Amnesty International-м Урысейр игъэкъуэншащ Сирием деж «пшэч мыхъун» дзэ щIэпхъэджагъэхэр зэрилэжьым щхьэкIэ.
Пэжырытелъхьэхэм яIэ хъыбархэмкIэ, урысей дзэ кхъухьлъатэхэм иужьрей тхьэмахуэм нэгъуэщI Iуэху ямыIэу удынхэр ирахащ мамыр цIыхухэмрэ къегъэлакIуэхэмрэ.
Amnesty International-м и лIыкIуэ Хасан Тиранэ Sky News-м зэрыжриIамкIэ, удынхэр еджапIэхэм, сымаджэщхэм, псэупIэ унэхэм зэратехуэм щыхьэт техъуэхэр иIэщ а зэщIэхъееныгъэм.
Хасан и псалъэхэмкIэ, мамыр объектхэм удын ехыныр езыр зэрыщыту дзэ щIэпхъэджагъэщ, абы пэмыщIыжу урысей лагъымыдзхэм трагъэзэжурэ етIуанэу хьэуа удынхэр ирах а псэуалъэ дыдэхэм.
Абы ипкъ иту хокIуадэ гуманитар лэжьакIуэхэри, уIэгъэ хъуахэмрэ хэкIуэдахэмрэ унэ зэхэкъутахэм къыщIэзыхыжыну пылъ мамыр цIыхухэри.
Хуитыныгъэ Радио