Тыркуе: къалэдэс Адыгэхэр зэкъуажэгъу хуэдэу мэпсэухэр

Тыркум и ипщэ хэгъуэгум хуэзэ Османие къалэ Адыгэ унагъуэ 250-м нэс щопсэур. Ахэр абдеж Адыгэ хэгъуэгу зэик1 щымытауэ я лэжьыгъэ 1энат1эхэм щхьа зэманк1эрэ къэ1эпхъуауэ щытщ.

Псалъэм папщ1э илъэс 30-м щ1игъуауэ я къуажэхэм зымыгъэзэжыхари, я къуажэхэм иджыри пыщ1ауэ псэухэри яхэтщ. Ахэр къалэ гъащ1эм нэхъри хэмышыпсыхьыжын щхьа Адыгэ хасэ я1эхэу зэрыхъук1э зэхыхьэу апхуэдэхэщ.

Дэ Хуитыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ Османие къалэдэсхэм я гъащ1эр зэрыщыт, я дуней тетык1эм теухуа и гупсысэхэмк1э, Тырку Джылахъстэнейм хиубыдэ Ендэрей къуажэм щыщ Губжокъуэ Сади.

Губжокъуэ Сади: Сэ мы Османие къалэм сыкъызэры1эпхъуэрэ илъэс 17 хъуащ. Османие къалэм сэ схуэдэу ди жылэ, ди къуажэхэм къик1а куэд дыщопсэур. Фындыкъ къуажэ, Сэрэджыкъ къуажэ, Анзорей, Къаншыуей къуажэхэм щыщу къэ1эпхъуа куэд дэсхэщ.

Иджыпсту Османие къалэ Адыгэ унагъуэ 250 дыщопсэур. Адыгэ хасэ ди1эхэщ, абдеж щ1эх щ1эхыурэ дыщыхохьэхэр, дызэрыщ1э, дызэры1ыгъхэщ. Османие къалэдэсхэр нэхъыбэр пенсэм к1уахэращ. Я бынхэр къалэ зэпэщхьэхуэхэми щопсэухэр, ар лъэжьыгъэ 1уэхук1эщ. Фабрикахэм, зейуэ фирма гуэрхэм щолажьэхэр.

Ди жагъуэ зэрыхъущи къалэм дыкъызэры1эпхъуэрэ ди бзэ ди хабзэхэр тхъумэныр т1эк1у нэхъ гугъу хъуащ, дыхозэрыхьыж.

Мы къалэр гъэмахуэм хуабэдыдэ мэхъури 1эмал нэхъ зи1эхэр къуажэхэм мэк1уэж абы щопсэухэр. Гъатхэм к1уэжу бжыхьэ хъуху щы1эхэри яхэтщ. Къуажэхэм унэ иджыри дэзыщ1ыхьыжауэ абы щыпсэуи ди1эхэщ. Ахэм мы1эрысэ хадэ ягъэк1, мэлажьэхэр.

Хуитыныгъэ радио: Хэкум к1уэжа фи1эхэ, зи хэку пыщ1а ц1ыху фи къуажэм дэс?

Губжокъуэ Сади: Ди Ендэрей къуажэм щыщ хэкум зыгъэзэжа ди1эхэщ. Хэкумк1э къыщашауэ, унагъуэ хъуауэ. Ауэ ахэм ящыщ къэзыгъэзэжаи яхэтщ. Ахэм я адэ анэхэр Тыркум щы1эщи, ит1анэ я благъэ, я 1ыхьлыхэри мыбы зэрыщы1эм щхьа къагъэзэжауэ апхуэдэщ. Иджыри я щхьэгъусэхэр хэкум зэрыщыщым папщ1э хэкум мак1уэж къок1уэжхэр, зэпыщ1ауэ щытхэщ.

Сэ бынищ си1эщ, зы щ1алэрэ хъыджэбзит1ырэ, яц1эхэр хъыджэбз нэхъыжь едгъэшам иц1эр Нэжан, нэхъыщ1ит1ыр йоджэ, щ1алэм иц1эр Амирхъан, хъыджэбзыми Нагихъан. Си щхьэгъусэр Абдзэх Адыгэщ, Вэртхэ ящыщщ, иц1эр Нежла’щ.


Тыркум щы1э къалэдэс Адыгэхэм яхэплъагъуэнущ, куэд щ1ауэ къалэм къэ1эпхъуауэ, Адыгэ гъунэгъу ямы1эхэрэ я лъэпкъэгъухэм хэмыхьэу къэхъуа Адыгэ ныбжьыщ1э куэд, ахэм яхэтщ зэрыАдыгэр зымыщ1эж 1эджи.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие