Дыгъэгъазэм и 10-м «Адыгэ пщащэ-2016»-м фрагъэблагъэ


Кэнжэ къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм «Адыгэ пщащэ – 2016» зэпеуэм и кIэух Iыхьэр щрагъэкIуэкIынущ.

Пщащэ гъэсар, Iэдэбыр, зэкIужыр, акъыл жаныр къыщыхах зэхьэзэхуэр илъэс ещанэ хъуауэ ди республикэм къыщызэрагъэпэщ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий Зэретэ, абы и къуэдзэ Балэ Людмилэ сымэ.

Къыхэгъэщыпхъэщ зы илъэсым нэхърэ адрейм зэпеуэм и пщIэри и щIэупщIэри нэхъ лъагэ зэрыхъур. Ар куэдкIэ я фIыгъэщ а зэхыхьэ дахэр кIуэ пэтми езыгъэфIакIуэ къызэгъэпэщакIуэхэм.

Мы гъэм зэпеуэм хэтынущ набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу пщащибгъу. Ахэр Мамхэгъ Миланэ (Шэджэм Езанэ), КIэщт Альбинэ (Кэнжэ), Тыгъужь Сарэ (Иордание), Къумахуэ Элинэ (Лэскэн ЕтIуанэ), ЛIыгуащIэ Радимэ (Дыгулыбгъуей), Шыдакъ Роксанэ (Инарыкъуей), Къуэдз Миланэ (Къулъкъужын), Молей Iэминэ (Сэрмакъ), Шэру Анжелэ (Къармэхьэблэ) сымэщ.

Псоми хуэIэзэ щымыIэми, пщащэхэм я зэфIэкIыр Iуэхугъуэ куэдымкIэ ягъэунэхунущ.

ЦIыхур къэпцIыхун папщIэ Iэмал имыIэу зыщыщ лъэпкъым, и унагъуэм зыщыбгъэгъуэзэн хуейщ. Хъыджэбзхэр къызыхэкIахэм, я адэ-анэм, къыдалъхуа цIыкIухэм я сурэтхэр ягъэлъагъуэурэ абыхэм тепсэлъыхьынущ. Пщащэхэм адыгэ шхыныгъуэхэр зэращIыр, ахэр зэрыпщэфIэфри зы Iыхьэм щагъэлъэгъуэнущ. Ерыскъым и IэфIагъымрэ ар Iэнэм екIуу зэрытрагъэувэмрэ къищынэмыщIауэ, пщащэм жиIэпхъэщ а шхыныгъуэм Iэпкълъэпкъым дежкIэ иIэ сэбэпынагъыр. Апхуэдэуи зэпеуэм хэтхэм я акъылым и жанагъыр, я гупсысэм и кууагъыр, ябгъэдэлъ щIэныгъэр сэтей къыщащIынущ. ЗэфIэкI хэха зыбгъэдэлъхэми (пшынэ еуэ, усэ зытх, уэрэд жызыIэ, н.къ.) къагъэлъэгъуэну Iэмал яIэнущ. Адыгэ пщащэхэм я зыIыгъыкIэр, утыку итыкIэр, псом нэхъыщхьэращи, лъэпкъ фащэр екIуу зэращыгъыр нэIуэ щащIынущ иужь Iыхьэм.

Ди республикэм и артист, уэ-рэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм я уэрэд, къафэ дахэхэмкIэ ягъэбжьыфIэнущ пшыхьыр. Зэпеуэм къыщыхэжаны- кIа пщащэхэм фэеплъ саугъэтхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратынущ.

«Адыгэ пщащэ-2016» зэпеуэр Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм дыгъэгъазэм и 10-м сыхьэт 12-м щекIуэкIынущи, гукъыдэж зиIэ псори феплъыну фрагъэблагъэ.

Адыгэ Псалъэ