Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр зи социал-политикэ щытыкIэр нэхъ мыхъумыщIэ дыдэ регионхэм хэтщ


Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр зи социал-политикэ щытыкIэр нэхъ мыхъумыщIэ дыдэ регионхэм хэтщ"Петербург политикэ" жыхуиIэ фондым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр социал-политикэ щытыкIэкIэ нэхъ мыхъумыщIэ дыхэм яхэтщ. 

"Кавказыр нобэ" жыхуиIэ сайтым зэритхымкIэ, рейтинг ящIам къегъэлъагъуэр Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр регион зи социал-политикэ щытыкIэр махэхэм яхэту. 

Рейтингыр зыхэзыгъувахэм зэрыжаIэмкIэ, щIымахуэр къызэрихьэрэ республикэм лъэныкъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщу зыбжанэмкIэ ныкъусэныгъэ къыщыщIэщащ. 

Лъэныкъуэ нэхъ мыхъумыщIэхэм щыщу къыхагъэщ политикэ щытыкIэр, экономикэр, социал Iуэхугъуэхэр, инфраструктурэ жыхуаIэ лъэныкъуэр. "А псори къэнэнутыкъэм Iуэхухэм я щытыкIэр социал-политикэ лъэныкъуэкIэ къызыхамыгъэзэрыхьу", - жеIэри етх сайтым.

Къэхутэныгъэр езыгъэкIуэкIахэм зэратхымкIэ, иджыпсту Къэбэрдей-Бэлъкъэрым и рейтингыр коэфицент 3,5-кIэ къабж. Абы иужьырей мазэм къыриубыу 0,2 хэщIащ. Абы и лъабжьэж щыIэу рейтингым къигъэлъагъуэр Байкал щIыб регионымрэ Карелиемрэщ.

Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи,  регион унафэщIхэм я рейтингыми Къэбэрдей-Бэлъкъэрым и унафэщI КIуэкIуэ Юрэ и увыпIэр хуабжьу къехуэхуащ, икIи увыпIэ 85-м щыщу 80 увыпIэр иIыгъщ. 

Кризис къэралым къыщекIуэкIым ипкъ къикIыу хуэхуныгъэ къэхъуахэр къыщапщыта рейтингыми къызэригъэлъэгъуамкIэ, псом нэхъ хуабжьу хуэхуа регионхэм къыхэщащ Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр, Дагъыстэнымрэ Ставрополь къуапэмрэ дыщIыгъуу.

Иужьырей зэамнхэм Iуэхухэр республикэм зэрыхуэхумрэ, цIыхухэм хэкIыпIэу зи гугъуэ зыхалъхьэмрэ теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом къопсалъэр жылагъуэ IуэхущIакIуэ Джэрыджэ Аида:

"ЦIыхухэр хъыбарыщIэхэм щеплъым деж, псори хъэрзынэу, псори фIыдыу къыжыраIэр. Ауэ цIыхум ягу фIы зыри щыщIэкъым. Мэгужьейхэр. Ар куэдрэ солъагъу. Я псалъэкIэмкIэ зыхызох я гур псэхуауэ зэрыщымытыр. Япэм щыIа зэманыр щыIэжкъым, ар нэрылъагъу дыщ иджыпсту. Абы теухуауэ къэралым зыри щыгугъукъым иджыпсту. Республикэми зыри щыгугъукъым. Нэхъыбэж жысIэнщи, улахуэ къыратыми щыгугъужкъым куэдыр. Сытыми лэжьапIэ яфIэмыкIуэдын щхьэкIэ, зы IэнатIэ гуэр Iутын щхьэкIэ кIуэуэ аращ. Ахъшэшхуэ щыгугъуу зыри кIуэкъым. Нэхъыбэм ящIэр - Iэщ ирапх, ха зырахьэр, мыIэрысIэ ягъэкI. Мис ахэр аращ зыщыгугъур. Зыгуэрхэри ахъшэ нэхъ къыздикI гуэрхэм, нэгъуэщI регионхэм, мо Ставрополь къуапэмкIэ кIуэфым, абыкIэ макIуэр. Мэзкууи кIуэ апхуэу куэд щыIэжкъым. Мэзкуу япэрей ахъшэр лъыжкъым жаIэри куэдым къагъэзэж. Мис мы рейтингым къигъэлъагъуэр сэ пэждыу къысщохъу. Япэм щыгъуи нэхъ гугъу дехьу дыпсэут , адрей регионхэм елъытауэ. Псалъэм папщIэ, Урысей регионхэм щыщ куэдым сэ сыщыIащ, слъэгъуащ. ТхьэмыщкIэ дыхэри яхэтщ, ауэ фIыдыу псэухэри яхэтщ. Псалъэм папщIэ Краснодар къуапэр, Тюмень къуапэр. Мис ахэр хъэрзынэу мэпсэу".


Апхуэу Къэбэрдей-Бэлъкъэрыр рейтингхэм и лъабжьэкIэ кIуа пэтми, "Петербург политикэ" жыхуаIэ фондым и экспертхэм къыхагъэщ фIы лъэныкъуэкIи зыхъуэжыныгъэхэр къэхъуауэ. 

Псалъэм папщIэ къэрал псом нэхъ ин дыу сабийхэм я дыщIыгъу еджэныгъэм и купсэ "Дыгъэ къалэ" жыхуаIэр къызыIуахащ, Iуащхьэмахуэ лъапэм деж гъущI кIапсэ гъуэгу Европэ псом нэхъ лъагэ дыу узышер къызыIуахащ, Коммунал Iуэхугъуэхэм и фондым къэбыл ищIащ регионым и финанс программэр, фэтэр куэд хъу унэхэр зырахьэн щхьэкIэ, мыхъужын унэхэм щIэсхэм нэгъуэщI унэ  хуащIу ягъэIэпхъуэн щхьэкIэ.

МыхъумыщIагъэу къэхъауэ жыхуаIэхэм щыщщ Хасанья деж зэраукIар Республикэ сымаджэщым и тхьэма, Парламентым и депутат Боттаев Хадис. 

Абы нэмыщI къэралым и саугъэту литературэм, искусствэм, щIэныгъэ къэхутэным щылажьэхэм хуагъэфэщау щытар илъэсищкIэ ягъэIэбащ КIуэкIуэ Юрэ и унафэкIэ. Инвестицие щхьэкIэ шынагъуэ щыIэхэмкIэ ящIа рейтингым республикэм щиIыгъщ 76 увыпIэр. А рейтингыр "Эксперт РА" жыхуиIэ агентствэм къызыригъэпэщащ.

Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм зэрыхэтащи,  "Петербург политикэ" жыхуиIэ фондым ищIа рейтингым коэфицентхэр къапщытэр 10-м нэсыхукIэ, икIи бжыгъэ регионым иратыр нэхъ мащIэхукIэ, Iуэхухэр нэхъ икIэу къалъытэр. 

Мазэ кIуам щхьэкIэ ящIа рейтингым Къэбэрдей-Бэлъкъэрым къихьар 3,5-щ. Регионхэр гупиплIыу ягуэш, социал-политикэ щытыкIэкIэ зыхадзу. 

Псом нэхъ тэмэму социал-политикэ Iуэхухэр щызытеухуау рейтингым къигъэлъагъуэр Тэтэр республикэр аращ. ЕтIуанэ увыпIэр Кемерово къуапэм иIыгъщ, ещанэ увыпIэм Белгород къуапэр ягъуващ. Адыгей республикэм I9 увыпIэр иIыгъщ, коэфицент 7,1 къихьу. 

Ищхъэрэ Кавказ федерал къуапэм щыщу псом нэхъыбэ коэфицент къэзыхьар Шэшэн республикэр аращ - 5,5. Къэрэшей-Шэрджэсым 10-м щыщу 5-р хуагъуващ. гъыстэныри, Ингушри, Осетиери, Къэбэрдей-Бэлъкъэрыри зи щытыкIэ нэхъ мыхъумыщIэ дыхэм яхэтщ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио

Бэрокъуэ Артур