Урысей Хэкуэгъухэр къэшэжынымкIэ къэрал программэр адыгэхэм щхьэпэн къахуэхъукъым


Илъэсий мэхъу зэрылажьэрэ Хэкуэгъухэр Урысейм къэшэжыным дэIэпыкъу къэрал программэр. Абы ипкъ итыу а зэманым къриубыдэу я Хэку къэIэпхъуэжащ нэхъ мащIэрами цIыху мин 400-м нэсыр. Апхуэдэ бжыгъэхэр къехь Миграцэ IуэхухэмкIэ къэрал къудамэ нэхъыщхьэм. ИнэхъыбапIэкIэ хэкуэгъухэр къыздрашыжыр ипэ лъэхъэнэм Совет къэралыгъуэжьым иджы СНГ- къэралхэм щыпсэу цIыхухэращ, я лъабжьэкIэ Урысейм щыщыу, къэралыжьыр щыкъутэжым адрей республикэхэм къыщынауэ. Ахэр къэIэпхъуэжыну езыхэр арэзыуэ хуеймэ къэралым яхуещI дэIэпыкъуныгъэхэр, къызэрыIэпхъуэжын Iуэхугъуэхэр хуигъэтэрэзыу, дэфтэрхэр гъэхьэзырыным щыщIэдзауэ я унэ зыщыпсэункIи я лэжьапIэкIи къызрагъэпэщыу. 

2007 илъэсым къызрагъэпэща мы программэр нэгъабэ-ищыпэ гъэхэм къыпащащ, икIи ар зэрекIуэкIынум пIалъэ иIэкъым зэрыжаIэмкIэ. А программэм хэтщ цIыхухэр зи деж щыпсэуну зышэну хуей Урысей куейуэ 57-р. Ахэм абы Iэпхъуэжхэм я Iуэхур къыхузрагъэпэщри ягъэтэмэм. Нэхъыбэу программэм хэтыр демографиекIэ хэхъуэшхуэ зимыIэ куейхэращ программэм щызыгъэгъуазэ тхыгъэм къызэрыхэщымкIэ. А Iуэхугъуэм хэт хъунущ хабзэм къызэригъэувымкIэ: урысей цIыхухэу хамэкъэралхэм щыпсэупэхэр, къэкIуэжыну хуеймэ; Совет къэралыгъуэжьым и хэкурысыу щытауэ иджы СНГ къэралхэм щыпсэухэр; Урысей къэралыгъуэм щыщ эмигрантхэу нэгъуэщI къэрал Iэпхъуахэр, абыхэм я бынхэр; пIалъэкIэ Урысейм щыпсэууэ мы программэм хэтхэр.

Сирие зауэр къызэрежьэрэ лъандэрэ абы щыпсэу адыгэхэр къашэжыну Кавказ адыгэхэр яужь ит зэпытщ. Абы щыгъуи программэм ипкъ итыу хамэкъэрал адыгэ лъэпкъэгъухэр къашэжыну урысей адыгэхэр хущIэкъуат, арщхьэкIэ программэр зыдэIэпыкъур Урысейм зи лъабжьэр къыхэкIхэращ, хамэкъэралхэм Iэпхъуэжа адыгэхэр урысей хэкурысыу щытакъым жари зыдэIэпыкъунухэм хиубыдакъым. Ауэ Къэрал Думэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ гупжьейм а Сирие зауэ лъэхъэнэм къиIэтат абы щыпсэу адыгэхэр къэшэжыным дэIэпыкъун хуейуэ, абы папщIи программэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн хуейуэ. АрщхьэкIэ Iуэхур ипIэм къинэжауэ щытщ, лъэпкъэгъухэр къэзышэжыр хэгъуэгум щыпсэу адыгэхэращ, я жэрдэмкIэ, я къарукIэ. 

Мы шыщхьэIум адыгэхэм ягъэлъэпIащ зи Хэку зыгъэзэж лъэпкъэгъухэм – репатриантхэм я махуэ. Ар щагъэлъэпIащ Адыгейми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми. I998 гъэ лъандэрэ Адыгейм мы махуэр хабзэкIэ къищтащ, ипэ дыдэ Косовэ щIыналъэм адыгэхэр кърашыжын зэрыщIадзэрэ. Абы лъандэрэ репатриантым и махуэр щагъэлъапIэ адыгэ здэщыпсэу щIыпIэхэм. Совет-Адыгея сайтым зэригъэнаIуэмкIэ, нобэ ехъулIэу а республикэм къашэжауэ щопсэу Тыркум, Сирием, Иорданым, Югославым, Израилым, Европэ къэрал зыбжанэхэм щыщ лъэпкъэгъу I600-м нэсыр. Адрей республикитIми щэ бжыгъэкIэрэ щопсэу къэзыгъэзэжа лъэпкъэгъухэр. 

Ауэ, хэгъуэгум Iэпхъуэжа цIыхухэр гумащIэгъуэ куэд пэщIохуэ, псалъэм щхьэкIэ, бзэр ямыщIэу, хабзэхэм щымыгъуазэу, абы къыхэкIыу лэжьыгъэкIи гугъу йохьхэр. Ауэ дауэ мыхъуми лъэпкъымкIэ зыри нэхъыфI щыIэкъым зэрыубыдыжыным нэхърэ жеIэр Мэзкуу дэс адыгэхэм ящыщ, адыгэ зэхуэсхэм сыт щыгъуи хэт, бзэхэм хуеджэ лингвист  Мисрокъуэ Мэрьем. Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къригъэблэгъа Мэрьем къызэрыхигъэщымкIэ, адыгэм яхэтыу къыщIэкIынкъым лъэпкъым щыщхэм нэхъыбэу къагъэзэжыныр пэрытыу къэзмылъытэ. 

Хуитыныгъэ радио: - Мэрьем, хамэкъэралым щыпсэууэ зи хэку къэзыгъэзэж адыгэхэм ехьэлIауэ сыт уи гупсысэ, сыт къыджепIэфын?

Мисрокъуэ Мэрьем: - Сэ си щхьэкIэ куэдкIэ нэхъ къэсщтэнут лъэпкъыр зэрыубыдыжатэмэ.

Мисрокъуэ Мэрьем къызэрыхигъэщымкIэ, ар мэгугъэ иджы ежьа Iуэхум кърикIуэу кIуэтэху нэхъыбэжыр къэкIуэж хъуну хабзэкIэ къащтэну. Мэзкуу деж лъэпкъым и махуэхэм епха зы махуэшхуи благъэкIкъым, зэрызэхэтхымкIэ, абы ещхьыу адыгэр зыщыпсэу дэнэ щIыпIи щаIыгъщ лъэпкъым и махуэщIхэр - жиIащ абы. КъимыдэкIэ, и жагъуэу къыхегъэщ Кавказым къиIэпхъукIыу нэгъуэщI хамэкъэрал Iэпхъуэжыпэ адыгэхэри зэрымымащIэр, ахэри лъэпкъым хощIыр, нэхъыфIыр къыщыхэхъуэм дежщ – жиIащ. Къыхегъэщ, хэкуэгъухэр къэшэжын къэрал программэр зыкIи щхьэпэкъым ди лъэпкъымкIэ, ар зытегъэщIар нэгъуэщIщ, дэ диIуэху абы къыхэкIкъыми, дыщымыгугъмэ нэхъ тэмэмщ, икIи нэхъыфIщ къэIэпхъуэжыну жэрдэм зыщIхэм зыми пэмыплъэу езы лъэпкъым зыщIигъэкъуэжмэ жиIэу. Ипэм щыгъуэ Совет къэралыгъуэжь лъэхъэнэми абы ипэжми Адыгэ упщIэр ауи къэпIэтыну Iэмал щыIэтэкъым, ар упщIэ зэхуэщIат, иджы мыхъуми дытепсэлъыхьынуи, къэтшэжынIауи дыхуитщ – ар Iэджи и уасэщ – жиIащ лингвистым. И псалъэмкIэ, хамэкъэрал адыгэхэм щыщыу студент куэди щоджэ Кавказ еджапIэ Ищхьэхэм, къэнэжыпаи щыIэщ, унагъуэ хъужауэ, къэкIуэжыпэну хъуапси яхэтщ, ахэр ехъулIэныгъэфIыу къызолъытэ нобэкIэ – жиIащ абы. 

Хэкуэгъухэр къэгъэIэпхъуэжыным телажьэ къэрал программэм къытебгъэзэжмэ, абы ипкъ иткIэ Урысейм къэIэпхъуэжхэм ящыщщ украин нэрыбгэхэри, псалъэм къыхэкIыу, миграцэ къудамэм къызэритамкIэ, а программэр дэIэпыкъуащ украин нэрыбгэу цIыху мини-I00-м щIигъур къэIэпхъуэжыпэным. Ахэр щыщщ Украиным псалъэмакъ къыщекIуэкI лъэныкъуэхэм. Къудамэм зэригъэнаIуэмкIэ, иджыпсту зауэр нэхъ щекIуэкI Донбасс щыщыу цIыху мин 600-м жэрдэм ящIащ урысей хэкурыс хъуну хуейуэ, ахэм дэфтэр иратащ пIалъэ кIыхькIэ Урысейм щыпсэуну хуитыу жаIэр миграцэ къудамэм деж.  

Къэнщауэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио