Убых лъэпкъыр Урысейм ис лъэпкъ цIыкIухэм хагъыхьэну мэлъаIуэр Къэбэрдей-Бэлъкъэр парламентыр

Къэбэрдей-Бэлъкъэр парламентым и е-4-нэ зыхыхьэныгъэм и лэжьыгъэр щиухым, иужьырей унафэу къищтащ Урысейм и Премьер-министр Медведев Дмитрий зыхуагъэзэну, зи лъабжьэр Урысейм щыIэ лъэпкъ цIыкIухэм убых лъэпкъыр хатхэну елъэIуу. Апхуэдэ лъэIукIэ Парламентым илъэс ипэкIэ зыхуагъэзау щытащ лъэпкъ зыгухьэныгъэ "Убых-Берзек" жыхуиIэм и лэжьакIуэхэм. Ахэр йолэжь убыхыбзэр къэхутэжын Iуэхугъуэм. I992 гъэ лъандэрэ а бзэр лIауэ къалъытэр. Абы щыгъуэ дунейм ехыжащ иужь дыдэу убыхыбзэр зыщIэу щыта цIыхур.

Росстатым и Къэбэрдей-Бэлъкъэр къудамэм хъыбару иIэмкIэ, иджыпсту Урысейм убыху зыкъэзылъытэжу цIыху 33 исщ. Ар 20I0 гъэм екIуэкIа цIыхубэ щIэплъыкIыныгъэм убыху зезыгъэтхахэр аращ. Абыхэм ящыщу I6-р Къэбэрдей-Бэлъкъэрым исщ, I2-р Краснодар къуапэм, 2-р Адыгэ республикэм исщ, адрейхэр нэмыщI регионхэмкIэ щопсэу.

Парламентым и депутат Дадэ Муаед зэрыжиIэмкIэ, Къэбэрдей-Бэлъкъэр гуманитар къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэлIхэм къалъытэр убыххэм я зыфIэгъувэжыныгъэм фIы къыпэкIуэу, икIи ахэр лъэпкъ цIыкIуу Урысейм исхэм хабжэу щытым, ар сэрэп хъунущ лъэпкъыр къэунэхужыну.

Ауэ мы упщIэм нэгъуэщI еплъыкIэхэри иIэщ. Иджыпсту псалъэмакъышхуэхэр къокIуэкI мыбы теухуауэ. Зыгуэрхэми къалъытэр убыхыр лъэпкъ щхьэхуэу щымыту, амыхъу ар адыгэ лъэпкъым и зы Iыхьэ гуэру. НэмыщIхэм ар абхаз лъэпкъым хатхэр, ещанэ еплъыкIэу щыIэмкIэ, ахэр абхаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэу лъэпкъ щхьэхуэщ. Псалъэм папщIэ "Адыгэ зыкъуэтыныгъэ" жыхуиIэ жылагъуэ зыщIэхъеиныгъэм и тхьэмадэ КIэш Руслан къызэрилъытэмкIэ, иджыри Урыс-Кавказ зауэжьыр имыух щIыкIэ убыххэр адыгэ лъэпкъым щыщ хъуау щытащ, Адыгэ къэралыгъуэр щытыраIуам щыгъуи, абы и Iыхьэу щытащ:

 "Япэрауэ, зэрыжаIэщи, дэтхэнэ зы цIыхури ифIэфIыр ищIэну хуитщ, и щхьэ къихьэр ищIэну хуитщ. ИкIи сэ сытепсэлъыхьынутыкъэм Iуэхум, ар зи щхьэ мытэмэм зы цIыху гуэрым и IэщIагъэу щытатэм. Ауэ мыбдежым Iуэхур щхьэхуэщ. Мыр зы цIыху гуэрым и жэрдэму щыткъым, амыхъу Къэбэрдей-Бэлъкъэр республикэм и парламентым и унафэщ. Мыр Iуэху щхьэхуэщ. Дэ тщIэкъым Къэбэрдей-Бэлъкъэр парламентым апхуэдэ унафэ къыщIищтам и щхьэусыгъуэр. Дэ дызэреплъымкIэ, апхуэдэ унафэ къыщIащтэн щхьэусыгъуэ лъэпкъ щыIакъым, сыт щхьэкIэ жыпIэм, убых лъэпкъ Къэбэрдей-Бэлъкъэрым искъым, абдежым исыр цIыху щхьэхуэхэщ, я унэцIэр убых унэцIэ гуэрхэм техуэу. Ахэр убыхщ жыпIэныр щыуагъэщ, икIи ар "Iэпэм къыщIэфыкIа" жыхуаIэм хуэдэ зыгуэрщ. Убых лъэпкъ псор адыгэ гъащIэм щыщу, адыгэ лъэпкъым и зы Iыхьэ гуэру щытщ. Ахэр адыгэбзэкIэ псалъэу щытащ. Иджыри Кавказым щисым щыгъуэ ахэр адыгэбзэм техьау щытащ. Езы убыхыбзэм утепсэлъыхьу щытым, ар абазэ-адыгэ бзэ гупым щыщу щытащ, ауэ а бзэр къамыгъэсэрэпыж хъуау щытащ езы Кавказым деж. Тыркум а Iуэхугъуэм и кIэухыр щигъуэтыжау аращ. Къэхутэныгъэхэр щыIэщ, убыххэм адыгэу зыкъалъытэжу щытауэ къигъэлъагъуэу. Е-I9-нэ лIэщIыгъуэм убыххэм деж щыIауэ, я псэукIэр зылъэгъуахэм ятхыжауэ щыIэщ щыхьэт тхылъхэр. Абыхэм къызэрыхэщымкIэ, ар зытхахэр убыххэм ягъусэу псэуат, икIи убыхыбзэ гуэр щыIэ хуэдэу жаIэт, ауэ езы бзэр зыхамыхауэ ятхыжащ, псори адыгэбзэкIэ псалъэти. ЗэрытщIэжщи, иужьырей адыгэ парламентыр здэщыIар Сочищ. Абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, убыххэм хамэ лъэпкъыу зыкъалъытэжу щытакъым, адыгэхэм щымыщу. Езыхэм я къэрали яIэжу щытакъым, Черкесия къэралыгъуэм щымыщу.

[2:46:07 PM] Ashamaz: Дэпхуэдэ щIыкIэу Къэбэрдей-Бэлъкъэр парламентым апхуэдэ унафэ къищтами дэ дыдежкIэ гурыIуэгъуэкъым. Республикэм убых лъэпкъ искъым, ауэ цIыхур хуейуэ щытым нобэ индеецуи зитхыж хъунущ, ар пэубыдауэ щыткъым".

"Убых-Берзек" фондым и тхьэмадэ Бэрзэдж Руслан илъэс I5 хъуауэ йолэжь убых лъэпкъыр зыфIэгъэувэжын Iуэхугъуэм, икIи ар и гъащIэм и къэлэн нэхъыщхьэу зыхуегъувыж. Абы зэрыжиIэжымкIэ, убых лъэпкъым зыфIэкIышхуэ иIэу щытащ, икIи абы и лъэпкъ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщу щытащ Бэрзэджхэр. А унэцIэ къудейм зэ джэгъуэкIэ зауэлI минищ къигъувыфу щытащ. "Иджыпсту убыххэм къащIэна цIыху зыбжанэр нэмыщI кавказ лъэпкъхэм хэшыпсыхьащ" - жеIэр абы.

Убыххэм я тхыдэр Урыс-Кавказ зауэжьым и нэхъ гуауэ дыдэ напэкIуэцIхэм щыщщ. А зауэр иуха нэужь Кавказым зы убых къимынэжауэ къалъытэр. Ахэр ису щытащ Сочи Iэгъуэблагъуэхэм деж, икIи Адыгэ къэралыгъуэм и къэлащхьэм деж хасэшхуэ зыхуашэсам адыгэ лъэпкъым и зы Iыхьэ гуэру хэтащ. Иджыпсту Убыххэм я тхыдэм гуауэу пылъар къызэрацIыхур Шынкъубэ Бэгърат и тхылъ "ЖылакIэ" жыхуиIэр аращ, ауэ ар художественнэ тхылъщ, икIи пэжымрэ пцIымрэ зыхэгъэкIыгъуейщ.

Убых лъэпкъым и Iыхьэшхуэр зауэжьым хэкIуэдау щытащ, адрей Iыхьэр Тыркум икIащ. Абдежым убыху къэнэжахэм бзэр яфIэкIуэдыжри, иужь дыдэу убыхыбзэм ирипсалъэу щытар I992 гъэм лIащ. Иджыпсту щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ар адыгэбзэмрэ абхазыбзэмрэ зыпызыщIэ зэхуакубзэу щытащ. Бэрзэдж Руслан зэрыжиIэмкIэ, убыхыбзэм макъ дэкIуашэу 84 хэтащ, макъ зешэу тIу хэтауэ аращ. АбыкIэ мы бзэр щхьэхуэу, зыми емыщхьу щытащ.  Бэрзэджым къызэрилъытэмкIэ, убыхыбзэр зыфIагъувэжыфынущ, ауэ абы елэжьын хуейщ, къэру куэд тегъэкIуэдэн хуейщ.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио
Бэрокъуэ Артур