Жыкъу Шамиль. Тыркум Адана къалэ.
Нэхъыбэу гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм Тыркум ис Адыгэхэр я хэкужь кавказым макIуэхэр. Хэт турист хуэдэу, хэти пэжу я хэкужь зэрагъэлъагъуну. Абы я хэтщ бизнес, сату Iуэху щхьа кIуэхэри.
Мис апхуэдэу зы гуп шыщхьэIум и япэ тхьэмахуэм я хэкужь Кавказым щыхьэщIахэщ, я адэжь лъахэм къыщакIухьащ. Дэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ гупым хэта щIалэгъуалэхэм щыщ Адана къалэ щыпсэу Жыкъу Шамил. ИкIи доупщI и нэгу щIэкIахэмрэ, и адэжь хэкур гупым къазэрыщыхъуамкIэ?
Жыкъу Шамиль: Дигу ирихьащ хэкум щыIэ Адыгэхэр. Ди хабзэри, ди щытыкIэхэри зэтохуэ. Налшык дыдэту уэрамым АдыгэбзэкIэ зэрыпсалъэхэр Iейуэ нэхъ си гуапэ хъуащ, сфIэгъэщIэгъуэн хъуащ. Дэ хамэ къэрал дыщопсэури апхуэдэу уэрамым Адыгэбзэ щызэхэтхкъым, апхуэдэ цIыху дгъуэткъым. Хэкум кIуа ди гупыр цIыху 20 хуэдиз дыхъут, щыр ды щIалэгъуалэт, 3ы-р сабийт адрейхэр нэхъыжьт. ХэкумкIэ нэхъ хьэлэмэту къысщыхъуахэм зыр абдеж бэзэрыми тучаными тетыр цIыхубзщ. Згъэлажьэхэр псори цIыхубзщ. Тыркум апхуэдэ щыIэкъым, цIыхухъущ мыбы. ДыкъыщыкIуэжым гупым хэтахэм иджыри хэкум дыкIуэжынущ жаIэт. Згъэзэжыпэну жызыIэхэр мащIэщ ауэ къэкIухьакIуэ сыткIэ кIуэну хуейхэщ. Сэ езыр си хэку сгъэзэжыну сыхуейщ ауэ си лэжьыгъэ, си IэщIагъэм ехьэлIауэ зэкIэ сыкIуэжыфкъым. ИужькIэ си мурадщ. Ди нэхъыжьхэм хэкум дыкIуэну дгъэзэжыну яхуейкъым. Сэ ерагъыу арэзы сщIыхэри апхуэду хэкум сыкIуат. Нэхъыжьхэм иджыри I864 гъэхэм хуэду хэкумкIэ гущIэгъуншэмрэ залымыгъэмрэ щыIэ хуэдэу къащохъу, къыджаIэ. Ауэ иджы дунейм зихъуэжащ. Хэти сыт хуэдэ къэралым ухуейми уокIуэф ущопсэуф. Дэри ди хэкущ ари, дэри дыщыпсэуфынущ. Тыркум икIыу хэкужьым згъэзэжахэм куэдыр соцIыху, ахэм сохъуапсэ.
Хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ я щIалэгъуалэр щызэхыхьэм деж, Ар Адыгэ джэгу къудей щекIуэкIым занщIэу гу лъыботэ я къэфэкIэ зэмыщхьхэмрэ я мэкъамэ зэмыщхьэмрэ.
Ауэ ахэм Адыгэбзэр я Iуръылъщ, хабзэри здаIыгъыщи тыншу зэгуроIуэхэр.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие