Урысейм и Къэрад Думэм халъхьащ хабзэ проект, къэрал кIуэцIым Америкэ Штат Зыкъуэтым и доллархэр щыпхъумэну, е щызебгъэкIуэну ухуимыту ищIу. А хабзэр къащтэу щытым, Урысейм и цIыхухэм зы илъэсым икIуэцIкIэ доллар аккаунт банкхэм щаIэу щытым, ахэр урыс сом ящIыжын хуейщ, е нэмыщI къэралхэм я ахъшэ ящIын хуейщ - евро, фунт, йенэ, юань, е нэгъуэщI зыгуэр. Илъэс пIалъэр икIыу щытым, доллар аккаунтхэр зыхуащIынущ, икIи полицэм доллар зыгуэрым иIыгъыу къигъуэту щытым, е гъунапкъэхъумэхэм, е хьэкъхэххэм къагъуэтым, е Iэпхъуэныгъэ федерал къулыкъум къигъуэту щытым, а ахъшэхэр яубыдынущ.
"А доллар яубыдахэм я уасэр иужьыкIэ къыратыжынущ, ауэ махуэ 30 дэкIа нэужь" - жеIэри етх РБК хъыбарыбэ Iэмалым. Дэпхуэдэ щIыкIэу ар къыратыжыными унафэщIхэм яубзыхун хуейщ. Хабзэ проектыр къэзыгупсыса депутат Дягтерев Михаилым зэрыжиIэмкIэ, мазэкIэ ахъшэр фIаубыдым - аращ тезыру техуэныр хабзэр зымыгъэзащIэм.
Хабзэр къащтэрэ лажьэн щIидзэу щытым, доллар Урысей кIуэцIым арыхэ цIыхухэм къащыхуэщэхунукъым. БанкIкIэ доллар къащэхуну яужь ихьэу щытым, ар къыщIащэхур Iэмалыншагъэу зэрыщытыр къыщIагъэбыдэн хуей хъунущ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ, псалъэм папщIэ, нэрыбгэр къэралым икIыну зигъэхьэзыру щытым. Ауэ дэтхэнэ зы къэралыми укIуэ щхьэкIэ доллар къэпщэху хъуну щытынукъым.
Щапхъэу къахь Европэ къэралхэр - абдежым доллар къэпщэхуныр Iэмалыншэу щыткъым, евро къэпщэхуми хъунущ. Дефтер утыку къихуам къызэрыхэщымкIэ, иджыпсту Америкэм и доллархэр къыщIащэхур цIыхубэр есащи аращ, амыхъу ар Iэмалыншагъэу аракъым. 20I2 гъэм нэхъыбэ дыдэу зыгъэпсэхуакIуэ здэкIуа къэралхэм щыщу 50 къапщтэм, абыхэм щыщу II-р аращ долларым ипIэкIэ нэгъуэщI ахъшэ тыншу щыкIуэцIырымыкIыр.
Хабзэ проектыр зытхам къызэрилъытэмкIэ, цIыхубэм я нэхъыбапIэм зэран хуэхъунукъым мы хабзэр. Ауэ Санкт-Петербург дэт Экономикэм и еджапIэ нэхъыщхьэм и еджакIуэ КIуаш Адисэ зэрыжиIэмкIэ, мы хабзэр къащтэм, абы лъэныкъуэ куэдкIэ зэран къихьынущ:"Япэрауэ, жыIэн хуейуэ сэ къэслъытэр, долларыр зепхьэ мыхъуну ящIыныр ар цIыхубэр щIэзыгъатхъэ лъэбакъуэ зыгуэру аращ, политикэ щытыкIэ иджыпсту щыIэм хуэкIуэу.
Долларыр зекIуэну, е яхъумэну хуимыту ящIу щытым, абы инвестицие къешэлIэн Iуэхум и зэраным и закъуэкъым къикIыныр, е туризмым и зэраным и закъуэкъым. Абы къыхэкIынущ лъабжьэщIагъ экономикэм и зыужьыныгъэ. Долларыр щэн-къэщэхун Iуэхугъуэхэр хабзэншагъэкIэ къагъэхъуу щытынущ. Иджыри къыхэзгъэщыну сыхуейт, псом нэхъапэ апхуэдэ Iэмалхэр арыхэ цIыхухэм зэреуэныр.
ЦIыхухэр лъахъэ ихуэнущ, къэрал къулыкъухэм я унафэншэу зы Iуэхугъуэ гуэрхэр ямыщIэфу. ЦIыхухэм хамэ къэрал ахъшэ яIэу щытым, абы къикIыр сыт щыгъуэ хуейми я мылъкур ящэу хамэ къэрал Iэпхъуэфыну аращ. Иджы хамэ ахъшэ къащэхун хуей хъухукIэ къэрал къулыкъухэм елъэIун хуей хъууэ щытым, абы къикIыр а жыхуэсIар яхуэмыщIэну аращ.
Туризм Iуэхугъуэхэм утепсэлъыхьу щытым, хамэ къэрал къикIыу Урысейм къакIуэ зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэр мащIэщ, абы иджы зиужьу щIидзауэ аращ. Дызытепсэлъыхь хабзэр къащтэу щытым, ар зэранышхуэ хуэхъунущ Урысейм турист къэкIуэн Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ. Ди къэралым икIыу зыгъэпсэхуакIуэ нэмыщI къэралхэм кIуэхэм щхьэкIи нэхъ тыншщ мыбдежым ахъшэ яхъуэжрэ ежьэм. Ауэ сэ къызэрызгурыIуамкIэ, хабзэ проектым къегъэув цIыхур къэралым икIыу абдежым ахъшэр щихъуэжын хуейуэ.
ЩыIэщ къэрал гуэрхэр долларыншэу уи Iуэхур тыншу щыдэкIыну. Ар къэрал нэхъ тпэгъунэгъухэр аращ, Совет къэралыгъуэм хэта къэралхэр. Ауэ Европэм утепсэлъыхьу щытым, е адрей къэрал нэхъ жыжьэхэм, абдежым апхуэдэу щытым, хэкIыпIэ къэбгъуэтыну гугъу хъунущ. Хамэ къэрал сату дэщIын лъэныкъуэкIэ укъеплъу щытым, зэрытщIэщи, иужьырей зэманхэм зыгурыIуэныгъэ гуэрхэр къащтащ Европэм газ урыс сомкIэ фIэкI ирамыщэну.
Ауэ макроэкономикэ лъэныкъуэкIэ укъеплъу щытым, урыс сомым лъабжьэ быдэ иIэкъым долларым ипIэкIэ лажьэфыну, хамэ къэралхэм сату дэщIыныр сомкIэ фIэкI емыкIуэкIыу пщIыфыну" Хабзэ проект утыку къыралъхьар къыщIэзыгъэбыдэ дефтерым къыхощ долларым ипIэкIэ нэгъуэщI ахъшэ къэпщэхум тэмэму уи Iуэху щыдэкI къэралхэр. Абы хэтщ Европэ къэралыгъуэхэр, Ищхъэрэ Африкэ къэралхэр, Тыркур, Китайыр, Совет къэралыгъуэм хэта республикэхэр, Монголиер, Ираныр, Абхазыр, Ипщэ Осетиер, нэгъуэщIхэри.
Хабзэр къэзыгупсысам къызэрилъытэмкIэ, а къэрал къырабжэкIахэм кIуэ нэрыбгэм доллар иIыгъын хуейкъым. Мы хабзэр къэщтэн хуейуэ щIыщытым и щхьэусыгъуэу къыхагъэщ доллар Урысейм зэрыщызекIуэр зэран хуэхъуу урыс сомым нэхъ зишэщIыну, дунейм мылъку зэрыщахъумэ ахъшэ сомыр абы имыгъэхъуу жаIэу. Абы нэмыщI Урысейм и цIыхухэм я мылъкур сомкIэ ямыхъумэу долларкIэ зэрахъумэри къэралым щхьэкIэ шынагъуэу къалъытэр хабзэ проектыр зытхахэм.
Дефтерым къызэрыхэщымкIэ, иджыпсту долларым и къэру щыIэр 20I7 гъэм къутэжынущ, икIи абы и мыхьэнэр къещэщэхынущ. Аращи, Дягтеревым и мурадщ мы хабзэмкIэ Урысейм и цIыхухэм я хьэлэмэт ихъумэну, долларым и мыхьэнэр къекъутэхым Урысейм и арыхэ цIыхухэр химылъэфэн щхьэкIэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 20I3 гъэм Сирием и президент Асад Башар унафэ къищтащ къэрал кIуэцIым хамэ къэрал и ахъшэкIэ сату ящIыныр хуимыту. А хабзэм ебакъуэхэр илъэсипщIкIэ ягъэтIысыну хуитщ. Абы нэмыщI ахэм хьэкъ ирагъэт сату зэращIа уасэм нэхърэ тIукIэ нэхъыбэу.
Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радиоБэрокъуэ Артур