Дэтхэнэ зы лъэпкъыми хуэду Тырум дэс адыгэхэри ящыщ къашэжым е дэкIуэм нэхъ зэгурыIуэну, унагъуэ тэмэм хъуну къалъытэр.
Ар щхьэкIэ хэхэс гъащIэм адыгэхэр абы и лъэныкуъэкIэ хамэ лъэпкъхэм нэхъ унагъуэ дащIэу, щытщ. Ар иужьырей илъэсхэм нэхъ зихъуэжами. ВитI шитI зиIэ адыгэ унагъуэ тэмэм жаIэу япэм ягу ирихьхэр ямыдэжу, къуажэ гъащIэр зырамыпэсыжу щыщыта зэманыри къызэзынэкIа адыгэхэм, иджы нэгъуэщI гуныкъуэгъуэхэр яIэ хъуащ.
Нобэ къапэщылъ гуныкъуэгъуэхэмрэ абы и щхьэусыгъуэхэм теухуа Iуэхугъуэм теухуауэ Хутыныгъэ радиом къедгъэпсэлъащ, Тыркум щыIэ Джылахъстэней жылагъуэм щыщ, Истанбул щыпсэу Жылэхьыж Эрдогъан.
Жылэхьыж Эрдогъан: «Дэ къытщыщIыр аращи, ди бынхэр адыгэ хасэхэм пэIэщIэурэ къыдогъэхъу, ирреджэ, зыщIыпIэ ныррес ахъшэ сыт жыдоIэри. НыбжьыщIэхэри къэжэпхъауэ къэшэн нэшэн Iуэху щыхэхуэ лъэхъэнэми а зыхэтхэм щыщ къыхахыр. ИтIанэ ди адыгэ хасэхэм къекIуалIэ щIалэгъуалэр зэшыпхъузэдэлъху хуэдэу зыхущытхэщ. Я унэхэм щызэхуэсхэу апхуэдэу зыхэту щытым ахэр зэкъэшэныну гухэлъ зыхуащIыну яфIэемыкIущ зэмыблагъэдыдэхэми. Абы иужькIи ди хъыджэбзхэр макIуэри нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ къыхах, щIалэхэри аращ. Иджы нэхъ къэушахэу жыпIэ хъунущ. Зыгуэр яфIэкIуэда нэужь абы нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэ зэрыхъум къыхэкIкIэ. Ди бзэри ди хабзэри аращ. Дэ нэхъыжьхэри дыхъукъым, псалъэм папщIэ адыгэ унагъуэхэр дыщызэкIэлъыкIуэхэм ди бынхэр здэтшэкъым, цIыкIухэр унэм щIэсхэщ е нэгъуэщI зы щIыпIэ маукIуэхэр. Дэ дызэрылъагъу къудейкIэ зэфIэкIынукъым. Ди бынхэр щхьэусыгъуэ гуэркIэ гуп хъун хуейхэщ, нэхъыбэрэ зыхэхьэн хуейхэщ. Гъэмахуэм деж ди къуажэхэм нэхъ дыщызэхуэсыжыурэ джэгу хьэгъъуэлIыгъуэхэм нэхъ здыхэту зэрылъагъуу щытын хуейхэщ. Адыгэм хабзэ мыгъуу тхэлъщ а дигу ирихьа хъыджэбзыр е щIалэр ди бын ди Iыхьлы хуэдгъэфащэр ар зэреттын, е къызэрытшэнум дыхэткъым ар тфIэемыкIущ. АрщхьэкIэ дэ дызыхэс лъэпкъым ягу урихьауэ щытым уаIэщIэкIынукъым. НащI къащIыми ар уи пхъуу щытыми, уи къуэу щытыми зыгуэрурэ зыIэщIагъыхьэр. Ди щIалэгъуалэр университет щеджэхэми аращ, езыхэр псори зэшыпхъу зэдэлъху хуэдэщ, здыIэпыкъуу зыкъуэту щытхэщ. Абы щхьэдэхыу зэкъэшэн зыхуэхъуфхэкъыми итIанэ нэхъыбэри хамэ лъэпкъхэм докIуэ къашэхэр, мо дыщэм хуэдэ ди хъыджэбз ди щIалэхэри модрей лъэпкъхэм докIуэхэр, къашэхэр.
***
Иужьырей илъэсхэм ди лъэпкъэгъу ди хэкужь жаIэри Тыркум щыпсэу щIалэгъуалэхэм я хэкужь Кавказым нысэ къизышхэри махуэ къэс нэхъыбэ мэхъур.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие