Къэбэрдей-Балъкъэр. Нобэрей къуажэдэсхэм я псэукIэр сыт хуэдэ?


Къэбэрдей Балъкъэрым и къуажэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, Дыгулыбгъуей, Зеикъуэ, Нартан, Щхьэлыкъуэ, Сэрмакъ, Малка. Мис апхуэдэ къуажэхэм хэгуэшауэ щопсэу Къэбэрдей Балъкъэрым ис цIыхубэм и нэхъыбэр.

Къуажэхэм лэжьыгъэ зэрыдэмылъым папщIэ цIыхухэр къалэм кIуэуэ щылэжьэн хуей мэхъу, къинэмыщIауи лэжьапIэ IэнатIэ Iутхэми я улахуэхэр къомэщIэкIри, зыхуей хуэзэу цIыхубэр псэуфыркъым, аращи, къажэдэсхэм  зыгуэрхэр езыр езырурэ къызэрагъэхьэрычэтыжынум пылъхэщ. 

А Iуэхум теухуауэ къуажэдэсхэм сытхэр я гупсысэми къищIэну Хуитыныгъэ радиом щIэупщIэныгъэ иригъэкIуэкIащ, икIи микрофоным къригъэпсэлъащ Ислъамей къуажэм щыпсэу Щоджэн Аминэ.

Щоджэн Аминэ: Къуажэм гугъу ехьи дэсщ, зи Iуэху хуэщIауэ гугъу емыхьи дэсщ. Ауэ къызэрысщыхъумкIэ гугъу ехьхэр нэхъыбэщ. Сыту жыпIэмэ, сабий цIыкIухэр яIэу, я лэжьыгъэкIэ зыхуэмыхъурэ я сомыр мащIэу, я сабиймрэ я унагъуэмрэ яхуэмыгъэтэмэму щыIэр нэхъыбэщ. Къуажэм лэжьыгъэ дэмылъми, уи унагъуэкIэ зыгуэр къэбгъэхьэрычэтыну ухуежьэми, Iэщ бгъашхэнуми, теплицэ зэбгъэпэщынуми, джэд бгъэшхэнуми, псоми къызэребгъэжьэн ахъшэ ухуейщ. Джэд бгъэшхэну сощIри, езы джэдыр кърибгъуэтыну, иризэбгъэпэщынум ахэр псори ахъшэщ. Iэщ бгъэшхэнуми хъупIэ уиIэн хуещ, хъупIэ зимыIэри, Iэхъуэ зимыIэхэри нэхъыбэжщ. Теплицэ зиIэхэми хадэхэкIыр кърахьэлIа иужь, бэзэрым яшэмэ щащэн увыпIэхэр ягъуэткъыми абы щхьэкIэ псалъэн хуей мэхъу. МыткIэ гъэш зиIэхэми увыпIэ яIэкъыми, я гъэшыр къралъэфэкIыу, зэ моткIэ зы мыткIэ къахуу, сытми къагъэхьэрычэта тIэкIури яхуэщэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, емыхъулIэр нэхъыбэщ, дэIэпыкъуэгъу зымыгъуэтыр куэд мэхъу. Абы ипкъ иткIэ къуажэдэсхэм, къуажэм я Iуэхур щымыхъуу, къалэхэм кIуэн хуей мэхъу. Я сабийхэр садым иратын хуей мэхъури, илъэситIым щыщIэдзау я адэ-анэм ямыгъусу абы щыIэщ. Садым зэрагъасэр Iейуэ схужыIэнкъым ауэ, анэ-адэм ямыгъэсауэ къохъу сабийхэр. КIэщIу жыпIэмэ, къуажэдэсхэр мис апхуэдэурэ гугъу йохь. 


Къуажэдэсхэм я быныр зыхуей хуагъэзэфын ирагъэджэфын папщIэ  теплицэ ящI, хадэ хасэ, джэд къаз, Iэщ ягъашхэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи псэуа мэхъу къуажэдэс лэжьапIэншэ цIыхур, абы къыдэкIуэу, къуажэм удэсыныр гугъуехьышхуэщ, къэлэнышхуэ уипщэ къыдохуэ жызыIэ Дзэлыкъуэ къуажэм дэс Бжахъуэ Света Хуитыныгъэ радиом зыхуегъазэр. 

Бжахъуэ Светэ:  Къуажэм дэсхэр гугъу йохь къалэнышхуэ яIэхэщ, хадэ бгъэкъэбзэн хуещ, уи бжэ Iупэ, уи уэрам Iупэ бгъэкъэбзэн хуещ. Жэмыр уиIэмэ, ар пшын хуейщ зыхуей хуэгъэзэн хуейщ. Унэ кIуэцIым щIэпщIыхьым хуэдизыпс пщIантIэми дэпщIыхьынущ. Мис ахэр псори зэхыхьэжмэ мис ар гугъуехьщ. 


Къуажэдэсу сыщымыту къалэм сыдэсыну си хъуэпсапIэщ жызыIэ зы бзылъхугъуэ Хуитыныгъэ Радиом зыхуегъазэр и цIэ унэцIэр къыхэмыщмэ нэхъ къищтэу. 

Сэ схузэфIэкIатэмэ сыщыпсэунт къалэм, ар си хъуапспIэщ. Сыту жыпIэмэ, къуажэм удэсыну гугъу хъуащ, зэфIэкIышхуэ къыпхудэхынукъым лэжьыгъэ дэлъкъым, дэлъми дэлъыр Iэщ бгъэшхэну, тплицэ зепхьэну, хадэхэкI къеплъэфэкIыну, ахэми мыхьэнэшхуэ къыпыкIыу схужыIэнукъым. Апхуэдизу гугъу уехьу къэбгъэкIа гъавэр, гугъу уехьу зеплъэфа Iэщым и гъэшыр узэрыхуейуэ пхуэщэкъым. Жэщ ныкъуэ хъуху зыбгъэхьэзырауэ бэзэрым пшэ хъугъуэфIыгъуэхэр пхуэмыщэу жэщыбг хъухукIэ утету апхуэдэщ. Iейуэ гугъущ, бэзэри хъужкъым, сатуй пхуэщIкъым. Къуажэдэсым сэ зей сехъуапсэкъым, сыхуейт къалэм сыдэсыну, сыщIыхуейр сищхьэтэкъым, си бынхэрщ. Я еджэныгъэ, я зэфIэкI и лъэныкъуэкIэ я Iуэху нэхъ щыдэкIыну къызолъытэр. Къуажэм ущыдэкIуэтеифынукъым, сабийр зыхуей хуэзэу щыпхуегъэджэнукъым. Еджэныгъэм имызакъуэу гъуазджэ и лъэныкъуэкIэ къуажэм зыри дэлъкъым. 


Къуажэдэсхэм я хадэ къраха пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ, хадэхэкIхэмрэ пщэдджыжьым жьыууэ бэзэрым яхьрэ, махуэ псом чил зэрызурэ зыщи къащыхэкIи къохъу.

Дыжьын Иннэ. Хуитыныгъэ Радио. Къэбэрдей Балъкъэр.