Урысей: къэралым и щIалэгъуалэ епщIанэри Ищхъэрэ Кавказым щыщщ

Тхьэмахуэ кIуам Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ  «Архъыз-21»  фIэщыгъэцIэр зиIэ Ищхъэрэ-Кавказ  цIыхубэ форумыр.   Къэралым и дэнэ щIыпIи  икIыу Романтик зыгъэпсэхупIэ жылагъуэм  зэхуэса эксперт-зэхэгъэкIакIуэхэр ирипсэлъащ Ищхъэрэ-Кавказым и гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым.


Урысей президентым и лIыкIуэ Меликов Сергей абдеж къыщыпсалъэм жиIащ, бэдаущ утыкум илъ зэгурымыIуэныгъэр лъэныкъуэкIэ къикI къарухэм къызэщIагъэсту.

УнафэщIхэм абыкIэ ягъэкъуаншэ зыми емыпхауэ лажьэ журналистхэр, пэжырытелъхьэхэр, бэдаущ Iуэхузехьэхэр.

Меликов и псалъэхэмкIэ,  Кърымыр Урысейм гуагъэхьэжа нэужь къызэрыIэта патриотизмыр  къэгъэсэбэпын хъуейщ.

ЩIалэгъуалэм щIэбэнын - нобэ  Ищхъэрэ Кавказым и хъыбар-идеологие къэухьым  къыщекIуэкIхэм а псалъэхэр хужиIащ Урысейм лъэпкъ политикэмкIэ и министру щыта,  иджы ЩIэныгъэхэм я Урысей Академием этнологиемрэ антропологиемрэкIэ и Институтым и унафэщIым и къуэдзэ  Зорин Владимир.

Урысейм деж щIалэгъуалэм и дэтхэнэ епщIанэри  Ищхъэрэ Кавказым щыщщ. Журналист Чаблин Антон зэритхымкIэ, абы ипкъ иту  гурыIуэгъуэ мэхъур идеологие хущIэкъуныгъэм и кIуэрабгъу нэхъыщхьэр а хэгъуэгум зэрыхуэунэтIар.  Лъэпкъ  зэщIэхъееныгъэхэм, оппозицэм, дин бэракъхэм щIэтхэм яхуэгъэза дэщтэныгъэр нэрылъагъущ,  етх журналистым.

Форумым къыщыпсэлъахэм къызэралъытэмкIэ,  абы и ущхьэгъури белджылыщ.  Нобэ дунейпсо геополитикэм къыщохъу зэщхьэщыкIыныгъэ кууухэр.

«Архъыз-21» форумым къыщыпсэлъахэм жаIащ,  «дунейпсо лъэкIыныгъэшхуэхэр зиIэ къэралым и мыхьэнэр Урысейм  щIэгъэпсынщIауэ зэригъуэтыжым ар епхауэ.  Абы къегъэщI КъухьэпIэми,  КъуэкIыпIэми щыIэ нэгъуэщI къэрал инхэм я мыарэзыныгъэр.

Абыхэм Урысей къэралым хуэгъэзауэ кърахьэжьэ экономикэ санкцэхэм къинэмыщIауэ, идеологие текъузэныгъэри, апхуэдэу къалъытэ а зэIущIэм хэтахэм».

Зориным игу къигъэкIыжащ апхуэдэхэм деж «Iуэху куэд къызэрыкъуахыжыр». Псалъэм папщIэ, апхуэдэ щапхъэу къихьащ Британ Иным деж Литвиненко Александр и Iуэхур аргуэру къызэраIэтыжар, Гаагэ хьэкумыр ЮКОС-ым и Iуэхум зэрыхэплъэжар.

Къэрал къулыкъущIэу щыта Зориным къызэрилъытэмкIэ, а щытыкIэхэм иту,  къэралыр  Ищхъэрэ-Кавказ хэгъуэгум деж идеологие-къыдэшэхыныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ щылэжьэн хуейщ.  Абы къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ бадзэуэгъуэм и 22-м Шынагъуэншагъэ Гупжьейм и зэIущIэм деж президентым щыжиIауэ щыта псалъэхэр.

Ахэр ятеухуат  къэралкIуэцI политикэм деж  лъэпкъ зэхущытыкIэхэр гъэбыдэныр нэхъыщхьэу зэрыщытым.  ЦIыхубэ бэдаущ утыкум и къулыкъухэри къэгъэсэбэпын хуейуэ.

Урысейм и фейдэ щыхэлъым деж Ищхъэрэ-Кавказым и щIалэгъуалэм дежкIэ зыкъегъазэ. Ауэ лъэпкъ щIалэгъуалэр хуейщ мамыру,  дахэу псэуну, жэуэ Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бэдаущ Iуэхузехьэ Мурзэкъан Абубэчыр.

«ЩIалэгъуалэр здэфIым,  здэхуабэм, я ныбэ из здагъуэтынуращ къыхахынур. Сыту жыпIэмэ, щIалэгъуалэр зэуэну, бэнэну хуейкъым.  Щыгъын дахэ, автомобиль дахэ, псэукIэ дахэ хуейщ.  ЛэжьапIэм дахэу кIуэуэ къэкIуэжу. И хъер къызэрикIыжын Iуэхугъуэ гуэр зэрихуэну хуейщ.  Апхуэдэ гупщысэ зиIэхэр къэралым йокI. ЗэрызэхэсхамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIащ нэрыбгэ 200.000 хуэдиз. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ялэжьын яIэкъым. Я къару узыншэр здрахьэлIэн яIэкъым».

ЩIэныгъэхэм я Урысей Академием  этнологиемрэ антропологиемрэкIэ и институтым къэралым деж иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ социологие къэхутэныгъэ.

Абы и мыхьэнэуэ щытащ урысей цIыхухэр зэлъыкъуэзыгъэувэ лъапIагъэ нэхъыщхьэхэр къэгъуэтыныр.  Процент 50-м щIигъум я дэщтэныгъэкIэ япэ гупым хыхьащ патриотизм,  социал зэхуагъэ,  зэхуэгъэдэныгъэ лъапIагъэхэм яхуэдэхэр.

Процент 40-м щIигъум зыдащта етIуанэ гупым хиубыдащ цIыху хуитыныгъэхэр, лъэпкъ гушхуэныгъэр,  дин гупщысэр,  шынагъуэншагъэмрэ демократиемрэ.  Процент 40-м нэхърэ нэхъ мащIэр ириарэзыуэ  ещанэ гупым хыхьащ социализмыр,  къэрал зэрыIыгъыныгъэр,  бэдаущ унафэр,  интернационализмымрэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ.

Зорин Владимир и фIэщу къызэрилъытэмкIэ,  лъэпкъ зэрыубыдыныгъэм и хэкIыпIэ нэхъыщхьэ хъуну щытщ псоми я зэхуэдэ щIэнхабзэм зегъэужьыныр.

Иужьрей къитхыкIыныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къэралым ис цIыхухэм я процент 99.4-м жаIащ урысыбзэ зэрацIыхур.

Абы ипкъ иту тэтэрхэм я процент 42-м, осетинхэм я процент 36-м, шэшэнхэм я процент 19-м урысыбзэр я анэдэлъхубзэу жаIащ.

А зэман дыдэми урысхэм я проценти 5-м жаIащ гъунэгъу лъэпкъхэм я бзэхэм зэращыгъуазэр, (псалъэм папщIэ, шэшэным деж апхуэдэхэр процент 20 мэхъу).

Хуитыныгъэ Радио