Адыгэ фермерым и щIыхэр зэрытрахар щIигъэбыдащ хьэкумми


Къэбэрдей-Бэлъкъэрым щыщ жылагъуэ IуэхущIакIуэ цIэрыIуэ, адыгэш зыгъэхъу Ягъэн Ибрагим илъэс 25 хъуауэ иIыгъ щIы кIапэ, шыхэр щагъэхъуу, абыхэм яшхын щагъэкIыу щытар нэгъуэщI нэрыбгэхэм иратащ, икIи ар къыщIагъэбыдащ хьэкум унафэкIэ. 

Адыгэш къабзэу 150-р зыщIэт шэщри абы дэкIуэу хьукумэтым ищащ, ар Ягъэным къызэрыратау щыта унафэр хабзэм къемызэгъыу щытауэ жаIэри.

Адыгэшыр адыгэ лъэпкъым и дамыгъэхэм щыщщ, тхыдэм щыIуауэ, цIэрыIуэу щытауэ, икIи ар ихъумэным зи гъащIэ хуэзыгъэпса Ягъэн Ибрагим иджыпсту ищIэныр имыщIэу къэнащ, республикэ унафэщIыр Iуэхум къыхэIэбэным щыгугъуу.

Ягъэным и шэщыр къытырахыну яужь итщ куэд щIауэ. Ар илъэсих ипэкIэ оппозицием уври, щIы Iуэхур республикэм зэрамыгъэтэрэзам щхьэкIэ абы щыгъуэ республикэ унафэщIу щыта Къэнокъуэ Арсен еныкъуэкъуу щытащ. А зэманхэм лъандэрэ зыбжанэрэ мынэIуасэ нэрыбгэхэр хущIэкъуу щытащ щIы кIапэр къытыраху жылагъуэ IуэхущIакIуэр Iуэхуншэу къагъэнэну.

Езы Ягъэным зэрыжиIэмкIэ, хьэкум унафэр щыIэщ, икIи къыжыраIащ щIым текIын хуейуэ, ауэ зэкIэ хьукумэтыр къыхэIэбэным щогугъу:

"Хабзэм зэрытетымкIэ щIыр зэрыщыту къуажэм къыратыжын хуеящ. Ар щхьэкIэ къуажэм къыратыжакъым. Къуажэм къыдамытыжу нэмыщI гуэрхэм яубыдауэ, щIыр езыхэм ягуэшу, иужькIэ ящэну яужь ихьати, мыбы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр абыхэм дазэрыпэщIэувар аращ. Иджыпсту нэмыщI зыгуэрхэм щIыр хьэхуу иратри къысхуэкIуахэти, ахэр щIым къытедмыгъыхьэу дэдгъэкIыжащ. Хьэкумым дыратри, мы илъэситI блэкIам абы иужь дитащ. Мыбыхэм я тхылъхэр псори щIыр зыубыдахэм къыратати, хьэкумым ар тегъэщIапIэ ящIри, щIыр мыбыхэм ейуэ къыщIырагъэдзыжащ. МахуищкIэ узэIэбэкIыжу щытым, Шэджэм хьэкумым сыраджэри, хьэкум унафэр зыгъэзащIэхэм тхылъ къызатащ, "мы щIыр ууеижкъыми, мобыхэм иратащи, зэран ухуэмыхъуу къытегъыхьэ", - жаIэри. Иджыпсту абы теухуауэ щытщ. Ауэ мыдэкIэ хьукумэтыми, мыбы шы 150 тетщ, илъэс 25 хъуауэ дыщолажьэри, мыр мыпхуэдэу зэуэ бгъэбыдэ зэрымыхъуныр къагуроIуэри, "зэ тIэкIу умыпIащIэ, дэ Iуэхум иджыри делэжьынущи, куэд мыщIу дыноджэнщ", - жаIэри, апхуэдэу сыкъагъэгугъуауэ, абы сежьэу сыщысу аращ".

Ягъэным и щIыр къыщIытырахыжыну щхьэусыгъуэ ящIар илъэс 25 ипэкIэ а щIыр къыщищтэм щыгъуэ щыуагъэ гуэрхэр хэлъауэ жаIэу аращ. 

Ауэ къэрал хабзэ къекIуэкIымкIэ, щыуагъэкIэ щIыр ятами, абы хабзэм къигъув пIалъэр икIащ, икIи а щIыр иIыгъыхукIэ къэралым хьэкъыр иритурэ и Iуэхур ищIащ. Абы хьэкумым гу лъитакъым. Абы нэмыщI, Нартэн къуажэм и щIыхэр псори Урысейм и Мэкъумэш академием иратау щытащ, щIэныгъэ къэхутэным елэжьын хуейуэ, ауэ IуэхущIапIэ абы хуащIам щIэныгъэ къэхутэн лэжьыгъэ иригъэкIуэкIакъым, икIи бюджетым тесын хуея IуэхущIапIэр банкротым хуашэн щIадзащ. 

Ар 1987 гъэм яухуау щытащ, икIи абы лъандэрэ гектар 5000 хъу щIыхэр зыхухаха IуэхумкIэ къамыгъэсэрэпу къокIуэкI, ауэ Ягъэным иIыгъ гектар 50-р илъэс 25 дэкIа нэужь къащIэжащ къызэрагъэсэрэпыр нэгъуэщI Iуэхугъуэу зэрыщытыр. Аращ жылагъуэ IуэхущIакIуэр щIэныкъуакъуэр, икIи мы Iуэхум хелъагъуэр езым и щхьэкIэ и бийхэм я Iэр къыхэIэбэу, езым зэран хуэхъун щхьэкIэ.

ЩIэныгъэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэ "Нартан" жаIэу ящIау щытар, хабзэм къызэригъувымкIэ, Мэкъумэш академием и бюджеткIэ лажьэн хуейщ, икIи щIыуэ иIэр а лэжьыгъэмкIэ къигъэсэрэпын хуейщ. Ар къэрал хабзэмкIэ банкрот ящI хъунукъым, хэхъуэу иIэр бюджет къудейр аращи. Ауэ илъэсих хъуауэ йокIуэкI банкрот щIыным пыщIа Iуэхугъуэхэр.

Абы пэщIэувау щытащ Ягъэн Ибрагимрэ нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущакIуэ Медалий Адэмрэ. 

Ахэм къыщIагъэщащ а IуэхущIапIэм щымылажьэ цIыхухэр ягъувурэ я улахуэхэр зэрыкIуэдар, щIыхуэ къащтэну хуимытхэр къащтэурэ ямытыжурэ мылъкуншагъэм зэрыхуашар. 

Абы щыгъуэ а IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Мэлыхъуэ Зураб хьэкумым иратати, ар зыкIи мыкъуаншэу, мылъкур псори зышхар абы и бухгалтерыр арауэ къыщIагъэкIри, Iуэхур ягъэбыдэжащ. Абы кIэлъыкIуэу кIэщIкIэ Ягъэным и шэщыр Мэлыхъуэ Зураб къищэхуащ аукцион зыхуэщIакIэ, мыдрей гъавэр зытырисэу щыта щIыр нэмыщI нэрыбгэм иратащ.

Мы гумэщIэгъуэм и лъабжьэхэм щыщщ илъэсибл хъуауэ республикэм "щIы Iуэху" жыхуаIэу ягъэвури. Псалъэм папщIэ, щIэныгъэ къахутэн щхьэкIэ хаха щIыр федерал мылъку ящIащ, ауэ Урысейм и хьукумэт унафэ щыIэщ, апхуэдэщIхэр псори къуажэм иратыжын хуейуэ. 

Абы нэмыщI мыдрей щIыхэри псори къуажэхэм иратыжын хуейуэ жеIэр федерал хабзэ 131-м, ауэ ахэр зыри ягъэтэрэзакъым. 

Къэнокъуэ Арсен республикэ унафэщIу щыщытым щыгъуэ абы къилъытащ щIыхэр бизнесмен нэхъ ехъулIэныгъэ зиIэхэм яIыгъын хуейуэ, икIи федерал хабзэри, хьукумэт унафэри имыгъэзащIэу къэнащ. 

Иджыпстуи щIэх щIэхурэ къуажэдэсхэр къызэроIэт, щIым зэрыхуэныкъуэр къагъэлъэгъуэну, ауэ пыухыкIауэ зы хэкIыпIэ къахуэгъуэткъым. Псалъэм папщIэ Зэлыкъуэ куейм щыщ къуажэ зыбжанэм дэс мэкъумэшыщIэхэр зыхуэсын хуейщ мы тхьэмахуэм, щIы Iуэхум тепсэлъыхьыну.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ Радио

Бэрокъуэ Артур