Налшык имамым и цIэкIэ зэхуэс щыIэн хуейщ


Налшык дэт «Мансур» мэжджытым и имам Щхьэныкъуэ Анзор сымаджэщым щIатхыкIыжащ теуэныгъэ иIа нэужь.

ЩIышылэм и 31-м ар яубэрэжьащ здэпсэу унэм и гъунэгъуу.

Езы имамым зэрижиIамкIэ, ар куэдрэ ягъэшынэну пылъащ зыгуэрхэм.

Налшык и мэжджыт нэхъыщхьэм нобэ щызэхуэсын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэр муслъымэнхэр, а къэхъугъэм тепсэлъыхьын папщIэ.

Хуитыныгъэ Радио