Хьэгъундокъуэ Яшар. КАФФЕД адыгэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ нэхъыщхьэ. Тыркум, Анкъара къалэ.
Тыркум и Конья къалэ дэт Адыгэ Хасэм адыгэбзэр кирилл алыфбейм къытешыу латин алыфбейм тедгъэхьэнущ жери илъэс зыбжанэ хъуауэ зэлэжь Iуэхугъуэр, икIэм икIэжым Тыркум егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэкIэ министерсвам ябгъэдилъхьащ, икIи мэлыжьыхьым и I-м хъыбар игъэIуащ «адыгэбзэр латин алыфбеимкIи яджыну хуиту министертвам къищтауэ».
Абы ипкъ иту адыгэ бэдаушым псалъэ макъ къаIэтащ, Тыркум щыIэ адыгэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэ КАФФЕД-м иджы къахьыну зыхэт унафэр имыдэкIэрэ, ар министерствам къыщIыригъэхыжыну хэтщ.
lуэхугъуэм теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ, КАФФЕД адыгэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ нэхъыщхьэ Хьэгъундокъуэ Яшар.
Хьэгъуэндокъуэ Яшар: Адыгэр и хэкум кърахуу мыбы къызэрыкIуэ лъандэрэ зиужь итар и хэкужьым къриха я анэдэлъхубзэращ. Ар зэратхыу щытар ипэми кирилл алыфбейращ, ноби кирилл хъун хуейуэ аращ дызэрегупщысыр. Дэ зы тхыдэ диIэщ, зы щэнхабзэ диIэщ, зы хэку диIэщ, ди лъапсэр ди хэкужьым епхауэ апхуэдэу щытщи, дэ дунейм дэнэ дыщыпсэуми ди лъапсэм депхауэ, ди хэкужьым депхауэ дыпсэунумэ, ди анэдэлъхубзэр хэкум щызэрахьэ кирилл алыфбеим тету зетхьэн хуейуэ аращ. Тырку къэралым хуит дызэрищI лъандэрэ кириллым иужь дитщ.
Хуитыныгъэ Радио: Мэлыжьыхым и 1-м адыгэбзэ хасэм хъыбар игъэIуащ, «Тыркум егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэкIэ министерствам латинкIи иригъаджэ хъуну унафэ къищтауэ» жеIэри. Иджы сыт латиным щIыхуэкIуэжыр?
Хьэгъуэндокъуэ Яшар: Ахэм мыр зэрымыхъунур ящIэ. Дэ ди лъапсэмрэ ди бзэмрэ дгъэкIуэд зэрымыхъунури ящIэ. Сэ мыбы сыхэлэжьыхьу бзэм теухуауэ щIэныгъэ сиIэу аракъым, ауэ си бзэкIэ сыпсалъэжыфу сытхэфу сыщытщи, мы бзэм теухуауэ щIэныгъэ зиIэхэм, профессорхэм псоми жаIэрадыгэ литературэри, и щэнхабзэри, и эдебиятыри, и тхыдэри, мис мы кириллымкIэ ятхащи аращ.
Аращи латиным зэрытебгъэувэу жомыIэпхъэхэр утыкум къипхьэнурэ адыгэбзэр мыхъумыщIэу, иныкъуэр тыркубзэу, иныкъуэр нэгъуэщIыбзэу ищIынурэ апхуэдэу тIэщIэкIыну дошынэ мыгъуэри аращ.
Мыхэр сыт щыгъуэ дызэхуэзами яжетIащ, ягурыдгъэIуэну иужь дитащ. Бзэм и лэжьакIуэ Iэзэхэм яжетIащ ахэри къедгъэпсэлъащ, къахуедгъэтхащ ауэ сыт дымыщIами дгъэувыIэфакъым.
Сэ сызэреплъымкIэ, мыхэм адыгэбзэм зыгуэр къыхалъхьэн я мураду аракъым. Нэхъыбэм мыр урыс Iуэхущ, тырку Iуэхущ жаIэри политикэм хагъэзэрыхьауэ, мыбдеж политикхэри къадыIэпыкъухэурэ мыпхуэдэу утыкум къралъхьауэ щытщи, сыт щыгъуи яхуэддэнукъым.
Мис иджыпсту кириллым игъусэу латинри егъэджэн хуейщ жаIэри егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмкIэ министерствам къащта унафэр дэ судым идотыр. Ар абы яхуэддэну Iэмал иIэкъым, диIэ къызэрыкIуэкIэ мыбы иужь дитынущ. Дапэувынурэ дебэнынущ.
Цей Ильмаз, АДДЕР-м и тхьэмадэ къуэдзэ, Тыркум, Амася къалэ.
Хуитыныгъэ Радио: Адыгэ алыфбеир латиным къытешэн хуейщ жэуэ пхырызгъэкIа, АДДЕР зи фIэщыгъэцIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ къуэдзэ Цей Ильмаз доупщI.
Цей Ильмаз: Дунейм адыгэ нэхъыбэ зыщыпсэур Тырку къэралыгъуэращ. Тырку къэралыгъуэм и алыфбеири латинщ зытеухуар. Илъэси 150 хъуащ дэ хэкум дыкъызэрикIрэ. Абы лъандэрэ ди щIалэгъуалэр кириллкIэ ирагъэджэну пылъщ. Нобэ дыкъыздэсам ди бынхэм бзэр ящIэкъым. Бзэр зыщIэхэр илъэс 40-м итхэращ, укъекIуэтэхым бзэ зыщIэ къэнэжакъым. Тырку къэралыгъуэм кирилл зэбгъэщIами уэрамым утехьэми, телевисионым уеплъыми дэнэкIэ уплъэми плъагъур латинщ.
Хуитыныгъэ Радио: Латиныр зымыдэ фи ныкъуэкъуэгъум мыбы политикэ щхьэусыгъуэ халъагъуэ, уеблэмэ хьэкумыми зыхуагъэзэн я мурадщ, сыт хуэдэ жэуап яптынт ахэм?
Цей Илмаз: Дэ латиным теухуауэ бзэр къэтIэтыжынщ жытIэу аращ, политикэм дегупщыскъым. Дэ дызэгупщысыр ди бзэ закъуэращ, ар щыдгъыIэнращ. Тырку къэралыгъуэм адыгэбзэр иригъэджэным зэрыщIидзэрэ илъэситIыр иухауэ аращ. КириллкIэ еджэхэри щыIэщ. Дэ латинир хэдгъэхьащ, адэкIэ сабийм хуейм латиныр, хуейм кириллыр къыхихынщ, егъэджакIуэм еупщIынщ, дар къищтэми аращ. Дэ Тыркум иджы иригъаджэ кириллыр едгъэIэтыну, е мэхьчэмэ (хьэкум) сытхэри дэ дигу къэкIакъым.
Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ Радио, Тюркие