Зы адыгэ лIыхъужь, зы закъуэ я фэеплъ иткъым ди хэкум ноби, зы уэрам, зы еджапIэ я цIэр зэрахьэкъым, зи цIэхэр зэрахьэхэр урысым къела хэкум къина тIэкIур мылIэ-мыкIуэду зыгъэпсэуа кIэмунэ, кIэлъхуоз "лIыхъужьхэрщ", нэмыцэм ди хэкум щхьэкIэ езэуа хуэдэу къыфIагъэщIу мыжьыкъ империем хуэзэуа, нэхъри ар зыгъэбыда "лIыхъужьхэрщ".
Ар псори хэку дызэримыIэм и нэщэнэщ.
Куэдым яфIэфIынукъым жысIэр псом хуэмыдэу "мылIэжын полкым хэтхэм", ауэ "гъэузи гъэхъуж" жыхуиIэращи пэжыр къэплъагъуфмэ (ар дыджу щытми) адкIэ уздэкIуэнур пщIэнщ жыхуиIэщ.
Зэрыщытыр Зымылъагъум Зэрыщытын Хуейр Илъагъунукъым.
Псэбыдэ Нартыгу - facebook.com