Интернетым сайтыщIэ къыщыунэхуащ «Адыгэ псапортхэр» и фIэщыгъэцIэу


Мы сайтыр къызэзыгъэпэщар «Черкесская полития» жыхуиIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэращ. Адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Бещто Аслъэн къызэригъэлъагъуэмкIэ «Черкесская полития» дунейм и къэрал куэдым щыIэ адыгэхэм зэхыхьэу къызэрагъэпэщауэ аращ. 

Нэхъыбэу мы Iуэхур езыхьэжьар Австралием, Канадэм, Америкэ Штат Зэкъуэтым, Европэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэращ. 

Мыхэм я мурадщ адыгэ Iуэхур зы къэрал хэгъэщхьэхукIам епхауэ щымыту дуней псом и деж зыщырагъэужьыну. 

Ахэм утыку къралъхьащ дунейм и зы къэралыми емыпхауэ адыгэ паспорт къызэрагъэпэщыну. Мыбы папщIэ Iуэхум и пэщIэдзэу а адыгэ жылагъуэ зыгуэхьэныгъэм къызэIуихащ «Адыгэ паспортхэр» интернет сайт. 

АрщхьэкIэ мы Iуэхугъуэм адыгэ псори зэхуэдэу бгъэдыхьэу щыткъым.  Мы хъыбарыр дахэ дахэу зэбгырыкIыну иджыри хунэмыс щIыкIэ зэуэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм (ДАХ) и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий а  Iуэхугъуэм пэщIэту жиIа  псалъэхэр утыку къихуащ. 

«Территория контрастов» сайтым тхьэмахуэ блэкIам утыку кърилъхьащ Сохъурокъуэ Хьэутий мы упщIэхэм теухуауэ и еплъыкIэхэр.

Абы къызэригъэлъагъуэмкIэ мыбы адыгэм и Iуэхум фIы къыдигъэкIуэнукъым, абыкIэ адыгэхэр Урысейм пэщIагъэувэнууэ иужьым итуэ аращ. 

АрщхьэкIэ пхуэдэ Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщI адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдым ягу ирихькъым. 

Уеблэмэ адыгэ Iуэхум хэт куэдым къагъэлъагъуэ Сохъурокъуэ Хьэутий нобэкIэ адыгэхэм я фIы Iуэху зэримыхуэу, абы Урысейм и хьэлэмэтыр дигъэкIыу. 

ИкIи дэтхэнэ адыгэ лъэпкъым и дежкIэ зы IуэхуфI утыку къихуэмикI  зэуэ Сохъурокъуэр абы пэщIэтыу  а Iуэхур хиутэу утыку къиувэу зэрыпсалъэр.  АдэкIэ мы Iуэхухэм и лъабжьэ щIэлъхэм абы адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдыр зэрыбгъэдыхьэм теухуауэ и еплъыкIэр Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ КъБР-м щыщ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ 90 гъэхэм лъандэрэ адыгэ Iуэхум жыджэру  хэт Бырхьэм Мухьэмэд:

«ДАХ-рэ Адыгэ Хасэмрэ   Урысей щэхурылажьэм и IэмыщIэ  иралъхьэжа нэужьым  сыт хуэдиз жылагъуэ зэгухьэныгъэ адыгэм къызэримыгъэпэщамэ зэкъуэувэу хуэфащэн къару ягъуэтыжыфыркъым.  

Ар зэрыхъунур Тхьэм ещIэр, ауэ мы «Черкесская полития» къызэрагъэпэщам нэхъ лъабжьэ иIэу къалъытагъэнщи абы зэрыпIэщIэтын Iуэху зэрахуэхэу аращ. А паспортыр ящIмэ абы зыри зэраныгъэ къихьынукъым, яхузэфIэкIымэ яхуэщIмэ лъэпкъым и сэбэп къикIыну мыхъумэ. Мы къэралыр зэгурыIуам хуэдэу дэнэ щIыпIи адыгэм утепсэлъыхьын щыщIэбдзауэ занщIэу абы поуври уамыгъэпсалъэну иужь итхэщ».

Адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ куэдым къызэрагъэлъагъуамкIэ иджыпсту Адыгэ Хасэхэм я нэхъыбэр адыгэ Iуэхум хуэлажьэу щыткъымэ. 

Ар апхуэдэу щIыщытым лъабжьэ хуэхъур ДАХ-м хыхьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я нэхъыбэр Урысейм, нэгъуэщI къэралхэм я щэхурылажьэхэм я лъабжьэ щIагъэувауэ ягъэлажьэу зэрыщытыр аращ.

Мыр зэран хуахъур иджыпсту дунейм адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу щыIэу хъуар зэкъуэувэу адыгэ Iуэхур зэгъусэу дагъэкIыным. 

Мыбы къыхэкIкIэ мы иужь илъэсхэм езыр езыру къоунэхур адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ щхьэхуэхэмрэ, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэмрэ адыгэ Iуэхум езым я IэмалхэмкIэрэ, я гупщысэм къызэрихькIэрэ телажьэхэу. 

Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал. Къэбэрдей-Балъкъэр