Нэртэн и щIыхэр Iэрыхьэжын щхьэкIэ къуажэдэсхэм хуитыныгъэ хъумакIуэхэм зыхуагъэзащ


Нэртэн къуажэм дэс жылагъуэ гупым зыхуагъэзащ Къэбэрдей-Бэлъкъэр хуитыныгъэ хъумакIуэ купсэм и тхьэмадэ Хьэтэжыкъуэ Валерэ, къыдэIэпыкъуну елъэIуу къуажэм и щIыхэр къыратыжыну. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Нэртэн къуажэр Налшык пэгъунэгъуу щысщ, Шэджэм куейм хеубыдэр, цIыху мин I3 дэсщ. Абы и мэкъумэш Iуэхухэм хухэха щIыгур Совет къэралыгъуэр къутэжа нэужь къэхутакIуэ IуэхущIапIэ "Нартан" жыхуаIэм иратыри, илъэс зыбжанэкIэ федерал купсэм ейуэ щытащ. 

20II гъэм а щIыхэр къуажэм иратыжыну унафэ щыIащ, ауэ иджыри къыздэсым а унафэр ягъэзэщIакъым. Абы лъандэрэ къуажэм пэкIу зыбжанэ щекIуэкIащ, ауэ иджыри къыздэсым къуажэм и мэкъумэш щIыхэр къуажэдэсхэм яIэрыхьэкъым. Тхыгъэ Хьэтэжыкъуэм хурагъэхьам къызэрыхэщымкIэ, щIыгур къуажэм иратыжым, абы ныкъусэныгъэ куэдыр къигъэувыIэфынущ, псалъэм папщIэ щIалэгъуалэм я радикализмыр. Жылагъуэ IуэхущIакIуэ, Нэртэн къуажэм и щIы Iуэхухэр зыхэгъэкIыным жыджэру елэжьа Медалий Адэм зэрыжиIэмкIэ, Мэзкуу и унафэ щыIэщ щIыр къыратыжын хуейуэ, ауэ республикэ кIуэцIым коррупцие къыщекIуэкIым къигъэувыIэу аращ мы Iуэхугъуэр:"Япэрауэ, Нэртэным и щIыуэ лъэпкъар Федерал Купсэм иIыгъщ. Ар илъэсиплI хъуауэ къуажэр мэлъауIэр къыратыжыну. Къыратыжкъым. Медведевыр президенту щыщытам щыгъуэ унафэ ищIау щытащ къыратыжыну. Унафэр къыдэкIау щытащ 20II гъэм. Абы лъандэрэ ягъэзащIэкъым, икIи къыдатыжкъым.

 "Хэт зэран хъур?" - жыпIэу щытым, ди республикэм и къулыкъущIэхэр аращ. Аращи, аткIэ-мыткIэхэм дотхэр, прокуратурэм дотх, зыхэгъэкIыныгъэ комитетым дотх, митингхэр дощI, ауэ Iуэхур хъейкъым. Къэрал хабзэкIэ псори къащтащ, ауэ ягъэзащIэкъым. ЩIамыгъэзащIэр зыщ - коррупцие жыхуаIэр аращ. Хэт и ягъэ жыпIэу щытым, къэралым и щIыхэм кIэлъыплъын хуейуэ къулыкъущIэ тырагъуващ, Ашинов жиIэу и унэцIэу. Абы Нэртэным и щIыхэр къищтэри илъэс 49-кIэ хьэхуу иритащ "ОПХ Нартан" жыхуаIэ IуэхущIапIэм и тхьэмадэм. Абы теухуауэ зыхэгъэкIыныгъэ комитетыми дытхащ, ауэ зыри елэжькъым дахэ-дахэу. Жэуапи къыдатыжкъым, криминал Iуэхуи яублэкъым, икIи Iуэхухэр ямыгъэбыдэпэу яIыгъщ. 

Иджыпсту зыхэгъэкIыныгъэ комитетым Iуэхуищ щIэлъщ дэ зэрызыхуэдгъэзахэмкIэ яIэтауэ. Зыр зытеухуар "ОПХ Нартаныр" щхьэусыгъуэншэу банкрот зэращIар аращ, етIуанэр Ашиовым и унафэхэр зэрищIа щIыкIэм теухуащ, ещанэр - щIы яща гуэрхэр хэтщ Нэртэн и щIыхэм. Хьукумэтым щыщIэдзауэ хэт дэнэ хуейми ди щIыр яхь". "Нартан" жыхуаIэу щыта колхозым и щIыхэр гектар 5474 хъууэ I987 гъэм къэхутакIуэ IуэхущIапIэ "Нартаным" иратау щытащ - жеIэри къыхощ тхыгъэм. - Иджыпсту а IуэхущIапIэр банкроту къалъытащ, икIи ар банкрот зэращIа щIыкIэм теухуауэ зыхэгъэкIыныгъэхэр егъэкIуэкIын хуейщ". Урысейм и мылъкур зыблэзыгъэкI къулыкъум и Къэбэрдей-Бэлъкъэр къудамэм тхьэусыхау щытащ къуажэдэсхэр, ауэ абыхэми зыри ящIакъым цIыхубэм я хьэлэмэтхэр яхъумэн щхьэкIэ. 

Тхьэусыхэ тхылъхэр ирагъэхьащ Урысей президентым дежи, республикэ унафэщIхэм дежи, Президентым и лIыкIуэу Ищхъэрэ Кавказым щыIэм дежи, Прокуратурэми, ЗыхэгъэкIыныгъэ комитетыми. Ауэ иджыри къыздэсым Президентым и унафэри, щIыхэр къуажэм етыжын хуейуэ къэзыгъув Федерал хабзэ I3I-ри ямыгъэзэщIауэ къонэр. Къуажэм и щIы гумэщIэгъуэм елэжьыну цIыхубэ комиссие ящIау щытащ, икIи абы и щIэплъыкIыныгъэхэм къагъэлъэгъуащ 20I0 гъэм къыщыщIэдзауэ Нэртэн къуажэм и щIыхэм щыщу гектар I000-м щIигъур хабзэншагъэкIэ къагъэсэрэпу. Зы щIы Iыхьэ гуэрхэр хуитыныгъэ ямыIэу ящауэ къыщIэщащ, икIи къуажэдэсхэр лъэIуащ абы теухуауэ зыхэгъэкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну. 

Къуажэдэсхэм я тхыгъэм къыхощ хабзэншагъэу щIы Iуэхум пылъу къагъуэтауэ зыбжанэ, икIи ятх: "Иджыпсту Iуэхухэр зэрыщытым уеплъу щытым, къулыкъухэмрэ абыхэм я унафэщIхэмрэ псоми мы Iуэхум хэмыIэбэм нэхъ къащтащ. Абыхэм щыщщ Арбитраж хьэкумыр, Арбитраж Iуэхухэр зезыхьэхэр, Урысей къэрал мылъкухэм я Iуэху зезыхуэ къулыкъур, Къэрал мылъкухэм я министерствэр, Къэбэрдей-Бэлъкъэр республикэм и унафэщIым и администрациер, республикэм и прокуратурэр, зыхэгъэкIыныгъэ комитетыр, езы Нэртэн къуажэм и администрациер". 

Тхыгъэм Iэ щIэзыдзахэм къызэралъытэмкIэ, а къулыкъухэм е лэжьыгъэр ягъэкIуатэкъым, е Iэмал зэриIэкIэ зэман ялъэф. "Мыпхуэдэ Iуэху щIэкIэм къелъху къулыкъум къарит къэрум и гъунапкъэхэм къикIыурэ къулыкъущIэхэм коррупцие IэмалкIэ я къулыкъур къызэрагъэсэрэп Iуэхугъуэхэр, цIыхубэр Iэмалыншагъэм хуешэр, икIи мыарэзыныгъэ щIалэгъуалэм деж къыщегъэхъу. А мыарэзыныгъэр иныIуэ хъуа нэужь абы къикIыр псоми фIыдыдэу дощIэр" - жаIэри ятх къуажэдэсхэм. Тхыгъэм Iэ щIэзыдзахэм къызэралъытэмкIэ, хуитыныгъэ хъумакIуэхэр хэмыIэбауэ мы Iуэхур зыхэкIынукъым.

Къэбэрдей-Бэлъкъэр, Хуитыныгъэ радио Бэрокъуэ Артур