Черкес Мухьэмэд: Нобэ диIэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм сэ сыщыгугъыжкъым


Мэкъуогъум и 27-м Къэрэщай-Черкес Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэм зэфэс иIагъ. Ащ хасэм итхьэматэу джыри зэ къыхадзыжьыгъ Черкес (Шэрджэс) Мухьамэд. Мэкъуогъум и 27-м Фитыныгъэ Радио Черкес Мухьамэд дыришIыгъэ зэдэгущыIэгъум шъхьэихыгъэу Черкесым къыщеIо Дунае Адыгэ Хасэ (ДАХ) зыфаIорэм пкIэ зэримыIэжьэр.

Фитыныгъэ Радио Черкес Мухьамэд дыришIыгъэ зэдэгущыIэгъур мары: 


Шэрджэс: ДАХ-м дыкъыбгъэдэкIыу ди лъэпкъ Iуэху зетхуэжын хуейщ 

Июлым и 27-м Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэ пIалъэр зэриухым къыхэкIкIэ зэхуэс ирагъэкIуэкIынущ, абы и тхьэмадэри хахынущ. Абы ипэ къихуэу Хуитыныгъэ Радиом интервью къыIрихащ илъэсибл хъуауэ Хасэм и лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщ Шэрджэс Мухьэмэд. 

Хуитыныгъэ Радио: Урысейм ис адыгэхэр хэгъуэгуищым щопсэур. АтIэ Сирием зауэр къызэрежьэрэ Адыгеймрэ Къэбэрдей-Бэлъкъэрымрэ нэрыбгэ щэ бжыгъэ адыгэу къыдэтIысхьэжащ. Къэрэшей-Шэрджэсым нэрыбгэ щэ ныкъуэ нэхъ щхьэ къыдэмытIысхьарэ? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Ар зи пщэ илъыр Адыгэ Хасэращ, ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи ди адыгэхэм гупцIэнагъэ яхэлъкъым. Аращ псори къызыхэкIыр. Абы нэрыбгитхукIэ уелэжькIэ а псори зэфIэха хъукъым. Бизнесым хэт щIалэхэми зыкъыщIытщIамыгъакъуэм щхьэусыгъуэ иIэщ. «ДывдэIэпыкъуауэ хьэкумэтым къызэрацIыхуу дэ дакъузынкIэ дошынэр», - жаIэр абыхэм. Хьэкумэтым «зэрыфлъэкIкIэ фыдэIэпыкъу» жиIатэмэ Iуэхур нэгъуэщIут къызэрекIуэкIынур. 

Хуитыныгъэ Радио: АтIэ сыт апхуэдэ унафэ хьэкумэтым къыщIимыхьыр? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Мыбдеж адыгэхэр къэкIуэжыну яхуейкъыми аращ. Шэч хэлъкъым езым уизыхуа Урысейм уэ къеблагъэж жоуэ къыбжиIэнукъым. ЛIыгъэкIэ укъыфIимытIысхьэжмэ. Къэрэшей-Шэрджэсым и деж а псоми къыхохьэж къэрэшейхэм зэрафIэмыфIыр. УнафэщIыр щыкъэрэшейкIэ, а лъэпкъыр абы щыхуэмейкIэ. Сыт ахэр щIыхуеинур адыгэхэр хэхъуэну? Езыхэр нобэр къыздэсым йопщIыхь зэ Къэбэрдейм хуэдэу и зэхуэдитIым нэхъыбэ дыхъуащэрэт жаIэри. ИтIанэ мыбдеж коррупцие жыхуаIэри хэтщ. Урысейм деж а Iуэхур зэрекIуэкIыр наIуэщ. Мыбдежми ар ин дыдэщ. Мылъку уиIэмэ адыгэхэри къэпшэжыфыну. Ауэ Iулъхьэ птын хуейщ. Дэ диувыкIауэ Iулъхьэ дыткъым. Мис абыи куэд къыхокI. 

Хуитыныгъэ Радио: Мухьэмэд, мащIэщ нобэ Къэрэшей-Шэрджэсым уэ пхуэдэу щхьэихауэ Iуэхум и пэжыпIэр зыгъэнэIуэфыр, абы къикIыр уэ зыми ущымышынэу ара? 

Шэрджэс Мухьэмэд: Си лъэпкъым сыщымыукIытэмэ сэ зыми сыщышынэкъым. Пэжщ, а уэ жыпIэм шыгъу хэлъщ, сыту жыпIэмэ, куэдми уи щхьэр хъумэ къызжаIэр, ауэ сэ си Iуэхум къыспэмувыф щхьэкIэ куэд зэрыскъуаудыным пылъщ. Сэ си цIэкIэ нэгъуэщIхэр гугъу зэрезгъэхьым тIэкIу селъахьэ. Къыщыхъуи щыIэ лъэпкъым зэран сыхуэмыхъун щхьэкIэ си Iуэр щызымыщIэф. Мис иджыпсту, псалъэм папщIэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм елъытауэ согъэхьэзыр зы Iуэху. Лъэпкъ Iуэхум худиIэ бгъэдэхьэкIэр псоми дыхъуэжын хуейщ. Иджыри къэс ДАХ-ым сэ сызэрыщыгугъари, цIыхухэр зэрытепсэлъыхьымкIи зэрыщыгугъари нэгъуэщIщ. АтIэ сэ къызэрысщыхъумкIэ абы дакъыбгъэдэкIыу ди Iуэху адыгэм дэ зетхуэжын хуейщ. 

Хуитыныгъэ Радио: Абы къикIыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм адыгэр къыбгъэдэкIыуи? 

Шэрджэс Мухьэмэд: ДыкъыбгъэдэмыкIыу. Пэжу жысIэнщи, мы нобэ диIэ ДАХ-ым сэ сыщыгугъыжкъым. Мыр сэ сызэреплъымкIэ Урысейм и проектщ. Сэ Тыркум сыщыкIуам щыгъуэ слъэгъуа хамэ къэралхэми я проект. ТIури си гум ирихькъым. Зым, щIэх дыдэу адыгэхэр зауэрэ лъырэкIэ дызэрыхэкIуэдэнщ, адрейм, абы гу лъыдмытэурэ адыгэм и кхъащхьэ сыныр иджыпсту гухьэхэр трыдагъэувэу аращ. ТIум язми сыхуейкъым сэ. Сэ сызыхуейр си лъэпкъыр езыр тIысыжу и гупщысэр зэхилъхьэу лъэпкъыр къэзыхъумэн, лъэпкъыр ипэкIэ зышэн езым и проект зэригъэпэщыныращ.


Шэрджэс Мухьэмэд зи гугъу ищI проектыр куэд мыщIу лъэпкъым яхуигъэнэIуэн и мурадщ. И гупщысэхэр псори Хуитыныгъэ Радиом къыхуимыIуэтами, зы щэху къыжриIащ. Зэрагъэпэщыну зыхуей адыгэ проектыр къыздызэIуахынур Европэм дежщ. 

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск