КъБР-м НатIэ Аслъэн щIаубыдам и лъабжьэ щIэлъщ хьэкумым и унафэр


Накъыгъэм и 26 махуэм КъБР-м хэт Бахъсэн къалэм дэс НатIэ Аслъэн хабзэхъумэхэм яубыдащ абы щекIуэкIа террорым щебэн операцэ хэхам ипкъ итуэ.

ИкIи абы и лъабжьэ щIэлъыу щытщ Бахъсэн къалэм и хьэкумым и унафэр.

Мыпхуэдэ хъыбар «Кавказ узел» информ къулыкъум мы яубыдам и къуэш НатIэ Руслан къыжриIауэ утыку ъкихуащ. НатIэр хабзэхъумэхэм яубыдри я IуэхущIапIэм яшащ нэкъыгъэм и 23 махуэм Бахъсэн къалэм и дейж щекIуэкIа террорым щебэн операцэ хэхам ипкъ иту. ИкIий абы щыгъуэм мы щIыпIэм щагъэувауэ щытат террорым щебэн щытыкIэ.

Мыбы щыгъуэм къару къулыкъухэм зы псэуалъэ унэ къаухъуреихьауэ щытащ. ИкIий хабзэхъумэхэм зэрыжаIэмкIэ абы къыдэкIуэу мы унэм щIэсхэр IэщэкIэ къхэуэн щIадзахэщ. ИкIий мыбы ипкъ иткIэ хабзэншэхэу хуагъэфащэхэу цIыхуиплI яукIащ.

Ахэм ящыщу  зыр «Эмират Кавказ» жыхуиIэ зэгухьэныгъэм хэтыуэ къалъытэ Берхьэм Астемырщ. Мы зэхэуэм ипкъ иткIэ хэкIуэдащ Урысейм и шынагъуэншагъэм елэжь IуэхущIапIэм щыщ зы цIыхуикI. НатIэ Руслан «Кавказ узел» информ къулыкъум щепсалъэм щыгъуэ дахэ дахэу къыхуэгъэлъэгъуакъымэ и къуэшыр зэраубыда зэманым и кIыхьагъымрэ ар щIаубыдам и щхьэусыгъуэмрэ.

КъБР-м щыIэ хабзэхъумэхэм я лIыкIуэ Магазалий Андреев зэрыжиIэмкIэ ар мы щIалэр зэраубыдамкIэ зэрымыарэзыр къыздыщагъэлъагъуэ тхыгъэ къаIэрыхьакъымэ. ИкIи  апхуэдэ тхыгъэ къаIэрыхьэмэ хуэфэщэн жэуап иратыжыну жеIэр абы. Езы НатIэ Аслъэн нэкъыгъэм и 23 махуэм хабзэншэхэу хуагъэфащэу хабзэхъумэхэм яукIахэр зыщIэса унэр иеуэ щытщ. НатIэхэ я унагъуэр а унэм мы зэхэуэхэр щIидзэным и пэ хабзэхъумэхэм къыщIагъэкIащ. Езыр абы щыгъуэм яубыдри хабзэхъумэхэм Iуашат. ИкIий мыхэр къыщыхигъэщащ а махуэм абы и къуэшым КъБР- щыIэ хабзэхъумэхэм, хуитыныгъэ хъумакIуэхэм, «Мемориал» хуитыныгъэ хъумакIуэ купсэ зыхуэгъазэныгъэ яхуригъэхьам. АдэкIэ мы Iуэхугъуэм теухуауэ и еплъыкIэр Хуитыныгъэ радиом къыжриIащ жылагъуэ IуэхущIакIуэ, «Стратегие» къэхутакIуэ купсэм и унафэщI Бещто Аслъэн:

«Мы Iуэхум тIууэ уеплъ хъуну къыщIэкIынущ. Япэрауэ адыгэ хабзэмкIэ, мы Кавказ Ищхъэрэм дэнэкIи щыубгъуа щыхъуамкIэ хьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ. ХьэщIэм сыт хуэдэ ныкъусэныгъэ къуэмылъми дэпIыгъын хуейуэ дэпшэчын хуейуэ щытщ. Ауэ иджыпсту щыIэ къэрал хабзэм ар щыIэн хуейуэ къелъытэр, икIи абы хабзэу къегъэувыр ныкъусэныгъэ зылэжьар дэзыIыгъми абы ишэчым хуэдэ тазыр дыдэ ихьынууэ.     

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал.