ЩIалэгъуалэ зыпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ хъун папщIэ зэхуэс ирагъэкI


Къэбэрдей Балъкъэрым и зы жылагъуэ Жанхъуэтхьэблэ щекIуэкIащ зэпеуэ зэхуэс. Зэхуэсыр зытегъэпсыхьауэ щытар текIуэныгъэ махуэр мыгъэм илъэс 70 зэрикъур,итIанэ щIалэгъуалэхэр нэхъ зэхэхьэн зэрыцIыхун папщIэщ. Зэхыхьэр нэхъыбэу хуэгъэзауэ щытащ спортым, абы ипкъ иткIэ спорт зэмылIэужьгъуэ куэди къыщагъэлъэгъуащ. Зэхуэсым и екIуэкIыкIэр къыжиIэну Хуитыныгъэ радиом зыхуигъэзащ, мы Iуэхур кыызэзгъэпэщахэм ящыщ, банэкIэ хуит спортым и унафэщI Бэлъкъыз Хьэсэн. 

Бэлъкъыз Хьэсэн: Нобэ мы Iуэху екIуэкIыр зэгъэщIылIар текIуэныгъэр илъэс 70 зэрикъурщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ къуажэм къырахьэкI Iуэхущ. Кхъуей плъыжь кIэрыщIэ ирагъэкIуэкI, здожэхэр шыгъажэу, сабий цIыкIухэм эстафетэ жыхуиIэмкIэ зыпоуэ. ЦIыхушхуэ къыщызэхуос хамэкъуажэхэм къикIыу. Мис иджыпсту кхъуей плъыжь кIэрыщIэм зырагъэтхащ Жэмытхьэлэ, Лэсчэн, Старый Черек, Урвань къикIа щIалэхэм. Хэт щыпэрытынумии Тхьэм ещIэ деплъынщ къызэригъэлъагъуэщ. ИтIанэ къыхэзгъэщыну сыхуейт мы цIыху къырихьэлIа куэдыр къыдохъуэхъу ди щIалэ Урысейм япэ увыпIэ къыщихьащи, сэри сехъуэхъуну сыхуейщ Джэду Аниуар банэкIэ хуитымкIэ Урысей псом япэ увыпIэр къызэрыщихьамкIэ. 

Мы зэхьэзэхуэр сыщумыууи щытмэ илъэс 28 хъуащ, ипэжыпIэ дыдэр нэхъыжьэхэм нэхъ ящIэнщ, ауэ сэ илъэс 28 хъуауэ сыхоплъэ мы Iуэхум. Иджыри къыхэбгъэщхьэхукIыу жыпIэ хъунущ мыбы къафэ зэхьэзэхуэ зэрыщыIэр, абы етауэ щIалэгъуалэр нэхъ зыхуешэс , къуажэм къыдэнауэ къыщIэкIынкъым щIалэгъуалэ мыбы къемыкIуалIэу, абы и хьэтыркIи цIыхухэр нэхъ зэрыцIыхуа мэхъу нэхъ зэролъытэр. Адыгэ хабзэ бзыпхъэ тегъэщIылIауэ ифIагъ куэдкIэ къокI. Къуажэм и зэхьэзэхуэм и фIагъыу хэлъыр, Къуажэ зэхьэзэхуэр администрацэм егъэщIылIауэ ящI щхьэкIэ и мылъку егъэкIуэкIыкIэр, къауэжэ псом къызэрыгуэкIыу дэс цIыхухэм зыхуахьэсау ящIыу аращи, абы нэхъ гъэщIэгъуэн ещIри махуэшхуэр нэхъыфI мэхъу. 

Зыхуахьэсыфам елъытауэ, тырагуашэри приз зэрызыхэ ират. Шыгъажэр зэфIэкIауэ, къуей плъыжь кIэрыщIэ цIыху нэхъ здекIуалIэхэм щIадзэну загъэхъэзыр. КъыщынэмыщIауи, зыщIаIэтэнухэщ, топ джэгу щыIэнущ, волейбол здэджэгунухэщ, спортзалым бокс хамэкъажэхэр къэкIуауэ щокIуэкI. 

Нартан жылагъуэм щыпсэу ДыщэкI Лянэ Жанхъуэтхьэблэ щекIуэкI зэхьэзэхуэм еплъыну къэкIуащи Хуитыныгъэ радиом зыхуегъазэр къызэрыщыхъур къыжиIэну. 

ДыщэкI Лянэ: Мис нобэ си шыпхъухэр дызэгъусу зэпеуэ щыIэм деплъыну Нартан дыкъикIри дыкъэкIуащ, куэду дигу ирохь гъэщIэгъуэну йокIуэкI, зэхьэзэхуэ куэд мэхъухэр. Мис иджыпсту си дэлъхухэр сигъусэщи абыхэм языр кхъуей плъыжь кIэрыщIэ зэпеуэм хэтащ тыгъи къыщахьащ. Апхуэдэ зэфIэкI къуажэм зэраIэр дигуапэщ ефIакIуэну дыхуейщ. Дэ нэмыщIи къуажэ щхьэхуэхэм къикIауэ цIыхушхуэ къызэхуэсахэщ, гъэ къэсыхункIи мыпхуэдэ зэпеуэ дахэхэр ирагъэкIуэкIхэр. 

Зыхуэсым хэтыну къирихьэлIахэщ жылагъуэ зыбжанэ, Къэхъун, Зэрыгъыж, Жэмытхьэлэ, Тэрч куейм щыщыхэр. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ Жанхъуэтхьэблэм щыпсэу цIыхухэм я щхьэзакъуэ мылъкукIэ, хэт дапхуэдиз хузэфIэкIми зэхалъхьэурэ. Зэхуэсыр ирагъэкIуэкIын щIадзащ I995 гъэм, нобэр къыздэсми зэпымыуауэ йокIуэкI . 

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ радио. Къэбэрдей Балъкъэр