Адэмокъуэ Елбэрд: Къэралыр зы щхьэ закъуэ унафэм и гъуэгум тохьэ


Къэрэшей-Шэрджэсым адыгэ лъэпкъым я зэщIэхъееныгъэщIэ къызэрагъэпэщащ . Ауэ хэгъуэгум и Адыгэ хасэм хэтхэм унафэ къахьри а гупым яхыхьэн ядакъым. Къалъытащ хьукумэтщIэплъ зэщIэхъееныгъэ къызэрагъэпэщауэ. Иужьрей зэманым Къэрэшей-Шэрдэсым къыщекIуэкI Iуэхухэм ехьэлIауэ и гупщысэхэмкIэ Хуитыныгъэ Радиом къыдэгуэшащ къыдэгуэшащ Черкесск и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Адэмокъуэ Елбэрд

Адэмокъуэ: Дэгъуэ хъуа езыр апхуэдэу зыкъызэрагъэлъэгъуамкIэ. Мис апхуэдэу пхэнжу дызэхэтщ. Ди нэхъыщIэхэм апхуэдэ щапхъэхэр ядогъэлъагъу. Я щхьэ Iуэху зэрахьэну, я унагъуэ Iуэху ирагъэфIэкIуэн я гугъэщ ахэм. 

Хуитыныгъэ Радио: Адыгэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэр зэгухьэным лъабжьэ хуэхъуауэ жыхуаIэращ лъэпкъ Iуэхухэр зэфIэхыным узэкъуэтмэ нэхъ щхьэпэну. АтIэ сыт Адыгэ Хасэр абы яхыхьэн щIимыдар? Сыт мыр хьукумэт Iуэху щIэхъуар? 

Адэмокъуэ Елбэрд: Къэралыр иджыпсту щытыкIэ хьэлъэм ихуащ. ХабзэкIэ псэун, конституцэкIэ псэун къэрал къыхэтхати иджы зэщIакъуэжри цIыху закъуэм и зы унафэ, зы гупщысэкIэ гъуэгум техьэн я гугъэ. Ар иджыри яхузэфIэкIынукъым. Сыту жыпIэмэ, ирикъун дэкъузауэ зэрыщытар. Пэжу Iуэху зепхьэн хуейщ. Дэ ди Iуэхур зытетыр зыщ. Ди лъэпкъым къыщыщIар хэти ещIэр, ди лъапсэр ирача, хэкум ирахуа. Иджы хабзэм и пкъым иткIэ къызэрыкIуэжынум дыпылъын хуейщ. 

Дунейпсо Хасэр, хэгъуэгу хасэхэм я лэжьэкIэм иджыпсту куэд си гум ирихькъым, ди зэхэтыкIэр лъахъшэщ, ауэ абы къикIкъым зыгуэрым и нэIэ дыщIэтын хуейуэ. 

Хуитыныгъэ Радио: Иужьрей зэманым Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэди, Жу Тимури ди хэгъуэгум и Iэтащхьэр зэрылажьэр, и Iуэху зехьэкIэр мытэрэзу, адыгэм я Iуэхур дикъузэу къалъытэу интервью куэд къэIуащ. Даурэ уеплърэ мы иджы къызэрагъэпэща Зэгухьэныгъэр Адыгэ Хасэм пэщIагъэувэну, адыгэ Iуэхур я нэIэ щIагъэувэн мураду ящIауэ пIэрэ? 

Адэмокъуэ Елбэрд: Сэ куэдым я щхьэ сиIэбэну сыхуейкъым ауэ ди республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и Iыхьлыхэращ хэгъуэгум и бюджетыр зезыгъакIуэр. Абы и лъабжьэр игъэбыдэну щытщ. Ар текIми езым хуэдэ къабзэу трагъэувэну пылъу зыгуэрхэри къокIуэкI. Ар псори политикэ Iуэхущ, ауэ иджы жылэр нэгъуэщIщ. Абы къазэрыфIэщIыр ара, ахъшэ зиIэхэм, ахъшэ къэдыгъуа зиIэхэм мы гъащIэм деж тепщэу куэдрэ тетыну. Тепщэр зейр Тхьэращ. Аращ абы къыщIызэрагъэпэщар. Депутатхэр зэрыхахыр сэ сощIэр. Хэхыныгъэ щыIэкъым. Тхылъхэр зэрагъэзахуэри Iуэхухэр зэхэтхъуауэ я щхьэр къагъэпцIэж. 

Хуитыныгъэ Радио