Путинэ и унагъуэцIэр зэрихъуэкIауэ къет Навальный и фондым


Урысей президентым и щхьэгъусэу щыта Путинэ Людмилэ и унагъуэцIэр зэрызэрихъуэкIам теухуауэ къата хъыбарыр щIиплъыкIащ коррупцэм бэнэныгъэ дегъэкIуэкIынымкIэ щыIэ урысей фондым.

Путинэ Людмилэ и унагъуэцIэр Очеретная-кIэ зэрихъуэкIауэ тхьэмахуэ кIуам итхащ«Собеседник» хъыбар Iэмалым. Абы щыхьэту къихьащ Путинхэ я унагъуэм 1995 гъэм Петербург деж ирата фэтэрым и дэфтэрхэр. 

Хъыбар Iэмалым къызэритымкIэ урысей президентым и щхьэгъусэу щытам и унагъуэцIэр зэрихъуэкIащ нэгъуэщI лIы зэрыдэкIуам къыхэкIыу. Ар илъэс 37 зи ныбжь Очеретной Артурщ. 

«Урысей Зэкъуэт» партымрэ «Гъуэзпромымрэ» папщIэ абы нэгузегъэужь программэхэр ихьэзырт.

А хъыбарыр щIиплъыкIри икIи щIигъэбыдащ коррупцэм бэнэныгъэ дегъэкIуэкIынымкIэ фондым. 

Абы и лIыкIуэ Албуров Георгий блыщхьэм къызэритамкIэ, нэхъ ипэкIэ Путинэ Людмилэ тетхауэ щыта Петербург фэтэрыр 2015  гъэм щIатхащ Очеретная Людмилэ и цIэкIэ, ар къыщалъхуа илъэсри, махуэри, къыздалъхуари тохуэ президент щхьэгъусэу щытам ейм.

Путин Владимиррэ абы и щхьэгъусэ Людмилэрэ зэпыкIыжащ 2013 гъэм, илъэс 30-кIэ зэдэпсэуа нэужь.

Хуитыныгъэ Радио