Иужьрей зэманым щIыпIэм къыщыхъухэр залымыгъэкIэ къэрал унафэр зэрахъуэж Iэмалу къилъытащ абы. Абхъазым и къару къулыкъухэри къэпсэлъащ, жаIащ ахэм президентым дащтэу.
Гъубжым, шэджагъуэ нэужьым абхъаз оппозицэм иубыдащ Согъум дэт администрацэ унэр. Дыгъуасэ оппозицэм къалэм и уэтыку нэхъыщхьэм щызэхуишэсащ цIыху мин бжыгъэ зэкIуэлIа пэкIу. ПэкIухэтхэм ягъэувт президентми, хькумэтми я IэнатIэхэр ягъэтIылъыжын хуейуэ.
АпщIэндэху. Абхъазым къыщекIуэкIхэр мамыру зэфIэкIыну мэгугъэ Тбилисир. Апхуэдэр жиIащ лъэныкъуэхэр зэхуэфI щIыжынымрэ цIыхубэ зэхуэгъэдэныгъэмрэкIэ Грузие министр Закареишвили Паатэ. Тбилиси пIейтейуэ кIэлъоплъ Согъум къыщыхъухэм - жиIащ министрым.
Езы Грузие политологхэм хуагъэфащэ Абхъазым Кърымым и лъэужьыр ихункIэ хъуну. Апхуэдэр Хуитыныгъэ Радиом къыжри1ащ политолог Лебанидзе Соломон.
Хуитыныгъэ Радио.