Археологием теухуауэ адыгэбзэкIэ япэ тхылъыр дунейм къыте­хьащ


 Адыгейм и Лъэпкъ му­зейм и лэжьакIуэ, археолог цIэ­рыIуэ Тау Аслъэн игъэ­хьэ­­зыра тхылъ гъэщIэгъуэ­ным республикэм и еджапIэ нэ­хъыщхьэхэм я студентхэм щы­гъуазэ защIащ. Абы теу­хуа зэIущIэ НыбжьыщIэ биб­лиотекэм щызэхэтащ.

Илъэс 30-кIэ Тау Аслъэн Адыгейм и щIыналъэр зэры­щыту щIипщытыкIащ, Iуащ­хьэ пщIы бжыгъэхэр къы­щатIэщым хэтащ, адыгэхэм я щэнхабзэ къулейм щыхьэт техъуэ артефакт минхэр къи­гъуэтащ. ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ лъахэм и тхыдэм дихьэхыу респуб­ликэм щыпсэухэм тхылъыр гъэщIэгъуэн зэращыхъунур. Тау Аслъэн ар урысыбзэкIи къыдигъэкIыну и мурадщ.