщIидзэри, махуэл дэмыкIыу цIыхухэр хокIуадэ.  А зауэм зыкърагъэлыну,  зи адэжь хэку, Ищхъэрэ Кавказым зыгъэзэжыну хуейхэр фIырыфIкIэ Урысейм зыбгъэдигъэхьэкъым. А илъэсищ пIалъэм къриубыдэу  сирие адыгэу Урысейм иригъэхьар щэ бжыгъэ къудейщ. Ахэм ахъшэкIи, еджапIэкIи, лэжьапIэкIи ядэIэпыкъур къэралракъым – атIэ псапащIэ IуэхущIэхэращ.

Украинэм  и КъуэкIыпIэм мы гъэм Iэщэ зэпэщIэтыныгъэм зэрыщIидзэрэ Ищхъэрэ Кавказ унафэщIхэм шыгъу-пIастэкIэ ирагъэблэгъащ Донбасс щыщ урыс минипщIым нэс. Урысейм ахэр мылъкукIи, псэупIэкIи, лэжьапIэкIи къызэрегъэпэщ.

Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи, мы махуэхэм Урысей хьукумэтым унафэ къихьащ Украинэм икIа урысхэм папщIэ ахъшэу сом мелуан  бжыгъэхэр къызэриутIыпщым теухуауэ.

Адыгэ пэжырытелъхьэхэм, бэдаущ зэщIэхъееныгъэхэм я пашэхэм  я мыарэзыныгъэ ягъэлъагъуэ  Урысейм и лъэпкъ зэхэгъэжыныгъэ Iуэхухэм папщIэ.  «Сирием щыпсэу адыгэхэм я гугъу щащIым,  урысей къэрал унафэщIхэр ауэми гузэвакъым икIи  апхуэдэ унафэ псынщIэхэр къахьакъым.  ИпэжыпIэкIэ Украинэм къикI  урысхэм яхуэдэу адыгэхэри ди хэкуэгъущ» жаIэ адыгэ бэдаущ Iуэхузехьэхэм.

Украинэм и КъуэкIыпIэм  щыщу Урысейм ихьэхэм папщIэ Мэзкуум мы махуэхэм аргуэру ахъшэ зэрахухихар и жагъуэ хъуащ Тыркум щыпсэу, уэчыл,  Тумэ Рэхьми.

Тумэ Рэхьми:  Шэч хэмылъу си жагъуэ хъуащ. Хабзэ и лъэныкъуэкIэ, Урысеймрэ дэрэ дякум дэкIа Iуэхухэм уеплъа нэужь Украинэм  и КъуэкIыпIэм икIыу Урысейм ихьахэмрэ нэхърэ дэ нэхъыбэ Iыхьэ щыдиIэн хуейщ. Мыр утыку псалъэ убгъуа щIын хуейщ.


Тыркум къыщалъхуа, абдеж щапIа, ауэ илъэс бжыгъэ хъуауэ Мейкъуапэ щыпсэу, лъэпкъ Iуэхузехьэ  Ацумыжь Хьилмы Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжриIэмкIэ гугъуехь пэщIэхуа дэтхэнэми къэралыр дэIэпыкъун хуейщ, ауэ зэхэдз лъэпкъ Iуэхум хэмыту.

Ацумыжь Хьилмы: ИпэжыпIэм ухуеймэ, у-цIыхумэ залымыгъэм кърихужьэу хэт уи къэрал къимыхьами,  къызыхэкIа лъэпкъ уемыплъу удэIэпыкъун хуейщ. Ар уи цIыху къалэнщ. Украинэм и КъуэкIыпIэм щыщхэр Урысейм иригъэблагъэри абыкIэ къэралыбэ къалэн гуэр зэриIэр игъэлъэгъуащ. Ауэ, ауэ, уи къэрал ис нэгъуэщI лъэпкъхэми апхуэдэу уапыкъукIын хуейщ. Урысейм адыгэ щIыналъэхэр щыIэщ, адыгэ цIыхухэр щопсэу. Ахэм я лъэпкъэгъухэр Сирие зэпэщIэтыныгъэм хэхуащ. Ахэр Урысейм къихьэми Украинэм къикIам хуэдэу уапыкъуэкIын хуейщ. Ауэ абы и лъэныкъуэкIэ зэхуагъэ лъэпкъ щыIэкъым».


Урысейм щыIэ хабзэхэмкIэ хэгъуэгу къэс иIэжщ хамэкъэрал цIыхуу иригъэблагъэ хъуну бжыгъэм и мардэхэр-квотэхэр. «А хабзэр мэлажьэ сирием щыщ адыгэхэм яхуэгъэзауэ, ауэ УрысеймкIэ хамэ къэралу щыт Украинэм икIа урысхэм я деж Iуэхур нэсмэ, а хабзэр ящогъупщэ» жаIэ лъэпкъ Iуэхузехьэхэм.

Къэрэшей-Шэрджэс адыгэ хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжриIамкIэ Сирием икIыжа адыгэхэр нэхъ мащIэу езыгъэблэгъар Къэрэшей-Шэрджэсращ. Мы пIалъэм ехъулIэу абдеж щыпсэур 30-м нэблагъэ къудейщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым деж  Сирием щыщ адыгэхэм ядэIэпыкъууу щытащ  «Пэрыт» зэщIэхъееныгъэр. Ар къызэрагъэпэщат Сирием, Тыркум, Иорданием икIыжа репатриантхэм. 

Ар телажьэт къэзыгъэзэжхэм я тхылъхэр зэрагъэпэщынымрэ щIыпIэщIэм есэнымрэкIэ.  Ауэ а зэщIэхъееныгъэр  мы гъэ гъэмахуэм зэхуащIыжащ.

«Пэрыт»  адыгэ бэдаущ зэщIэхъееныгъэм дэлэжьа, зи цIэ къизыIуэн зымыдам NatPress-м зэрыжриIамкIэ, зэщIэхъееныгъэм и лэжьыгъэр игъэувыIэжын къыхудэхуащ къэрал къулыкъухэм я текъузэныгъэмрэ ахъшэ зэрамыIэмрэ къыхэкIыу.

Хуитыныгъэ Радио