Налщыч: Адыгэ ныбжьыщIэ театр - ДжэгуакIуэ фестивал - щэкIуэгъуэм и 21


ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и лэжьыгъэм пещэри, адэкIэ къыкIэлъыкIуэр «Адыгэ ныбжьыщIэ театр» зыфIэтща ДжэгуакIуэ фестивалырщ. Мыр мыхьэнэшхуэ зиIэу къэтлъытэ Iуэхущ.

Пэжым деувалIэрэ зэрыщытым хуэдэу жытIэмэ, къытщIэхъуэ щIэблэм тхылъыр и Iэпэгъукъым, абы къыхихыну Iущагъым пэIэщIэщ. Ар къызыхэкI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ еджакIуэр тхылъым дезыгъэхьэх Iэмалхэр нэгъэсауэ къызэрыдмыгъэIурыщIэм. Зи гупсысэр зэпцI сабийм бгъэдыхьэкIэ зэпэщ къыхуэдгъуэтыфмэ, набдзэгубдзаплъэу, зэхэщIыкI яIэу, я къэухьым зиужьауэ къытхуэгъэтэджынущ.

А Iэмалхэм ящыщщ еджапIэхэм театр къыщызэгъэпэщыныр, абы сабий нэхъыбэ къыхэшэныр. Тхыгъэм куууэ хэджыхьыныр, абы хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр зэIубз щIыныр, а гупсысэр пхригъэкIыным папщIэ тхакIуэм къыхигъыхьа лIыхъужьхэр зыхуэдэр, я хьэл-щэныр зэрызэфIигъэувар, ар абы еплъхэм гунэс ящыхъуным папщIэ утыку къипхьэ зэрыхъуну щIыкIэр – а псор гъэсакIуэм и гъусэу зэзыгъэзэхуа сабийр гупсысэу, Iеймрэ фIымрэ зэхигъэкIыу есэнущ, псэлъэкIэ ищIэнущ. ЩIэблэм бгъэдэлъщ зэфIэкI, делIалIэмэ, зиужьыну, бэтэну.

IитIыр зэрымытхьэщIмэ, зэрыщIэркъым, жеIэр адыгэ псалъэжьым. Iуэхум и фIыпIэу къыдолъытэ жылэ зырызым къыдэкIауэ театрым дихьэх ныбжьыщIэ джэгуакIуэ гупхэр, абы я гъэсакIуэхэр зэрыцIыхуныр, чэнджэщкIэ зэхъуэжэныр. Зэрылъагъун-зэрылъытэным папщIэ зэIущIэн хуейщ, Iуэху щхьэпэм зэришэлIауэ.

Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр я щхьэусыгъуэу утыкушхуэм щызэхуэзэнущ гупищ: Налшык къалэ дэт 26-нэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэм ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ»-м къытращIыкIа теплъэгъуэр ягъэлъэгъуэнущ (зыгъэхьэзырыр Дэхъу Ритэщ), Дэбагъуэ Барэсбий и цIэр зэрихьэу Шэджэм къалэ дэт №1-нэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэм IутIыж Борис и «Кхъужьеибэр»-р утыку кърахьэнущ (зыгъэхьэзырыр Къарэ Мадинэщ), Къуэгъулъыкъуей къуажэм дэт №2-нэ курыт еджапIэм и гъэсэнхэм Дэбагъуэ Мухьэмэд и «Анэр нэм хуэдэщ» пьесэр ягъэувынущ (зыгъэхьэзырыр Мэрзей Зоещ).

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и гуапэу фыкърегъэблагъэ 2015 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 21-м ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым щызэхыхьэну "Адыгэ ныбжьыщIэ театр" ДжэгуакIуэ фестивалым. ЩыщIидзэнур сыхьэтыр 12.00.