Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ) пашэ щыхъуащ къафэхэмкIэ Москва щекIуэкIа «Московская осень» федеральнэ зэпеуэм. Зэхьэзэхуэр къыхилъхьащ «Алые паруса» щэнхабзэ фондым (Санкт-Петербург).
КъафэхэмкIэ зэпеуэр Москва щэкIуэгъуэм и 6 – 8-хэм щекIуэкIащ. Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ гуп нэхъыфIу 47-рэ зыхэта зэхьэзэхуэм къэфакIуэ 1200-м я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну Iэмал яIащ программэм и унэтIыныгъиплIым.
КъэпщытакIуэ гупым хэтащ къэфакIуэ цIэрыIуэхэр – Москва и «Гжель» къэрал академическэ театрым и балетмейстер нэхъыщхьэ Слыхановэ Валентинэ, Урысей ФСБ-м и гъунапкъэхъумэхэм я ансамбль нэхъыщхьэм и балетмейстер пашэ Минх Геннадий, Урыс макъамэ телерадиоцентрым урыс уэрэдымкIэ и академическэ хорым и балетмейстер-постановщик Байковэ Людмилэ, балетмейстер, режиссёр, къафэмкIэ «Эксцентрик балет Сергея Смирнова» IуэхущIапIэм и къэфакIуэ Iэзэ Назаретян Ашот.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ а зэпеуэм хэта «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым зэхьэзэхуэм къафитI щигъэзэщIащ – адыгэ уэркъ къафэмрэ авар пщащэм и къафэмрэ. Нартан къуажэм икIа къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр зэпеуэм жэуаплыныгъэ ин яхэлъу бгъэдыхьащ. Концертым абыхэм щагъэлъэгъуащ адыгэ къафэм и дахагъэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхэмрэ гъуазджэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр.
Зэхьэзэхуэм хыхьэу екIуэкIащ къэфакIуэ гупхэм я художественнэ унафэщIхэмрэ къэпщытакIуэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы къыщыхагъэщащ «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр зэпеуэм фIыуэ зэрыхуагъэхьэзырар, къафэ-хэр екIуу зэрагъэувар, я фащэкIэ къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщар.
Зэпеуэр иуха нэужь, «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблыр пашэ зэрыхъуам папщIэ къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъым и япэ нагъыщэмрэ кубокымрэ, «Ступень к мастерству» саугъэт щхьэхуэр, лъэпкъ хабзэхэр зэрахъумэм папщIэ. Апхуэдэу къратащ 2015 – 2016 гъэхэм я къэфакIуэ нэхъыфIхэр хэту Сочэ къалэм 2016 гъэм жэпуэгъуэм щрагъэкIуэкIыну «Кубок победителей» грант зэпеуэ зэхуэщIам и сертификатыр.
КIарэ Элинэ
adyghepsale.ru