Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм епха хабзэхэр тIэщIоху, хабзэм тету хьэгъуэлIыгъуэ езгъэкIуэкIхэр нэхъ кIащхъэ мэхъури

Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм егъэщIылIа  ди  адыгэ  хабзэхэр кIуэ пэтми нэхъ кIэрыхуурэ нэхъ мащIэ хъууурэ макIуэр. Хабзэм щымыщ куэд къыхагъыхьэу щIадзахэщ. ХьэгъуэлIыгъуэ махуэ къэс жыхуиIэм хуэду ирагъэкIуэкI, ар екIуэкIыхукIэ зы щIэращIэ  щымыщ гуэр къахалъхьэр.
ЦIыхухэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ядоплъери ахэм щапхъэ тырах, аращи абы тырахар дидеж къыщагъэсэбэп . Ди адыгэ хабзэр  IэщIыб ящIри нэгъуэщIыпIэхэмкIэ маплъэфхэр, ауэ щыхъукIэ егъащIэ лъандэрэ поми щахъэ зытырахыр адыгэрау щытарэ пэт.

Нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэгъуэлIыгъуэ дыкIуэм зы лъэныкъуэкIэ догуфIэр гуфIэгъуэ дыхэтщи, зы лъэныкъуэкIи дигурэ дищхьэрэ зэбгъэжауэ , дигур хэщIу дыкъокIуэж хабзэ зэрыщызэрамыхьэм  ипкъ иткIэ. Ди щIалэгъуалэм я зыхэтыкIэр хьэлэчу зыIыхьащ, гъэсэныгъэр зыбгъэдэлъыр мащIэ дыдэщ, нэхъыжьым пщIэ хуэщIыпхъэр зыщIэр къыхуэбжынущ гуп ухыхьамэ жаIэр абыхэм.Псом нэхърэ нэхъ ди жагъуэ хъухэм ящыщщ, Утыкум нэхъыжь къытехьауэ къафэмэ, нэхъыжь къофэр жаIэу я къэфэныр зэрызыпамыгъэур. Нэхъыжь къыдэкIамэ утыкур хуит хуэпщI хъунIэ? Хуит пхуащIын къэгъэнауэ къыбжыхэуэу  урамыудым угуфIэнщ  жаIэхэр.

ХьэгъуэлIыгъуэм щекIуэкI гурымыхь нэхъ цIыхухэр зыгъэпIейте Iуэхугъуэхэм теухуауэ  и гупсысэр къыжиIэну Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къыдгъеблэгъащ  КIэрэф  Ася.

Хуитыныгъэ радио:
Ася, иджыпстурей хьэгъуэлIыгъуэ екIуэкIыкIэм теухуау сыт къыжыпIэн, нэхъ пасэ зэманхэм ящIу щыта хьэгъуэлIыгъуэмрэ иджыреймрэ зыщхьэщыкIыныгъэ  яIэхэ?

КIэрэф Ася:
Пасэ зэманхэм екIуэкIыу щыта хьэгъуэлIыгъуэхэм хуэду иджыпстурейхэри  щытамэ ди насыпти. Иджы къамыгупсыс щыIэкъым, псори зыхагъэзэрыхь щымыщ куэд къыхалъхъэр. Хабзэр зыблаш, яфыщI. Япэм щыгъуэ нэхъ кIыхьыу екIуэкIу щытащ, иджы кIэлъыкIуэри, унэ ушэри , малъхъэтешэри псори зы махуэм ящIри йожьэж. Ар сэ сигугъэмкIэ, цIыхухэм ахъшэ зэрамыIэм къыхэкIкIэ нэхъ псынщIу зыфIэкIмэ нэхъ тхузыфIэкIынщ жаIэу арагъэнщ.

Хуитыныгъэ радио:
Куэдым хьэгъуэлIыгъуэр я унэ къагъанэу , кафе ресторынхэм ящIу щIадзахэщ абы дауэ уеплърэ уэ Ася?

КIэрэф Ася:
Мис ар нэхъ сигу иримыхь дыдэу  адыгэм къытхэхьахэм  ящыщщ . Унэ лъапсэшхуэ зиIэхэми ресторыным щащI, я унэ ямыуцIэпIын щхьэкIэ. КъызгуроIуэ унэ уимыIэмэ е къалэм удэсу квартирэ ущIэсмэ ресторан щыпщIми, ау унэ уиIэмэ тхьэ щыпщIын хуей ресторан.  ХьэгъуэлIыгъуэ щынэмыщIауэ мыдре праздник сытхэри аращ , унэм зыри щащIкъым. Унэм гузэвэгъуэхэм фIэкI ямыщIыжу хъуау сигугъэщ.

Хуитыныгъэ радио:
Джэгум и деж щIалэгъуалэм я къафэкIэр сыт хуэдэ?

КIэрэф Ася:

ЩIалэгъуалэм я къафэкIэр  ЩIагъуэу схужыIэнуIым, псори жысIэнIым  яхэтщ моу адыгэ унагъуэ къыхэкIау тэмэму къафэфи. Ау нэхъыбэм я къафэкIэр щIагъуэIым. Ди адыгэ къафэжь къафэхэIым, къызэрыфэр Шэшэн Дэгъыстэнхэм ещхьыущ. Дэлъе къелъыхыу  къофэхэр псом хуэмыдэу хъыджэбзхэр  Iэсэ лъасу къызэрымыфэр си жагъуэ мэхъур . ИтIанэ къыщыфэм и деж утыкум цIыху тIощI итхэщ. Къафэу тетыр дыхьэжыху емыжьхэу мыдрейхэр къытохьэхэр, аращи псори зыхозэрыхь. Иджыри мыхъу мыщIэ дыдэу щIалэгъуалэхэм яхэлъ хьэлу жыIэфынущ .Псалъэм папщIэ зы хъыджэбзрэ зы щIалэрэ къофэри утыкум итщ, иджы а къафэу здытетым зы щIалэ къыдопкIри мыдре япэу къыдэфар дохьэж. КIащIу жыпIэм зызырахъуэжхэр. Апхуэдэ хабзэ  зей  адыгэм диIакъым. Псалъэжьыу диIэщ «Утыкурэ пIэщхьагърэ умыхъуэж жиIэу» Абы къикIыр укъыздэфэну къыдэпша хъыджэбзыр тэмэму  къэбгъафу удэлъе укъелъыхыу ущымыту  дэпшэжын хуещ  жиIэу аращ.

ХьагъуэлIыгъуэр адыгэ хабзэжькIэ ирагъэкIуэкIыу хъужыну  ЩIалэгъуалэр къызэплъэкIыжыу я хабзэр къащтэжыну яхъумэжыну щогугъхэр.

Дыжьын Иннэ: Хуитыныгъэ радио. Къабэрдей Бэлъкъэр