Илъэс 20 хъуащ Шэшэн зауэр зэрыщIидзэрэ


Илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ,  1994 гъэм дыгъэгъазэм 11-м,  урысей президент Ельцин Борис Iэпэ щIидзауэ щытащ «Шэшэн республикэм и щIыналъэм хабзэ зэхэтыкIэмрэ бэдаущ Iуэхухэмрэ къызэгъэпэщыным теухуа» унафэм.

А махуэ дыдэм урысеидзэхэр сатыру Шэшэным ихьащ.  КъызэралъытэмкIэ, ар япэ шэшэн зауэм и пэщIэдзэ хъуащ.  Ауэ ипэжыпIэкIэ абы зэреджэр  республикэм деж «конституцэ зэхэтыкIэр зэфIэгъэувэжынт». 

А зэманым ехъулIэу Шэшэным деж зэхэтыкIэр хуабжьу ткIий хъуат:  1993 гъэм  и дыгъэгъазэм къызэрагъэпэща,  пIалъэкIэ лажьэ Шэшэн республикэ Гупжьейм и Iэтащхьэу ягъэуват урысейщIэплъ  Автурханов Умар.
Хэгъуэгум и щIыналъэм пIалъэ-пIалъэкIэ щызэпэщIэувэт абы и лъэныгъуэхэмрэ республикэр щхьэхуэ хъуну хуей Ичкерием и япэ президент Дудаев Джохар дэзыщтэхэмрэ.

1994 гъэм и гъэмахуэм Автурханов Умар  къыдэIэпыкъуну лъаIуэу Ельцин Борис зыхуигъэзащ. Абы кIэлъыкIуэу шэшэн гъунапкъэхэм ирашалIащ урысеидзэхэр. 

Дыгъэгъазэм и 11-м,  урысеидзэхэр шэшэн администрацэ  гъунапкъэм щызэпрыкIа махуэм,  Ельцин Борис урысей цIыхухэм захуигъэзащ.  Зэрихьэ Iуэхухэм я мыхьэнэр абы мыпхуэдэу гурыIуэгъуэ ищIащ:

«Урысей Федерацэм и субъектхэм ящыщ Шэшэн республикэм и Iуэхугъуэхэр зэрызэфIахыну политикэ Iэмалхэр къагъуэтын папщIэ, абы и цIыхухэр IэщэкIэ узэда экстремизмым щыхъумэн» жэуэ.

Илъэсрэ мазийрэкIэ екIуэкIа зауэм  цIыху мамыр  50.000-м нэсрэ урысей дзэ къулыкъущIэ 6.000-м нэблагъэрэ я гъащIэхэр ихьащ.  Ауэ нобэр къыздэсым абы ехьэлIа бжыгъэ белджылыхэр щыIэкъым.

Япэ шэшэн зауэр иухащ  1996 гъэм шыщхьэIум и 31-м.  Апщыгъуэм Хасавюрт деж Iэпэ щIадзащ мамыр зэгурыIуэныгъэм. Абы ипкъ иту илъэситхукIэ зэрагъэтIылъэкIт республикэ статусым теухуа Iуэхур зэхэгъэкIыныр. 

Ауэ мамырыгъэр Шэшэным куэдрэ щызэфIэтакъым:  хэгъуэгум щытыкIэр зэтесу зэрыщымытым  щыхьэт хуэхъут 1999 гъэм Мэзкуу псэупIэ унэхэр къызэрыщагъэуам «кавказ лъэужь» къызэрагъуэтар.

Абы кIэлъыкIуэу урысей унафэщIхэм жаIэу щIадзащ  зыри зэмыувэлIа Ичкерием и къыкIэлъыкIуэ президенту хаха Масхадов Аслъэн хъунщIакIуэ-зэрыпхъуакIуэ гупхэм япэмылъэщ хуэдэу.  

1999 гъэм  фокIадэм и 30-м щIидзащ етIуанэ шэшэн зауэр, ауэ абыи «зауэ» фIащакъым зэ папщIэ, атIэ фIэщыгъэцIэу иратащ «Ищхъэрэ Кавказым щекIуэкI террор пэкъуащIэ Iуэху»  жэуэ.

А  зауэ режимыр ипэжыпIэкIэ щыIуахыжар 2009 илъэсым и мэлыжьыхьращ. 
Шэшэным и къэрал гупжьейм къызэритымкIэ,  1991 гъэм щегъэжьауэ,  2005 гъэ  нэгъунэ  Шэшэным щаукIащ цIыху  160.000-рэ,  ауэ аргуэру нобэр къыздэсым белджылыкъым шэшэн зауитIми яхэкIуэда цIыху бжыгъэр. 

2003 гъэм Шэшэным деж къэрал унафэр Кадыров Ахъмэт, итIанэ абы и къуэ Рамзан IэщIыхьа нэужь Шэшэным щыIэ щытыкIэр зыгуэркIэ зэпIэзэрыт хъужащ.  Ауэ итIани Шэшэныр къалъытэ Ищхъэрэ Кавказым и зэщыхъуэныгъэхэм я къежьапIэу.  

Пэжырытелъхьэхэм куэдрэ  къатащ Шэшэным деж цIыхухэм я хуитыныгъэхэр зэракъутэм, ахэр зэрадыгъумрэ зэраукIымрэ ятеухуауэ. 
«Левадэ» зэхэгъэкIыпIэ купсэм и унафэщI Гудков Лев къызэрыхигъэщымкIэ, иджыпсту Шэшэныр ирагъапщэ «торфыр щIы щIагъым здэс» хэгъуэгум.

ЛъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, республикэр зэпIэзэрыту къыпщохъу, ауэ ипэжыпIэкIэ абы бэнэныгъэ лъэщ щокIуэкI.  А бэнэныгъэм теухуа хъыбар белджылыхэр иджыпсту щыIэкъым,  псалъэм папщIэ, 2014 гъэм дыгъэгъазэм и 4-м  Грозный къыщыхъуар нэгъэсауэ белджылыкъым икIи гурыIуэгъуэкъым.

Кадыров Рамзан зэрыжиIэмкIэ,  Грозный и курыкупсэм деж зэхэуэхэр зыубла зауэлIхэм япэщIэту полицэ Iуэху ирагъэкIуэкIауэ аращ.
Официал бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, полицэу 14 хэкIуэдащ, 28-рэ уIэгъэ хъуащ. Къару къулыкъухэм япэщIэува цIыху 11 хэкIуэдащ.
Гудков зэрыжиIэмкIэ,  Шэшэн зауитIми хуабжьу зэрахъуэкIащ Урысейм  и политикэ щытыкIэр, къэрал унафэр авторитар режимым хуэкIуащ.

  Хуитыныгъэ Радио