Урысейм деж щыхьэт тхылъхэр иратащ «хэкуэгъухэм»


Урысейм деж щыхьэт тхылъхэр иратащ «хэкуэгъукIэ» зэджэ программэм хиубыдэхэм

Интерфаксым зэритхымкIэ «хамэкъэрал хэкуэгъухэр къэшыжын» жыхуиIэ  урысей программэм хэт нэрыбгипщIым Ставрополь деж иратащ  щыхьэт дэфтэрхэр. Интерфаксым ар  щакIуэгъуэм и 17-м къитащ крайм  хэгъуэгум и федерал миграцэ къулыкъум зытригъащIэурэ.

«Ищхъэрэ Кавказыр къапщтэмэ, а программэр къэзыщтауэ икIи зыгъэлажьэу щытыр Ставрополь закъуэращ»  жэуэ итщ хъыбарым.
Ставрополь федерал миграцэ къулыкъум иIэ бжыгъэхэмкIэ, а хэгъуэгум куэшыжыну хуейуэ нэрыбгэ 200-м лъэIу тхылъхэр ятхащ.  А нэрыбгэ 200-м,  ику иту,  я унагъуэхэм исхэр къэплъытэмэ,  ахэр нэрыбгэ 700-м зэрынохьэс.

«Хамэкъэрал хэкуэгъухэр я арэзыныгъэкIэ къэшыжын» жыхуиIэ программэм  Ставрополь хэгъуэгум деж лэжьэн щIидзащ фокIадэм и 23-м. ИкIи ар илъэсиплIым телъытащ.  А зэманым  икIуэцIкIэ нэрыбгэ 4.000 ирашэн я гугъэщ а хэгъуэгум.

Щыхьэт тхылъхэр зрата нэрыбгипщIыр ящыщщ Украинэм и КъуэкIыпIэмрэ  семиречье-къэзакъхэмрэ. Семиречье-къэзакъхэр и нэхъыбэкIэ исщ Къэзэхъстанымрэ Къыргъызстанымрэ.

Интерфаксым зэритхымкIэ, «Хамэкъэрал хэкуэгъухэр я арэзыныгъэкIэ къэшыжын» жыхуиIэ программэр я фIыщIэщ Ставрополь хэгъуэгум и губернаторымрэ  Ставропольрэ Невинномысскрэ я митрополит Кириллрэ.

Иужьрей илъэсхэм Урысейм деж зыщегъэбыдэ къэзакъ зэщIэхъееныгъэм. Абы хэтхэм лъэкIыныгъэшхуэхэр ягъуэт къэрал унафэщIхэм я IизныкIэ. Хуитыныгъэ Радиом и хъыбархэм мызэ-мытIэу зэрыхэтащи,  щIыпIэ щхьэхуэхэм,  Мэзкуу,  Краснодар хэгъуэгухэм яхуэдэхэм, къэзакъхэр полицэ пэлъытэу мэлажьэ, лэжьапщIэрэ IэнатIэ хуитыныгъэхэмрэ яIэу. 

Урысей президент Путин Владимир и планхэм ящыщщ къэралым и дэIэпыкъуныгъэкIэ  урысей  хэкуэгъукIэ зэджэхэр Урысейм иришэжыну. Апхуэдэ арэзыныгъэ къэзгъэлъагъуэм псынщIагъуэу урысей паспортыр хуащIынущ,  дэфтэрхэр щыщIатхэкIэ сом 20.000-20.000 яритынущ, а программэм хэт дэтхэнэми и унагъуэм исхэм сом 10.000-10.000  ялъос, щIыпIэщIэхэм псэун ирагъэжьэн щхьэкIэ.

«Хамэкъэрал хэкуэгъухэр я арэзыныгъэкIэ къэшыжын» жыхуиIэ программэм  хиубыдэрэ зэгуэрэм зи адэжь хэку зрагъэбгына Ищхъэрэ Кавказ цIыхухэр, псом хуэмыдэу адыгэхэр? 

Урысейм хэгъуэгу зыужьыныгъэмкIэ министерствэм нэгъабэ абы теухуауэ зэрыжиIамкIэ,  хамэ къэралхэм къыщыхъуа адыгэхэр,  ахэм сирие адыгэхэри яхэту,  а программэмкIэ Урысейм ягъэзэжыфынукъым,  миграцэ хабзэр нэсу зэрызэтемыгъэпсыхьам къыхэкIкIэ.  «Ахэм яфIэфIыныгъэкIэ хэкум щикIым щыгъуэ урысей цIыхуу щытакъым  1817-1864 гъэхэм урыс-кавказ зауэм ипкъ иту» жэуэ апщыгъуэм къитащ урысейм хэгъуэгу зыужьыныгъэмкIэ министерствэм.

Илъэс бжыгъэ хъуауэ Сирие зауэм щекIуэкI лъыгъажэ зэпэщIэтыныгъэм зи щхьэ къыхэзыхыну пылъ сирие адыгэхэр Ищхъэрэ Кавказым ягъэзэжыну зэрыхуейр Урысейм ядищтакъым дапщэрэ къэрал унафэщIхэм зыхуамыгъэзами.  Нэрыбгэ щэ бжыгъэхэм я адэжь хэку зэрагъэзэжыфар я фIыщIэщ  щIыпIэ бэдаущ Iуэхузехьэхэм, псапащIэ зэщIэхъееныгъэхэм,  мыхькумэт щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм.  Ауэ тIум щыгъуэми а цIыхухэр гугъу йохь псэупIэкIи, лэжьапIэкIи.

НэгъуэщIщ Мэзкуур зэрахущытыр зи лъэпкъкIэ урысу КъуэкIыпIэ Украинэм  икIауэ Урысейм ихьахэм, ахэр минипщI бжыгъэ мэхъу.  Ахэр тхылъкIи, лэжьапIэкIэ, псэупIэкIи гугъу ехькъым  къэрал нэIэм щIэтщи.  Къэрал икIи щIыпIэ унафэщIхэм я унафэкIэ зэхуахьэс гуманитар дэIэпыкъуныгъэхэр, лэжьыгъэкIэ, унэкIэ къызэрагъэпэщ.

Ищхъэрэ Кавказыр зыдж еджагъэшхуэ, бэдаущ Iуэху зехьэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къалмыкъ Жылэбий Хуитыныгъэ Радиом къызэрыжриIамкIэ  «Урысейр хуейуэ щытамэ, сирие адыгэхэр пэрыуэгъуэншэу къэралым къихьэжыфынути дэIэпыкъуныгъэ тэрэзи ягъуэтынут».

Къалмыкъ: Урысейр къапщтэмэ, лъэпкъхэм ятеухуа хуитыныгъэхэр,  нэхъ мащIэ хъуурэ макIуэ. Сэ къызэрысщыхъумкIэ. Мис,  псалъэм папщIэ, хабзэ къыдэкIащ «Урысей гражданствэ» жэуи, хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къэкIуэжынкIэ абы  Iэмал яриткъым.  А хабзэр зытеухуар урысхэращ, урысыбзэ зыщIэ, урыс культурэ зыщIэхэращ.  Абы къикIыр сыт? Адыгэхэр «хэкуэгъу программэкIэ» зэджэм храгъэубыдэкъым.

Хуитыныгъэ Радио